КъБР-м хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и ЗэзыгъэуIу зэхуэсымрэ Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ екIуэкIащ

КъБР-м и Правитель­ст­вэм и Унэм КIуэкIуэ К. В. дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ КъБР-м хабзэр къызэгъэ­пэщынымкIэ зэпымыууэ лажьэ и ЗэзыгъэуIу зэхуэ­сымрэ Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ я зэIущIэ. Абы къыщаIэта Iуэху нэхъыщхьэр ди щIыналъэм и гъуэгухэм къыщыхъу щIэщхъухэр гъэмэщIэным хуэунэтIауэ властымрэ управленэмрэ я къэрал органхэм, федеральнэ IэнатIэхэм я щIыналъэ IуэхущIапIэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр егъэфIэ­кIуэ­нырщ.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къыхигъэщхьэхукIащ республикэм и гъуэгу­хэм щIэщхъу куэд къы­зэрыщыхъур. КIуэкIуэ Казбек абы и щыхьэту къихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм иужьрей зэманым къыщыхъуа гузэвэ­гъуэхэр. Къапщтэмэ, накъыгъэ мазэм Ислъэмей къуа­жэм КамАЗ хьэлъэзешэмрэ ГАЗель автобус цIыкIумрэ щызэжьэхэуэри, цIыхуитI иукIащ, цIыху пщыкIузым фэбжь зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэтащ. ЩэкIуэгъуэм и 5-м Бахъсэн къалэм къы­пэзыкIухь гъуэгум зэуэ автомашинищ щызэжьэ­хэуэри, цIыхубзитI хэкIуэдащ. Тхьэмахуищ дэкIауэ «Прохладнэ -­ Азау» федеральнэ автомобиль гъуэгум аргуэру Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и цIыхуу хы щыхэкIуэдащ.
КIуэкIуэ Казбек къигъэ­лъэгъуащ республикэм и ­район щхьэхуэхэм щыIэ гъуэгу­хэм я инфраструктурэр зэрызэкIэлъы­мы­кIуэр, автомобиль гъуэгу­хэр, абыхэм «Кавказ» федераль­нэ гъуэгум и Iыхьэ щхьэ­хуэхэри хиубыдэу, зэ­ры­зэ­выр, жылагъуэхэм хиубыдэ гъуэгухэм жэщым уэздыгъэхэр зэры­щымыблэр, къалэ транспортымрэ мар­ш­рутхэм тет таксихэмрэ хъыжьэIуэу зэрыщIахуэм иритхьэусыхэхэр куэд зэры­хъур.
«Мыпхуэдэ щытыкIэр къы­зэднэкIын папщIэ мыхъу­мыщIагъэхэм я щхьэусы­гъуэхэр куууэ зэпкърытхыу зыхуэфащэ Iуэхухэр дымыу­бзыхуу хъунукъым. Ауэ абыхэм къарикIуэн щыIэкъым, цIыхухэм зэхэщIыкI нэс яхэмылъмэ, законым къигъэувхэр ямыгъэзащIэмэ. Абы къыхэкIыу гъуэгум транспорткIэ щызекIуэ дэтхэнэ зыми куууэ къыгурыгъэIуапхъэщ ягъэува хабзэхэр зымыгъэзащIэхэм фIэкIыпIэ имыIэу тезыр зэрахьынур», - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек.
Гъуэгухэмрэ транспортым­рэ япыщIа IэнатIэхэм, Iуэхур зэгъэщIылIа адрей IуэхущIапIэхэм пщэрылъ щащIащ гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэр зэрагъэзащIэм зэ­ры­кIэлъыплъыр ягъэткIиину, къэхъукъащIэхэм я щхьэу­сыгъуэхэр нэхъ куууэ зэхагъэкIыну икIи щIэщхъухэр къэмыгъэхъунымкIэ зыхуэфащэ Iуэхухэр зэфIагъэкIыну. Абыхэм япкъ иткIэ автотранспорт IуэхущIапIэу, организацэу цIыхухэр къе­шэкIыным пыщIахэр, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэмрэ абыхэм хиубыдэ щIыпIэхэмрэ зе­зыхьэ IэнатIэхэр дяпэкIэ нэхъ нэгъэсауэ къапщытэнущ.
Зытепсэлъыхьа Iуэхухэм ятеухуа доклад нэхъы­щ­хьэхэр ящIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ В. Хь., КъБР-м щыIэ МВД-м ГИБДД-мкIэ и Управленэм и унафэщI Бэджыдэ Ю. М., КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и Секретарым и ­къуэдзэ Догучаев А. Ю., «Кавказ» автомобиль гъуэгум и управленэ» федеральнэ кIэзонэ IуэхущIапIэм и ­къудамэу Налшык къалэм щыIэм и унафэщIым и ­къуэдзэ Сэхъу Къ. А., Бахъ­сэн муниципальнэ рай-оным и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз А. Хь. сымэ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.