ЕгъэджакIуэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я Iэзагъым кърикIуахэр

Москва щекIуэкIащ егъэджакIуэ­хэм я Iэзагъыр къыщапщытэ «Ады­гэб­зэр щрагъэдж дерсхэм щэнхабзэр къызэрыщагъэсэбэп Iэмалхэр» зэхуэс купщIафIэр. Ар къызэрагъэпэщащ Президент грантхэмкIэ фондыр, анэдэлъхубзэмкIэ егъэ­джа­кIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр, ЦIы­хубэ хозяйствэхэмкIэ Урысей академиемрэ УФ-м и Президентым и деж щыIэ Къэрал IуэхущIапIэхэмрэ егъэджэныгъэмрэ зегъэужьынымкIэ Федеральнэ институтым Лъэпкъ мащIэхэм егъэджэныгъэм щаIэ Iуэху зэIумыбзхэмкIэ я щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрыр я дэIэпыкъуэгъуу.
Зэхыхьэм и лэжьыгъэр щрагъэ­жьащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм. Абы хэтащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр. Зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр зыхуэунэтIауэ щытар щэнхабзэм ехьэлIауэ егъэджакIуэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэр анэдэлъхубзэр щрагъэджкIэ къагъэсэбэпынырт, еджа­кIуэхэр я лъэпкъыбзэм нэхъри драгъэхьэхынырт.
Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ а зэхыхьэм ирагъэблэгъащ икIи абы утыку къыщрихьащ «ЩэнхабзэмкIэ унэр школхэм я дэIэпы­къуэгъущ» и проектыр. И Iуэху бгъэды­хьэкIэхэр и щапхъэу, Балэр зэIущIэм хэтхэм яхутепсэлъыхьащ анэдэлъхубзэр хъума, лъэпкъыбзэр нэхъри хэIущIыIу хъунымкIэ, абы зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ егъэджэныгъэ, Iуэхум гууз лыуз хузиIэ нэгъуэщI жылагъуэ IуэхущIапIэхэм уазэрыдэлэжьэнум теухуа и еплъыкIэхэм.
ЩIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт Iуэху­щIапIэхэм я егъэджакIуэхэм зэпеуэм щагъэлъэгъуащ анэдэлъхубзэр щрагъэджкIэ щэнхабзэм щыщ Iыхьэхэр къызэрагъэсэбэп Iэмалхэр къыщыхьа я дерсхэм я видеонэтынхэр.
Зэхьэзэхуэм хэтахэм я лэжьыгъэхэм къыдэкIуэу я лъэпкъ фащэхэри утыку кърахьащ. КърихьэлIахэм гъэщIэ­гъуэн ящыхъуащ Тэтэр Iэминэ зэпеуэм щигъэлъэгъуа «Дыщэ, дыжьынидэ лIэужьыгъуэхэмрэ пасэрей джэгукIэхэмрэ хуэбгъасэурэ сабийхэм я бзэм зэрызебгъэужьынур» и лэжьыгъэр.
ЗэпэIэщIэу ирагъэкIуэкIа зэхьэзэ­хуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, текIуахэр ягъэнэIуащ. Апхуэдэхэщ Урысейм и щIыналъэ 42-м ящыщ цIыху 60-р. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ щиIэ унэм и методист Тэтэр Iэминэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм ар ирагъэблэгъащ Москва мы гъэм и щэкIуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм щрагъэкIуэкIыну урысейпсо мастер-классым хэтыну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.