Бзэм нэхъ тегъэщIауэ

Мэкъуауэгъуэм и 30-м Анкара (Тырку) пэгъунэгъу Нарткъалэ адыгэ жылэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэралхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я лIыкIуэхэр.

Зэхыхьэм ипэ къихуэу Хасащхьэм хэтхэр щыIащ Тырку Республикэм и къызэгъэпэщакIуэ, абы и япэ президент Ататюрк и мавзолейм икIи протоколым тету, ­КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшаррэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ удз гъэгъа Iэрамэр тралъхьащ Ататюрк и кхъащхьэм, итIанэ мавзолейм зыщаплъыхьащ.

ЗэIущIэм Iуэхуи 10-м щIигъум щыхэ­п­лъащ. Абыхэм ящыщщ адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ кIэлъыплъакIуэ гуп зэхэ­шэныр, абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр къызэнэкIыныр, Щам дэс адыгэхэм я Iуэхур зытетымрэ хэкужьым къэзы­гъэ­зэжахэр абы зэризэгъэжымрэ. ­КАФФЕД-м и лэжьыгъэр зэрекIуэкIым теухуауэ къэпсэлъащ Хьэгъундокъуэ Яшар. Апхуэдэу зэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ хамэщI щыпсэу адыгэ щIалэгъуалэр Урысейм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщеджэнум, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм хамэ къэрал щыщ адыгэ сабийхэр къызэрешэлIапхъэм, ДАХ-м и XII Конгрессыр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщI­хэми.

Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэр (КАФФЕД) къызэзыгъэпэщахэм яхэта, илъэс куэдкIэ абы и тхьэмадэу лэжьа, хэхэс адыгэхэм я Iуэху дэгъэкIыным, хамэхэм яхэмыкIуэдэжыным зи гъащIэ псор тезыухуа Хьэткъуэ (Ары) Аслъэн и ­унагъуэ ихьащ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ­Хьэгъундокъуэ Яшаррэ. НэхъыжьыфIым хузэфIэкIам папщIэ пщIэ хуащIу ДАХ-м и ЩIыхь тхылъымрэ дамыгъэ нэхъыщхьэмрэ иратащ.

ЗэIущIэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм ящыщ зым тетынущ.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.