Гуауэм лъэужь иIэщ

Адыгэм ди Щыгъуэ­щIэж махуэм псэкIэ зэ­пещIэ дуней псом щи­къухьа лъэпкъыр. Тхыдэм зыхудогъэзэж, ди щхьэ кърикIуам догупсысыж, ИстамбылакIуэм и гуауэр зыхыдощIэ.
Урыс-Кавказ зауэр зэ­риухрэ мы гъэм илъэси 157-рэ мэхъу. Дунейм къы­хыхьа уз зэрыцIалэр щхьэусыгъуэу, мы гъэм а махуэм теухуауэ ялэжь ­хабзэ Iуэхухэр псори къызэгъэпэща хъуакъым. Шу­хэр Налшык и уэрам нэхъыщхьэм кърикIуакъым, зауэжьым теухуа фильм­хэр ягъэлъэгъуакъым, сурэт гъэлъэгъуэныгъэ­хэри щыIакъым. Ауэ, махуэр гулъытэншэуи къэнакъым. Налшык паркым ит Псэ жыгым деж ще­кIуэ­кIащ щыгъуэ пэкIур. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къу­махуэ Мухьэдин, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» ­газетым и ре­дактор нэ­хъыщ­хьэ, ЩIДАА-м и ви­це-президент Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд, ЩIДАА-м и вице-президент - щIэныгъэ секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий, ­КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, ­КъБР-м граждан жыла­гъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэ­жьэнымрэ лъэпкъ Iуэ­ху­хэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, нэгъуэщI къу­лыкъущIэхэр, жылагъуэ лэ­жьа­кIуэхэр, щIалэгъуа­лэр, журналистхэр.
- Нобэ дыщIэщыгъуэм хуэдэ махуэ гуауэ лъэп­къым зэи къытхуимы­хуэжыну Тхьэм жиIэ. До­лъагъу адыгэ фащэр зы­щыгъ сабий дахэхэр - дигу дмыгъэкIуэдынымкIэ ахэр щапхъэ мэхъу. Адыгэм и шыфэлIыфэр дэзыгъэлъагъу цIыкIухэр дэ ди пщэдейщ, лъэпкъым и къэкIуэнур ахэращ. Зауэ­жьым зи псэ щызытахэм дахуэщыгъуэу, нобэ Псэ жыгым удз гъэгъахэр тедывгъалъхьэ,- жиIащ Къу­махуэ Мухьэдин.
Удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьа нэужь, Дзасэжь Хьэзрэталий дыуэ яригъэщIри, мы пэкIум хэтахэри, дэнэ щIыпIэ щыIэ адыгэхэри сыхьэт 12-м дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэм хэкIуэдахэм.
Щыгъуэ-щIэж махуэм Псэ жыгым деж щагуэшащ мы махуэм и нэщэнэ лентI удзыфэхэр. Илъэс къэси хуэдэу, «Нарт Хэку» жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт щIалэгъуалэр, адыгэ фащэкIэ хуэпауэ, щыгъуэ пэкIум хэтащ. ЩIалэгъуа­лэм я гум блэкIам и гуауэр зэрилъым гугъэ уегъэщI я тхыдэмрэ хабзэмрэ ящIэу дунейм тетыну, заужьыну, заузэщIыну.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.