Усыгъэр, щIыуэпсыр!

Жьы къабзэр, щIыуэпсыр, уэсылъэ къуршхэр! Усыгъэр зыгъэуардэщ, гуапэу зыгъэIущ мыхэр!
Усыгъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу «Жан» литературэ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIащ «Чегет усэ дыкъыщоджэ» Iуэхур. Пшыхьыр мы гъэм ещанэу екIуэкIащ - кIапсэрыкIуэ гъуэгум узыхуишэ «Ай» шхапIэм деж Iуэхум хэтхэр усэ къыщеджащ адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, испаныбзэкIэ. Абы хэтащ усакIуэхэр, артистхэр, журналистхэр, литературэ лэжьакIуэхэр, еджакIуэ цIыкIухэр. Гулъытэ лей хуащIу бгылъэм щагъэIуащ мы гъэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу усакIуэхэу Бицу Анатолэрэ Созаев Ахъмэтрэ я IэдакъэщIэкIхэр.
-Мыр цIыху усыгъэр гурэ псэкIэ зыфIэфIхэр зэхуэзышэс Iуэхущ. Къуршхэми даущыншагъэр йозэгъ, усыгъэри дызыхуэсакъыпхъэщ. Мыпхуэдэ усэеджэхэр ди зэгухьэныгъэм илъэс 12 хъуауэ ирегъэкIуэкI, цIыхухэм ягу дохьэ, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ.
КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкаревэ Наталье усэ къеджахэм яритащ республикэм и усакIуэ пажэхэм я тхылъхэр.

Гугъуэт Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.