Сабий тхылъым и тхьэмахуэ

Хабзэ дахэ хъуауэ, илъэс къэс ирагъэкIуэкI Сабий тхылъым и тхьэмахуэ урысейпсо Iуэхур, мы махуэхэм ди республикэм убгъуауэ щагъэлъапIэ.
Ар хуэунэтIащ къыдэкIуэтей щIэблэр тхылъым, литературэм дегъэхьэхыным, художественнэ псалъэм и IэфIыр зыхегъэщIэным, зыужьыныгъэ ин зыгъуэта дунейм тхылъым и пщIэр щемыхуэхыу щIалэгъуалэм фIыуэ егъэлъагъуным. Аращ зытелажьэр сабийхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэ Iуэхум иращIэкI зэхыхьэхэр, тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхылъеджэ зэIущIэхэр, нэгъуэщI дауэдапщэ гъэщIэгъуэнхэри.
Сабий тхылъым и тхьэмахуэм и къежьапIэ хъуащ 1943 гъэм гъатхэпэм и 23-м къыхалъхьа «Тхылъ цIыкIур къыщалъхуа махуэ» зыфIаща япэ зэIущIэр. Ар къызэрагъэпэщат «Детгиз» IуэхущIапIэм и унафэщI Дубровинэ Людмилэрэ Дзэ Плъыжьым и Политикэ управленэ нэхъыщхьэм и лектор Кассиль Леврэ. Махуэшхуэм хэтащ сабий тхакIуэ цIэрыIуэхэу Маршак Самуил, Михалков Сергей, Барто Агние, Пришвин Михаил, нэгъуэщIхэри.
1943 гъэм и гъатхэпэ махуэр уэтIпсытIт. Зауэр и гуащIэгъуэу екIуэкIырт, шхынхэр зэпэубыдат, унэхэр щIыIэт. Щыгъын фаджэхэр, зэхэдыжыхьахэр, вакъэ лъэбышэхэр зыщыгъ щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр Союзхэм я унэм щIэз хъуат. Ахэр нэхъуеиншэу едаIуэрт зи тхылъхэмкIэ фIыуэ яцIыху сабий тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ къыжраIэм. Апхуэдэу япэу ягъэлъэпIауэ щытащ «Тхылъ цIыкIум и тхьэмахуэр».
Илъэс дэкIри, ар союзпсо Iуэху дахэ хъуащ, икIи 1944 гъэм щегъэжьауэ къалэхэм, къуажэхэм зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIыу щIадзащ. Къапщтэмэ, Киев щыIащ япэ тхьэмахуэр, Панч Петро, Бажан Миколэ, Багмут Иван сымэ зи хьэщIар.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ, Налшык дэт щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я бжэIупэхэм деж «Тхылъыр ди ныбжьэгъущ, гъуэгугъэлъагъуэщ» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэхэр мы махуэхэм щокIуэкI. Ар къалэдэсхэм ягу дыхьащ, абы куэдкIэ егъэбагъуэ Iуэхум къыхашэ, къызэщIиубыдэ цIыхухэм я бжыгъэр. Мазэм и кIэ хъуху екIуэкIыну гъэлъэгъуэныгъэм хуей дэтхэнэми нэIуасэ зыхуищIыну Iэмал иIэщ.
Сабий тхылъым и тхьэмахуэ урысейпсо Iуэхум ипкъ иткIэ, библиотекэхэм онлайн жыпхъэм ит дауэдапщэхэр щекIуэкIынущ.
Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм, иджыблагъэ, гуфIэгъуэ щытыкIэм иту, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин тхылъеджэ ныбжьыщIэ нэхъыфIхэм щIыхь тхылъхэр щаритащ. Абы иужькIэ сабий къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэр хэту къызэрагъэпэща концертым хуей дэтхэнэри къэблагъэ зэманым щеплъыжыфынущ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм YouTube-м щиIэ утым. Сабий тхылъым и тхьэмахуэм егъэщIылIауэ ящIыну дауэдапщэхэри абы и сайтым къыщывгъуэтынущ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ