Ветераным йохъуэхъу

 Хэку зауэшхуэм и ветеран Юрков Анатолий Григорий и къуэм и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 95-рэ хъуащ. А юбилей гъуэзэджэмкIэ нэхъыжьыфIым ехъуэхъуащ  КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

- Зауэм и гузэвэгъуэ псори уи нэгу щIэкIа пэтми, уэ цIыху гуапэу, гъащIэм ухуэжану укъэнащ, нэхъыщхьэр арщи - цIыхугъэмрэ пэжыгъэмрэ пфIэкIуэдакъым. Апхуэдэ фIыгъуэхэрщ ди щIалэгъуалэр зыщIэпIыкIыпхъэр. Уэ уи гъащIэр Хэкум телэжьэнымкIэ щапхъэ нэсщ.
Мы махуэшхуэм си гуапэу сынохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ уиIэну, иджыри куэдрэ упсэуну, - жриIащ юбилярым Егоровэ Татьянэ икIи абы КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъыр иритащ «щIэблэр гъэсэным и лъэныкъуэкIэ куэд зэрызэфIигъэкIам папщIэ».
Зэщхьэгъусэхэу Юрковхэ Анатолий Григорий и къуэмрэ Александрэ Василий и пхъумрэ апхуэдэ гулъытэм папщIэ спикерым фIыщIэ къыхуащIащ.

 

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо