Дунейпсо чемпионатым кIуэнухэр

«КёкусинКайкан каратэмкIэ урысей лъэпкъ федерацэ» урысейпсо физ­куль­турэ-спорт жылагъуэ зэгухьэныгъэм ири­гъэ­кIуэ­кIащ ката/кумитэ лIэ­у­­жьыгъуэмкIэ къэралым и зэхьэзэхуэрэ чемпионатрэ. Къэзан къалэм щызэхэта зэпэщIэтыныгъэм къыщыхахащ 2022 гъэм и мэ­лыжьыхьым Японием ще­кIуэкIыну дунейпсо чемпионатым Урысейм и командэ къыхэхам хэту щызэуэнухэр.
Псори зэгъусэу зэхьэзэ­хуэмрэ чемпионатымрэ зыкъыщагъэлъэгъуащ Урысейм и щIыналъэ куэдым къикIа спортсмен 350-м нэблагъэм. Каратист 11 ­хъууэ Къэбэрдей-Балъэкъэ­рым и командэ къыхэхам Къэзан къыщихьащ медаль зэмы­лIэу­жьыгъуэ 11.
Я ныбжьрэ я хьэлъагърэ елъытауэ зэщхьэщыха гуп­хэм урысейпсо зэхьэ­зэхуэм пашэныгъэр щаубыдащ Сомгъур Мухьэрбэч, Гажонов Аскэр, Джантуев Адлан сымэ. Бэрэгъун Ахьмэд, Цыганков Кирилл, Ды­щэкI Алан етIуанэ хъуащ. Домбеякъ медалыр къихьащ Акбулатовэ Наидэ.
Урысейм и чемпионатым дыщэ медалыр щызыIэригъэхьащ Думэныщ Мурат. Калабеков Исмэхьилрэ Чыржын Луизэрэ ды­жьын медалхэр къахьащ.
Къагъэлъэгъуа зэфIэкI­хэм япкъ иткIэ Урысейм и командэ къыхэхам хагъэхьащ КъБР-м щыщхэу Думэныщ Мурат, Калабеков Исмэхьил, Чыржын Луизэ. Ахэр хэтынущ Японием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым.

КЪЭХЪУН Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.