КIуэкIуэ Казбек IущIащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий

УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрийрэ КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ мэлы­жьыхьым и 7-м Москва щызэIущIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и агропромышленнэ IэнатIэм и лэжьыгъэм кърикIуахэм, зэман гъунэгъум абы зэрызиужьынум теухуа Iуэхухэм теп­сэлъыхащ.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ щIыналъэм пхъэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэхэкIрэ гъэкIынымкIэ Урысей Федерацэм илъэс кIуам бжьыпэр зэрыщиубыдар. Апхуэдэуи республикэм гъавэрэ нартыхуу къыщагъэкIар 2019 гъэм яхузэфIэкIам нэхърэ нэхъыбэщ. ЕхъулIэныгъэфIхэр щыIэщ Iэщ гъэхъун IэнатIэми: 2020 гъэм нэхъыбэ ­хъуащ Iэщу, джэдкъазу ягъэхъур, шэуэ къашыр. Абы нэмыщI нэкулъхэкIыу, ­кхъуей лIэужьыгъуэу, дагъэу къыщIагъэкIми хэхъуащ. Щхьэхуэу и гугъу ящIащ щIыналъэм ерыскъыхэкIхэм я уасэм щыкIэлъыплъыным теухуа Iуэхум.
Патрушев Дмитрий къызэрыхигъэщамкIэ, мы илъэсым и япэ мазитIми Къэбэрдей-Балъкъэрым унэтIыныгъэ зыбжа­нэкIэ хъарзынэу зиужьащ. Къапщтэмэ, лыхэкIхэр, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэ­кIымрэ къыхэщIыкIа консервхэр, шэхэкI­хэр гъэхьэзырынымкIэ ехъулIэныгъэхэр иIэщ. Апхуэдэуи зэIущIэм и гугъу щащIащ «Къуажэхэм лъэныкъуэ псомкIи зегъэу­жьыныр» къэрал программэр гъэзэ­щIэ­ным, республикэм и мэкъумэш промыш­леннэ комплексым и продукцэу хамэ къэралхэм щищэм хэгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхухэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.