ХэпщIыкIыу хохъуэ

Республикэм и хозяйствэхэм щIымахуэ лъэхъэнэм Iэщыр щIэубыдауэ зэрыщаIыгъа пIалъэр и кIэм ноблагъэ.
Къэрал статистикэмкIэ федеральнэ къулыкъум и Кавказ Ищхъэрэ къудамэм и управленэм зэрыщатхамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэхэм, псори зэхэту, мазаем и 1-м ирихьэлIэу Iэщышхуэу мин 274,5-м щIигъу щаIыгъащ. Ар 2020 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам елъытауэ проценти 2,3-кIэ нэхъыбэщ. Iэщышхуэм ящыщу мини 138-р жэм къашщи, а бжыгъэр нэгъабэ и апхуэдэ зэманым яIам нэхърэ проценти 3,6-кIэ нэхъыбэщ.
Дызэрыт илъэсым и япэ мазэхэм къарикIуам тетщIыхьмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэхэм гъэшу къыщашми хэпщIыкIыу хэхъуащ. Псалъэм папщIэ, ди щIыналъэм жэм щызыIыгъхэм, гъэ дызэрытым и щIышылэм къриубыдэу, шэуэ тонн мин 27,9-м нэблагъэ къыщашащи, ар 2020 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм зэрыщытам елъытауэ проценти 3,5-кIэ нэхъыбэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и хозяйствэхэм я Iэщыр гъэмахуэ хъупIэхэм зэрыдахуным иджы щыщIэдзауэ зыхуагъэхьэзыр. Республикэм ветеринариемкIэ и управленэм и IэщIагъэлIхэр абыхэм я деж макIуэ, я Iэщымрэ мэлхэмрэ, я щытыкIэм теухуауэ, хущхъуэхэр ирахьэлIэ, мастэхэр халъхьэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.