Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэхуэс

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мэлыжьыхьым и 27-м Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэмрэ Оперативнэ штабымрэ я зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ КъБР-м и Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, республикэм и хабзэ­хъумэ, къарузехьэ IэнатIэхэм я унафэщI­хэр, муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЯпэщIыкIэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ транспортымрэ транспорт инфраструктурэмрэ террорым ехьэлIа шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным теухуа Iуэхум. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн зэрыжиIамкIэ, республикэм и транспорт ­инфраструктурэм хохьэ «Налшык» ­кхъухьлъатэ телъэтыкIыпIэр, Урысейм и гъущI гъуэгухэм я къудамэр, автовокзалхэмрэ автостанцхэмрэ. Илъэс кIуам и жэпуэгъуэм къащта мардэщIэхэм тету, транспорт объектхэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэгъэза лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. Мы зэманым ирихьэлIэу ягъэувауэ мэлажьэ видеокIэ­лъыплъыныгъэ зэрырагъэкIуэкI камерэу 713-рэ, хабзэхъумэхэм абыхэм ятхахэр ­къагъэсэбэп хабзэр къызэпызыудахэр наIуэ къащIын хуей щыхъукIэ. Къапщтэмэ, мы гъэм и япэ мазищым «Республикэ шынагъуэншэ» системэм и фIыгъэкIэ хабзэншагъэ 53-рэ зэхагъэкIащ.
А Iуэхум теухуауэ апхуэдэу къэпсэлъащ «Ространснадзор»-м и щIыналъэзэхуаку управленэу КИФЩI-м щыIэм и унафэщI Баратов Альмурза, «Аэрокомплекс» ООО-м и унафэщI Беланов Виталий, «Налшыкмежтранс» МУП-м и унафэщI Кандоров Олег.
КIуэкIуэ Казбек пщэрылъ ящищIащ транспорт объектхэм террорым ехьэлIа шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщы­ным и гъуэгу картэр щагъэзэщIэну пIалъэхэр яубзыхуну.
Апхуэдэ къалэнхэр КъБР-м и Iэтащхьэм яхуищIащ гъэсыныпхъэ-энергетикэ, сату IэнатIэхэм хыхьэ IуэхущIапIэхэри, цIыху зэхуэсыпIэхэри террорым щыхъумэным теухуауэ. Зэпкърах Iуэху­хэм ятеухуауэ къэпсэлъащ Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Мэш Мурат, «Рус-Гидро»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэ» ПАО-м и унафэщI Кладько Игорь, КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамил, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр ­зыгъэзащIэ КIурашын Анзор.
Iэхъуэбэч Щамил зэрыжиIамкIэ, сату IуэхущIапIэ 47-м яIэщ шынагъуэншагъэм и паспортхэр, адрейхэм ейхэри зэман ­гъунэгъум зэфIыхьэнущ. Сату IуэхущIапIэхэм я шынагъуэншагъэм и гугъу щищIым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хабзэхъумэхэм къагъэсэбэпын зэры­хуейр террорым зэрыпэщIэт Iэмалхэр уэим зыщI сату IуэхущIапIэхэр жэуапым ешэлIэным теухуауэ УФ-м и КоАП-м щыубзыхуа статьяр.
ЗэIущIэм гулъытэ нэхъыбэ зыщыхуа­щIахэм ящыщщ Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ, 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къэралым къыщихьа Те­кIуэныгъэ иныр илъэс 76-рэ щрикъу махуэшхуэхэм ирагъэкIуэкIыну дауэдапщэхэм жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ хабзэмрэ къыщызэгъэпэщыным теухуа Iуэхур. Абы и лъэныкъуэкIэ зэфIагъэкI­хэм я гугъу ящIу къэпсэлъащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василийрэ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдинрэ.
ЩэнхабзэмкIэ министрым къыхигъэщащ цIыху куэд зыхэт дауэдапщэ псори «Роспотребнадзор»-м и IуэхущIапIэу ­КъБР-м щыIэм къигъэува санитар-эпидемиологие мардэхэм тету зэрырагъэ­кIуэ­кIынур, абыхэм я нэхъыбапIэри онлайн жыпхъэм тету зэрыщытынур. Павлов Василий и гугъу ищIащ зэхуэсхэр щрагъэкIуэкIкIэ шынагъуэншагъэр къы­зэгъэ­пэщыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкI­хэм.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм зыщытепсэ­лъыхьахэм ятеухуа пщэрылъ щхьэхуэхэр яхуищIащ абыхэмкIэ жэуап зыхь органхэм икIи къызэхуэсахэм ягу къигъэкIыжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу­хэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун папщIэ властым и гъэзэщIакIуэ, муниципальнэ органхэр хабзэхъумэхэм быдэу япыщIауэ ядэлэжьэн зэрыхуейр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист

15.05.2024 - 09:31

Аращ зыщIэзэуар ди нэхъыжьхэр

Бахъсэн щIыналъэм хиу­быдэ къуажэхэм фэеплъ пэ­кIухэр, зэIущIэхэр, зэ­хуэсхэр щрагъэкIуэкIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

15.05.2024 - 09:29

Къэхъундэсхэр Хэкум и къыщхьэщыжакIуэщ

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур дэнэкIи Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

15.05.2024 - 09:27

Ветеранхэр ягъэгушхуэ

Прохладнэ районым и полицейхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Прохладнэ къалэм щыпсэу, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэу Ерохинэ Аннэ, Шайн Владимир, Головин Владимир сымэ я деж щыIащ икIи ТекIуэныгъэм и маху

15.05.2024 - 09:25

Къаруушхуэ зыхэлъ уэрэдхэр

Хэку зауэшхуэр зымылъэгъуа щIэблэр абы теухуа уэрэдхэм, усэ­-хэм дыщедаIуэкIэ, фильм дыщеплъыжкIэ, дэтхэнэми и щIыфэр егъэтхытх, гущIэгъуншагъэрэ залы­мыгъэу зэрахьамрэ зыхэтщIэу.