Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм мы махуэхэм къыщызэIуахащ Хэку зауэшхуэм хэтахэм я сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
УФ-м и Президентым и грантымкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу къызэрагъэ­пэща а Iуэху щхьэпэр Хэку зауэшхуэм хэтахэр гъэлъэ­пIэным, нэхъыжьхэмрэ нэхъыщIэхэмрэ яку дэлъ зэ­пыщIэныгъэр егъэ­фIэкIуэ­ным хуэунэтIащ.
Музейм и пэшхэм Хэку ­зауэшхуэм хэтахэм я сурэт инхэр фIэлъщ, зэ еплъы­гъуэкIэ къыпщыхъункIи ­хъунщ абыхэм зэщхьу хэ­лъыр псоми мэжджытжыг гъэгъа къудамэ зэраIыгъыр арауэ. Щхьэж и гъуэгуанэ къикIужами, ахэр зы­хэп­сэукIа лъэхъэнэ гуащIэм зэщхь игъэхъуащ. Жьыгъэ­ракъым абыхэм я плъэкIэр хьэлъэ зыщIыр, атIэ я гъащIэм «гъащIэу» щаIэ­щIэ­кIарщ. Дэтхэнэм дежи у­къэувыIэрэ уеплъмэ, я нэгум къищ гупсысэм урахьэжьэри…
«Сыту си насыпу сыхамылъхуарэт а лъэхъэнэм…», - жыбоIэ выставкэм къыщыгъэлъэгъуахэм ущегуп­сыс­кIэ. Халъхуахэр-щэ?! Абы­хэми я гугъауэ къыщIэ­кIынукъым апхуэдиз яхуэгъэвыну, ауэ зрихьэлIа ­гу­гъуехьхэм пэлъэщыфащ. ФIы­щIэр мыухыжщ! Сэ сы­зэреплъымкIэ, гъащIэм и плъыфэ псом щыщу фаехэр нэхъыбэу зи нэгу щIэкIа ди нэхъыжьхэм я дежкIэ фIы­щIэ псом я щхьэщ дуней мамырыр, гупсысэ узыншэ яIэу къэтэдж щIэблэр.
- Мы пэшым щытлъагъу су­рэтхэр ди нэхъыжьхэм я лIыхъужьыгъэм, абыхэм къа­гъэлъэгъуа къэмылэнджыгъэм и щыхьэтщ. Уна­гъуэ­ къэс Хэку зауэшхуэм хэта я нэхъыжьхэм я сурэтхэр хуэсакъыу щахъумэ. Ап­хуэдэхэм къапкърыкI хуабагъэмрэ абыхэм я мы­хьэ­нэмрэ иджыри зэ ди фIэщ ящIыжащ нобэ, - жиIащ къыщыпсалъэм КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат.
- Гъэлъэгъуэныгъэм щыт­лъагъу псом ящхьэщ къытхуеблэгъа ди нэхъыжьхэр. Псалъэ гуапэ куэд яжетIэми, сэ дапщэщи къысщохъу абыхэм яхуэфащэ пщIэ, гулъытэ и кIэм нэсу ялъэдмыгъэIэсыфу. Нобэрей махуэм хэпсэукI псоми нэхъыжь­хэм я щIыхуэ - «гъащIэ щIы­хуэ» - зэрыттелъыр зыщыдгъэ­гъупщэ хъунукъым. Жьы­гъэм нэхъ дахэ щыIэкъым, псом хуэмыдэу ар жьыщхьэ махуэмэ! Куэдрэ ди япэ фитыну ди гуапэщ, - захуигъэзащ кърихьэлIа нэхъыжьхэм выставкэм къы­щыпсалъэм КъБР-м и Парламентым ЩIэ­ныгъэмкIэ, егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ко­ми­тетым и унафэщI Емуз Нинэ.
- Мы проектымкIэ, псом япэ­рауэ, Хэку зауэшхуэм хэ­тахэм я щIыхьыр догъэ­лъа­пIэ. Налшык ветерану къы­дэнэжар цIыху 38-рэщ. Мы зэман хьэлъэм къытхуэзэну тегушхуа цIыхуи 10-мрэ абы­хэм я унагъуэхэмрэ су­рэт ятет­хащ, - жиIащ «Умка» клубым и унафэщI Красильниковэ Ольгэ. - Дэ дызэреплъымкIэ, къуэрылъ­ху-пхъу­рылъ­хухэм я гъусэу сурэт зытепхыным мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. «Унагъуэ сурэ­тылъэ» проек­тым ипкъ иткIэ, ветеранхэм я щIалэгъуэ сурэтхэр, иджы­рейхэр, зауэм ­кърат­хыкIа письмохэр, дамыгъэ лъапIэхэр зы су­рэтылъэм щызэ­хуэт­хьэсащ. Ди проектым и мурад ­нэхъыщхьэр - ди нэхъыжьхэр дгъэлъэпIэну ды­ху­нэ­сы­нырщ. Дэ быдэу ди фIэщ ­мэхъу гулъытэрэ гуапагъэрэ нэхъыжьыфIхэм еттыныр ди къалэн пажэу зэ­рыщытыр. Абыхэм яхуэтщI пщIэр зы­лъа­гъу нэхъы­щIэхэм дерс ­зэрахуэхъунум шэч хэлъкъым.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм онлайну захуигъэзащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа.
- Хэку зауэшхуэр ди цIыхухэр зыпэлъэща гузэвэгъуэшхуэщ. Зы унагъуи щы­Iэкъым абы и Iэ щIыIэр лъэмыIэсауэ. Дэ дыщыпсэу лIэщIыгъуэм куэдым зыщихъуэжащ, щIэ куэд къы­хы­хьащ, ауэ дапщэщи ди лIыхъужьхэм я щIыхьыр тхъу­мэн, абыхэм яхуэфащэу дып­сэун хуейщ, - жиIащ Абдулаевым. Къэпсэлъам фIы­щIэ яхуищIащ Iуэхур жэрдэм зыщIахэмрэ зи гуа­щIэ хэзылъхьахэмрэ.
Сурэтхэм къищынэмыщIа, выставкэм щыплъагъунущ 115-нэ шуудзэм и цIэкIэ щыIэ къэлъыхъуакIуэ гупым къагъуэтыжа зауэлIхэм я хьэп­шыпхэр.
Зауэм хэтахэм я сурэтхэр OneLightStudio IуэхущIапIэм щытрахащ, проектым хэтащ сурэттеххэу Сенич Михаил, Жулин Виктор, АбытIэ Хьэ­лимэт. Нэ­хъа­пэкIэ трахауэ я сурэтхэр выставкэм къы­щызыгъэ­лъэгъуахэм яхэтщ ди редакцэм и сурэттех Iэзэ Къарей Элини.
Республикэм и артист ныбжьыщIэхэм я уэрэд, къафэ дахэхэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIахэм я гукъы­дэжыр къаIэтащ.
Мэлыжьыхьым и 18 хъуху екIуэкIыну выставкэ телъы­джэм феплъыну IэмалыфI фиIэщ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)