Щэбэт щIыхьэху

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ депутатхэмрэ республикэм и хабзэгъэув орган нэхъыщхьэм и аппаратым и лэжьакIуэхэмрэ щIыгъуу щэбэт щIыхьэхум хэтащ.
- Мыпхуэдэ Iуэхухэм тфIэфIу сыт щыгъуи дыкъыхохьэ. Къапщтэмэ, дэ езым, республикэм щыпсэухэм, дэлъытащ ди щIыналъэр къабзэу щытыныр. Нобэрей щэбэт щIы­хьэхум иужькIэ дунейр нэхъ къабзэ хъуным къыдэкIуэу, абы хэкупсэ мыхьэнэи иIэу къызолъытэ. Дауэ щытми, республикэр зэIузэпэщ щIыным мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ хуещI, - жиIащ Егоровэ Татьянэ.
Налшык псыхъуэм щыщ километр зыбжанэ КъБР-м и Парламентым ирагъэбыдылIауэ щытати, абы щIымахуэ псом щызэтрихьа кIэрыхубжьэрыхухэр къызэхуэсахэм Iуахащ, тхьэмпэхэр зэщIакъуащ, апхуэдэуи жыгхэр къатIыхьри, сэху иратыжащ, къэхухьа удзыпцIэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзащ.
Илъэс къэс депутатхэр жыджэру хэтщ къалэм и зыгъэпсэхупIэхэмрэ жыг хадэхэмрэ зэлъыIухыным, жыгыщIэхэр гъэтIысыным епха Iуэхухэм.
Налшык къалэм и щIыпIэхэр адэкIи ягъэкъэбзэнущ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.

15.05.2024 - 09:32

Алий и пшыхь

Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист