КIуэкIуэ Казбек хэтащ Балъкъэр театрыр къызэрызэIуахыжым иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжа Балъкъэр къэрал драмэ театрыр къызэрызэ­Iуахыжым иращIэкIа гуфIэгъуэ зэхы­хьэм. А махуэ дыдэм театрым и утыкум къихьэри, и лэжьыгъэм пищэжащ «Балкария» къэрал IуэрыIуатэ-этнографие къэфакIуэ ансамблым.
ГуфIэгъуэ зэхуэсым кърихьэлIащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Его­ровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэ­къуауэ Тимур, УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэ­сым и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Щхьэгуэш Адэлбий, Быф Анатолий, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, щэнхабзэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ Балъкъэр къэрал драмэ театрыр зэгъэ­пэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэ­фIэ­кIауэ ар къызэрызэIуахыжымрэ Балъ­къэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и ­махуэр щагъэлъапIэмрэ зэрызэрихьэлIар нэщэнэфIу зэрыщытыр. «Балъкъэр лъэп­къым гузэвэгъуэшхуэр къызэрытепсыхэрэ зэман дэкIащ икIи захуагъэми гъуэгу игъуэ­тыжащ. Пэжщ, зыри пщыгъупщэжыркъым. Дэ зэи дигу ихунукъым мы гуфIэгъуэ махуэхэр зымылъагъуу дунейм ехыжахэр. Апхуэдэу щытми, нобэ, Балъкъэр лъэп­къым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм, дэ и гугъу дощI Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнум, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнум. Шэч къытесхьэркъым мы Iуэху­щIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм нэхъри зегъэу­жьыным хуэгъэпса центр дэгъуэ зэры­хъунум», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
Республикэм и Iэтащхьэм ухуакIуэхэми театрыр къызыхуэтыншэу зэгъэпэ­щы­жы­ным хэлIыфIыхьа псоми фIыщIэ яхуи­щIащ. Унэр ещIапхъэ къамыгъанэу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзащ, ар иджы­рей макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ, утыкур, пэшхэр къызэрагъэнэхухэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Унэ щIыбри ирагъэфIэкIуащ, утыкур нэхъ ин ящIащ, актёрхэр утыку къы­зэрихьэ щыгъынхэр щад, декорацэхэр ­щащI лъэщапIэхэри а Iуэхухэм нэхъ хуэщIа ­хъуащ, шэнтжьеищIэхэр къащэхуащ, ре­петицэхэр щрагъэкIуэкI пэшхэми къыхагъэхъуащ. Зыкъагъэлъэгъун ипэкIэ артистхэм сэхусэплъ щыхалъхьэ пэшхэм я бжыгъэри нэхъыбэ хъуащ, абыхэм а Iуэхум теухуауэ зыхуэныкъуэну псори щIэтщ.
Артистхэми фIыщIэ гуапэ яхуищIу захуигъэзащ КIуэкIуэ Казбек: «Фэ фи творчествэмкIэ цIыхухэм Iэмал явот балъкъэр лъэпкъым и щэнхабзэм и куупIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ. Фэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр урысей утыкум и закъуэкъым щыфIэтыр, атIэ дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми ар щывогъэлъапIэ, абы папщIи си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI».
Балъкъэр театрымрэ «Балкария» ансамблымрэ япэу утыкущIэм къихьэным и пэ къихуэу къэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын и щхьэгъусэ Кулиевэ Элизат. Абы къыхигъэщащ Балъкъэр театрыр къызэрызэIуахыжам Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, театрым и ­теплъэщIэм хуабжьу зэрыщыгуфIыкIыр икIи республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ ­хуищIащ театрыр зэгъэпэщыжыным езым и щхьэкIэ хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ, балъкъэр лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм къэкIуэну щIэблэхэри щыгъэгъуэзэным ар зэрыхуэщхьэпэнури жиIащ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.