КIуэкIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм и ветеран Евтушенкэ Николай ехъуэхъуащ абы и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъуамкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек накъыгъэм и 11-м щыIащ а махуэм зи ныбжьыр илъэси 100 ирикъуа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и агроном, Хэку зауэшхуэм хэта Евтушенкэ ­Николай и деж.
«Си гум къыбгъэдэкIыу сынохъуэхъу ­уи нобэрей махуэшхуэмкIэ, фIыщIэшхуэ ­пхузощI Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мамырыгъэр щыхъумэнымрэ абы и экономикэм зегъэужьынымрэ хуэпщIа хэлъхьэныгъэшхуэм папщIэ. Си щхьэр ­лъахъшэу пхузогъэщхъ», - щIыхь зыхуащI ветераным апхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуигъэзащ КIуэкIуэ Казбек.
Евтушенкэ Николай республикэм и УнафэщIми щIыналъэм щыпсэухэми ­ехъуэхъуащ мамыру, фIыгъуэ щымыщIэу, насыпыфIэу псэуну.
Николай Никитэ и къуэм щIэупщIэну, и юбилеймкIэ абы ехъуэхъуну апхуэдэу ­хуеблэгъат КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэнрэ Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймуразрэ.
Ветераным иIэ фIыщIэхэр, мэкъумэш IэнатIэм къыщихьа ехъулIэныгъэхэр ягу къагъэкIыжащ хьэщIэхэм.
Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь Евтушенкэ Николай фронтым кIуащ. Ар ящыщщ Ленинград къалэр къэухъуреихьыныгъэм къизышахэм, Днепр псым зэпрысыкIахэм, Прагэ хуит къэзыщIыжахэм, хэтащ Курск деж щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм, Висло-Одер, Берлин операцэхэм. Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм пап­щIэ абы къыхуагъэфэщащ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, ЩIыхь орденым и ещанэ нагъыщэр, «И хахуагъэм ­папщIэ», «Зауэм къыщихьа фIыщIэхэм папщIэ», «Ленинград зэрахъумам пап­щIэ», «Прагэ хуит къызэращIыжам пап­щIэ», «Германием дызэрытекIуам пап­щIэ» медалхэр.
Евтушенкэ Николай илъэс куэдкIэ щылэжьащ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм, мэкъумэш щIэныгъэхэм я докторщ, тхыгъэ куэд и къалэмыпэм къы­щIэкIащ, цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным къарууэ ирихьэлIари мащIэкъым. Зауэ нэужь илъэсхэм ар лэжьащ КъБАССР-м и Май щIыналъэм бжьэхуц гъэкIынымкIэ и агроном нэхъыщхьэу, Май машинэ-трактор станцым, Май районым щызэхэт «Красная нива» колхозым я унафэщIу. 1974 - 1987 гъэхэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIым и къуэдзэ къулыкъум пэрытащ. ИужькIэ нартыху гъэкIыным пыщIа Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институту Налшык дэтым и унафэщIу, чэнджэщэгъу нэхъыщхьэу щытащ.
Николай Никитэ и къуэм и ныбжьэгъу, и Iыхьлы куэд, и лэжьэгъуу щытахэр къехъуэ­хъуащ илъэсищэ зэрырикъуамкIэ. Абы и гъащIэм лъэхъэнэ псо къызэщIеубыдэ икIи нобэми дунейм щыгуфIыкIыу, ар фIэIэфIу мэпсэу.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.