КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ ЩIыхьым и МафIэ мыужьыхым деж

ТекIуэныгъэ Иным и махуэр щагъэлъапIэ накъыгъэм и 9-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ «Фэеплъым и МафIэ мыужьых» мемориалым деж, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэр зэращымыгъупщам и щыхьэту. Хабзэ зэрыхъуам тету, фэеплъ дауэдапщэр щIадзащ зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ щыму яхуэщыгъуэу.
Зауэ губгъуэхэм къимыкIыжахэм я фэеплъыр ягъэлъэпIэну къекIуэлIат Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, тылым щылэжьахэр, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ советым, Налшык къалэ округым и ветеранхэм я советым хэтхэр.
КIуэкIуэ Казбек гуапэу епсэлъылIащ Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу гуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIахэм, узыншэу илъэс куэдкIэ псэуну ехъуэхъуащ, Урысейм и тхыдэм щынэхъ гуащIэ дыдэхэм ящыщ зауэм зэрыщыте-кIуам папщIэ фIыщIэ яхуищIащ. Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм республикэм и Iэтащхьэм къыжраIащ зауэм и тхыдэм теухуа пэжыр зэрамыхьэкIыу яхъумэным, дунейр фашизмэм щызыхъума цIыхубэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм и щапхъэхэр мыгъэкIуэдыжыным мыхьэнэшхуэ зэраIэр.
Фэеплъым деж удз гъэгъахэр щызыгъэтIылъахэм яхэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и инспектор нэхъыщхьэ Мэ­къуауэ Тимур, хабзэхъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр, акцэхэр, концертхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, щIыналъэ псоми щызэхэтащ. Сыхьэт 15-м щIидзэри, онлайн жыпхъэм тету «Полк уахътыншэ» акцэр ирагъэкIуэкIащ. ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр гъэлъэпIэныр иухащ уафэгум хьэрэкIытIэ зэмыфэгъухэр ираутIыпщхьэкIэрэ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.