ЛэжьапIэншэхэм зэрадэIэпыкъунур

ЛэжьапIэр зыфIэкIуэдахэм тыншу зрагъэтхыф зэрыхъуам къару иIэнущ бэдзэуэгъуэм и 31-рэ пщIондэ. Уз зэрыцIалэм къаригъэгупсыса Iэмалщ «Центр занятости» IуэхущIапIэм умыкIуэу интернетымкIэ зэрызебгъэтхыфыр. «Работа в России» порталым лэжьапIэншэхэм зыщрагъэтхыфынущ, пособие щIэ­лъэIухэм - къэрал хуэIухуэщIэ порталым дэтхэнэми щиIэ кабинетымкIэ.
УФ-м и Правительствэм иджыблагъэ игъэбелджылащ лэжьапIэншэхэм нэхъыбэ дыдэу ират пособиер. Ар нэхъ зыхуэгъэзар IуэхущIапIэр зэхуащIыпэу къыIуагъэкIахэр, лэжьакIуэхэр ягъэмащIэу IэнатIэншэу къэнахэр, сабий зыгъуэтауэ щыс бзылъхугъэхэмэрщ.Къапщтэмэ, япэу къедбжэкIахэм япэ мазищым иратын хуейщ щылэжьам ику иту щату щыта улахуэм хуэдиз. КъыкIэлъыкIуэну мазэ еплIанэм щащIэдзауэ мазих ирикъуху иратынущ лэжьапIэншэхэм я пособием хуэдиз, итIанэ лэжьапщIэу иIам и процент 60, ауэ сом мини 5 мынэхъыбэ.
ЛэжьапIэншэм ират пособие нэхъ иныр сом 12 130-рэ мэхъу, нэхъ мащIэ дыдэр - сом 1500-рэ. ЦIыхухэм ахъшэ ират лэжьапIэншэу зыщрагъэтхам щыщIэдзауэ. Япэ мазищым - улахуэу иIам и процент 75-рэ, ауэ сом 12 130-рэ щхьэдэмых, къыкIэлъыкIуэ мазищым – процент 60,ауэ сом мини 5-м мынэхъыбэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.