ТекIуэныгъэщIэхэм я къежьапIэ

Налшык дэт Универсальнэ спорткомплексым къыщызэIуахащ боксым зыщы­хуагъэсэн пэшыщIэ. ГуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам, КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м и Парламентым и депутат, республикэм и судмедэкспертизэм и унафэщI Мечукаев Алихъан, Ингушым наркотикхэр зегъэ­кIуэным пэщIэтынымкIэ и Управленэм и унафэщI Геграев Марат, Урысеймрэ КъБР-мрэ я командэ къыхэхахэм я тренерхэмрэ спортсменхэмрэ.
Боксым зыщыхуагъасэ пэшыр къызэ­Iуахыу зэгъусэу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэха нэужь къекIуэлIахэр еплъащ иджырей дунейпсо чемпионхэу, щызауэ хьэлъагъхэм­ ­щыпашэ Замковой Андрей (кг 69-рэ), Бакши Глеб (кг 75-рэ), Гаджимагомедов Муслим (кг 91-рэ) сымэ ирагъэкIуэкIа зыгъэсэныгъэ зэIухам.
Бакширэ Гаджимагомедовымрэ ныбжьы­щIэх­эм ирагъэлъэгъуащ боксым къыщагъэ­-с­­э­бэп Iэмал нэхъ щхьэпэхэр, ди спортсменхэм Урысейми дунейпсо утыкуми ехъулIэныгъэ щаIэну ехъуэхъуащ.
БоксымкIэ пэшыр зы­хуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр зи жэрдэм, республикэм спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам фIыщIэ хуащIри, гуфIэгъуэ зэ­хыхьэм и кIэухыу, КъБР-м и боксерхэм чем­пион бгырыпхыр иратащ.

ЖЫЛАСЭ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ