КъБР-м и Iэтащхьэр мэкъумэшыщIэхэм епсэлъылIащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм щригъэкIуэкIащ республикэм и мэкъумэ­шы­щIэхэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэ­рырагъэкIуэкIым теухуа зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, мэкъу­мэш IэнатIэм епха къэрал къулыкъущIапIэхэм я къудамэу щIыналъэм щыIэхэм, республикэм и мэкъумэш IуэхущIапIэхэм, мэкъумэшыщIэ-фермер хозяйствэхэм я унафэщIхэр.
КIуэкIуэ Казбек республикэм и мэкъу­мэшыщIэхэм лэжьыгъэфI зэрырагъэ­кIуэ­кIыр жиIащ икIи къыхигъэщащ абыхэм ехъулIэныгъэфIхэр зэраIэм къэралми гу зэрыщылъатар. Абы къыхигъэщхьэхукIащ я лэжьыгъэм адэкIи ехъулIэныгъэфIхэр щы­зыIэрагъэхьэным я зэфIэкIыр хуау­нэ­тIын зэрыхуейр.
Сыжажэ Хьэсэн зэIущIэм хэтхэр щы­гъуазэ ищIащ мы зэманым республикэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрыщекIуэкI щIыкIэм. ЗэкIэ къызэратамкIэ, 2021 гъэм гектар мин 281,8-м къэкIыгъэхэр тращIэнущ, ар 2020 гъэм яIам хуэдиз мэхъу. Гъат­хасэр гектар мини 115-м щрагъэкIуэкI, ар зэфIагъэкIын хуейм и процент 54-рэ мэхъу. Илъэс куэдкIэ къызыпыкIэ пхъэ­щхьэ­мыщхьэ жыгхэр щыхасащ гектар ­510-м, псори зэхэту абыхэм гектар мин 1,5-рэ яубыд. Мы зэманым а лэжьыгъэхэм пащэ.
ЗэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ псыщIэгъэлъадэм. Программэ хэхахэм зэ­рыхэтым и фIыгъэкIэ, псы зыщIагъэхьэ щIыхэм иужьрей илъэситIым къыхагъэ­хъуащ гектар мин 16,5-рэ, абы трагъэ­кIуэдэн папщIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэу къаIэрыхьащ сом мелардым нэблагъэ. Дызэрыт илъэсым псы зыщIагъэхьэхэм хагъэхьэну я мурадщ гектар мини 8,6-рэ, абы сом мелуан 615-рэ хухахынущ.
Республикэр ящыщщ къэралым и щIыналъэхэу уэр нэхъ зыхуэлъэхэм. Республикэм щыIэщ уэм щыпэщIэт пункт 32-рэ, иджыри зы щагъэувынущ Кыщпэк къуа­жэм. Дызэрыт илъэсым и бюджетым щыщу сом мелуан 25-рэ хухахащ къэкIыгъэхэр уэм щыхъумэным. Апхуэдэу щытми, дуней щытыкIэми къызэригъэлъагъуэщи, а Iуэхум ахъшэ нэхъыбэ токIуадэ икIи абыи щытепсэлъыхьащ зэIущIэм. А Iуэхур зэпкъраха нэужь, КIуэкIуэ Казбек зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ уэм пэщIэтыным хуэгъэза лэжьыгъэм трагъэ­кIуэдэну мэкъумэшыщIэхэм хухах ахъшэм хущIагъунымкIэ Iэмалхэр къалъыхъуэну.
Министрым жиIащ мэкъумэшыщIэхэм ирагъэкIуэкI гъатхэ агротехникэ лэжьыгъэхэм трагъэкIуадэ ахъшэм щыщ хуап­шы­ныжыну, гектар къэс тращIа къэкIыгъэхэм елъытауэ. А мурадым хухахащ ­бюджет мылъкум щыщ сом мелуан 280-рэ икIи ахъшэр зыхухахахэм ирату щIадзэнущ накъыгъэм щегъэжьауэ. Илъэс куэдкIэ фейдэ къэзыт къэкIыгъэхэр хэсэным, абыхэм якIэлъыплъыным трагъэкIуэдэну субсидиехэр сом мелуан 608,6-рэ хъунущ.
ЗэIущIэр зытеухуа Iуэхухэр зэпкърахыу абы къыщыпсэлъащ щIыналъэхэм я щIы­пIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр: ­Бахъсэным - Балъкъыз Артур, Майм - Са­енкэ Татьянэ, Шэрэджым - Муртазов Борис; Урысей мэкъумэшхозяйственнэ цент­ру КъБР-м щыIэм и унафэщI Куржы ­Хьэ­сэнбий, «Къэббалъкъмелиоводхоз» уп­рав­ленэм и унафэщIым и къалэнхэр пIа­лъэкIэ зыгъэзащIэ Джанкезов Джамал, республикэзэхуаку кIэнауэхэр къэгъэ­сэбэпынымкIэ управленэм и унафэщI ­Уэртэн Аслъэн.
МэкъумэшыщIэхэр республикэм и Iэтащ­хьэм епсэлъылIащ зи чэзу Iуэху нэхъыщ­хьэхэм ятеухуауэ. Абыхэм ящыщт щIыр фейдэ нэхъыбэ къиту къэгъэсэбэпыныр, мэкъумэш IуэхущIапIэхэр къэрал къу­лыкъу­щIапIэхэм быдэу япыщIауэ ядэлэ­жьэныр, щIыгъэпшэрхэм я уасэхэр къегъэхыныр, мэкъумэшхэкIхэр къэзылэжь­хэм щIыхуэ зэрырат щIыкIэхэм хэплъэ­жыныр, щIыналъэ министерствэм епхауэ лэжьэну хъыбарегъащIэ-методикэ центр къызэгъэпэщыныр.
Зэхуэсым кърикIуахэр щызэхалъхьэ­-жым республикэм и Iэтащхьэм зыхуэ­фащэ IэнатIэхэм пщэрылъхэр ящищIащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр щаухын хуей пIалъэхэм, зэфIагъэкIын хуейуэ къагъэ­лъэгъуахэр гъэзэщIэным, уней хозяйст­вэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа щIы­налъэ программэ зэхэлъхьэным, рес­публикэм и мэкъумэшпромышленнэ ­комп­лек­сым хухаха мылъкум иджыри къа­ху­щIыгъунымкIэ УФ-м Мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министерствэм зыхуэгъэ­зэным теухуауэ.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр щызэхуищIыжым жиIащ: «Нобэ къэ­ралыр щIэгъэкъуэнышхуэ яхуохъу мэкъу­мэшхэкIхэр къэзылэжьхэм икIи ар тэ­мэмщ. А дэIэпыкъуныгъэм хэгъэхъуэн ­хуейщ унэтIыныгъэ псомкIи. Ауэ щIым фейдэ къыпхуегъэтынукъым, абы губзыгъэу уемылэжьмэ. Бэджэндырылажьэ­-хэм чэнджэщ ятын хуейщ, иджырей тех­нологиехэр хапщэнымкIэ защIэгъэкъуапхъэщ икIи фIагъ лъагэ зиIэ продукцэ ­къатынуи яхуэгъэувыпхъэщ. Агропро­мышленнэ комплексым адэкIи зиужьын папщIэ щIым фейдэ нэхъыбэ къиту къэгъэсэбэпыным хуеджапхъэщ».

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.