Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ гъащIэмрэ

КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Педагогикэ IэщIагъэлIхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ и центрым иджыблагъэ къы­щызэрагъэпэщащ семинар гъэщIэгъуэн. «Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэ­дэлъхубзэм къэралым и егъэджэныгъэ IэнатIэм ­щаубыд увыпIэр» фIэщыгъэр зиIа а зэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, абы и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм анэдэлъхубзэхэмрэ лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Тимофеевэ Аннэ, УФ-м Адэ-анэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и ЗэзыгъэуIу советым жэуап зыхь и секретарь Гусев Алексей, а советым хэтхэу Галановэ Иринэ, Хачикян Еленэ сымэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, нэгъуэщIхэри. Псори зэ­гъусэу цIыху 70-м щIигъу ­кърихьэлIащ зэIущIэм, онлайн щытыкIэкIэ лэжьыгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэ­ри къэплъытэмэ. Интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу, зэIущIэм кIэлъыплъащ ди республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэ­ныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм я IэщIагъэлIхэри, анэдэлъхубзэр школхэм щезыгъэджхэри, лъэпкъыбзэхэм я Iуэхум ирипIейтей цIыху куэди. ЗэIущIэр къызэIуихащ министр Езауэ Анзор. Семинарым зыкърезыгъэхьэлIа псоми фIыщIэ яхуищIа нэужь, Езауэм къызэхуэсахэм яригъэцIыхуащ лэжьыгъэм хэт хьэщIэ лъапIэхэр. АдэкIэ ар кIэщIу къытеувыIащ анэдэлъхубзэхэр джын и лъэныкъуэкIэ ди республикэм щыщыIэ щы­тыкIэм, лъэпкъыбзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ хъумэным дапщэщи гулъытэ хэха хуа­щIыну зэрыхущIэкъум. Семинарым жыджэру хэтащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Куэдым гунэс ящыхъуащ абы «Анэдэлъхубзэр лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, хабзэр зэрыпхъумэн Iэмалщ» и ­доклад купщIафIэр. - Нобэрей зэхуэсым и ­утыку къитхьа Iуэхур ди къэралышхуэм хыхьэ лъэпкъ щIыналъэхэм я дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ зиIэщ. Зи цIыху бжыгъэр мащIэ лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр хъумэныр, абы зегъэу­жьы­ныр дуней псом гулъытэ щызыгъуэт Iуэхущ. Аращ Лъэпкъ Зэ­къуэтхэм я зэгухьэныгъэм дызэрыт илъэсипщIыр анэ­дэлъхубзэхэр хъумэным я лъэхъэнэу щIиубзыхуари, - жиIащ Сэхъу­рокъуэм. - Ди республи­-    кэр, куэд зэрыщыгъуазэщи, лъэпкъ куэд щыпсэу щIыналъэщ. Ди деж ущрихьэлIэнущ абхъаз-адыгэ, тырку, романо-германскэ, дагъыс­тэн, ермэлы бзэ гупхэм зи псэлъэкIэр ­къитIасэ цIыху­хэм. Бзэр ­хъумэныр, абы зегъэужьы­ныр, шэч хэ­мылъу, я къалэнщ лъэпкъым щыщу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми. А Iуэхухэм жэуап­лыныгъэ ин зыхащIэу щолэжь щIэныгъэ-къэхутакIуэ, гъэсэныгъэ-егъэджэныгъэ IэнатIэхэм. Мыхьэнэшхуэ абы ират лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм. Абыхэм ящыщщ ­дунейпсо Адыгэ Хасэр. Анэдэлъхубзэр хъу­мэным, ар къытщIэхъуэ щIэблэхэм екIуу яIурылъы­ным гулъы­тэшхуэ хуэтщIу, дэ дадолажьэ абы Iуэху ­хузиIэ министерствэхэм, фонд зэ­мы­лIэужьыгъуэ-  хэм,ъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм. Зи пашэ ДАХ-м бзэр хъу­мэн и лъэныкъуэкIэ зэфIих Iуэхугъуэхэм шэщIауэ теп­сэлъыхьащ Сэхъурокъуэр. Апхуэдэ лэжьыгъэ купщIа­фIэхэм я щапхъэу тхьэмадэм къихьащ иджыблагъэ, гъатхэпэм и 14-м, адыгэ псоми зэдэдгъэлъэпIа Адыгэ тхыбзэм и махуэм ирихьэлIэу, екIуэкIа Iуэху щхьэпэр. Ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу республикэхэмрэ къэралхэмрэ мы гъэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрагъэпэщ Дуней­псо адыгэ диктант. Лъэп­къым и цIыху пажэхэр, бзэм­рэ хабзэмрэ зи гурыщIэм щызыгъафIэ хэкупсэхэр къызэщIэзыубыдэ а Iуэхур къыхилъхьауэ щытащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм анэ­дэлъхубзэмкIэ и къудамэм. Диктантым и мурад нэхъыщхьэщ адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыныр, лъэп­къым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэ­дэлъ щIэныгъэр адэкIи егъэфIэкIуэныр, щэнхабзэр хъумэныр. ДАХ-м нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьауэ йокIуэкI «Анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ си Iуэху еплъы­кIэр» сочиненэ зэпеуэр. А IуэхумкIэ цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, яIэ еплъыкIэр кърипщIэну ари хэкIыпIэщ. Сэхъурокъуэм зэрыжиIамкIэ, а лэжьыгъэхэр щагъэзащIэр ди республикэм и закъуэкъым, атIэ абыхэм жыджэру хэтщ Адыгейм, Къэрэшей-Шэр­джэ­сым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Краснодар, Став­ро­поль крайхэм щыпсэу адыгэ­хэр, ди лъэпкъэгъу­-хэр куэду здэщыIэ Тыркум, Иорданием, Мысырым, Сирием, Европэм и къэралхэм. - Анэдэлъхубзэр хъумэ­ным­кIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэх-щIэхыурэ Налшык щы­зэхэтшэ щIэныгъэ-практикэ конференцхэм. Иужьрейуэ къызэдгъэпэща «Адыгэбзэр (шэрджэсыбзэр) хъумэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр» дуней­псо зэхуэсым кърихьэлIат цIыху 200-м нэс. Абы ды­щытепсэлъыхьащ бзэр хъу­мэнымкIэ, абы зегъэу­жьы­нымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэ­кIыпIэхэмрэ, - къыхигъэщащ и псалъэм Сэхъу­рокъуэм. - Апхуэдэу адыгэбзэм и пщIэр къэIэтыжынымкIэ, хуащI гулъытэм хэгъэ­хъуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм. Лъэпкъым и тхыдэм, и IуэрыIуатэм, и литературэм, и бзэм, и хабзэм щIэблэр дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэ­шхуэ щызэфIокI абы. Анэ­дэлъхубзэр зэрырагъэдж Iэмалхэр егъэфIэкIуэнымкIэ, и бзэр дихьэхыу сабийм егъэджынымкIэ, лъэпкъым бгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъым щIэблэр ешэлIэнымкIэ, и хабзэр, тхыдэр фIэгъэщIэгъуэну иджыным хуэшэнымкIэ зэпеуэм иIэ мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, хабзэ хъуауэ екIуэкI «Анэдэлъху­бзэ - лъэпкъым и псэ», «Бзэм и гъащIэр лъэпкъми и гъащIэщ» зэIущIэхэр, «Ди адэжьхэм я бзэр ирепсэу» зэпеуэр, «Бзэр тхъумэмэ, лъэпкъри хъума хъунщ» «стIол хъурей» зэхуэсхэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъыбзэхэр хъума зэ­рыхъуну щIыкIэхэм тепсэ­лъыхьу, семинарым и утыку я Iуэху еплъыкIэхэр наIуэ къыщащIащ Мысост Екатеринэ, Тимофеевэ Аннэ, Галановэ Иринэ, Хачикян Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэ­хэмкIэ чэнджэщхэри къыщащтащ зэIущIэм.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.