Къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу мэлажьэ

ГъащIэм и IэфIыр цIыхухэм нэсу зы­хащIэну къыщIэкIынтэкъым, узыфэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм еIэзэ дохутырхэр щы­мыIамэ. Ди гуапэ зэрыхъущи, зи гъащIэр медицинэм тезыухуа, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ дохутырхэр и мащIэкъым ди ­лъахэм.
Иджыблагъэ апхуэдэ дохутырхэм ящыщу и цIэр фIыкIэ къраIуащ Нэ­щIэпыджэ (Iэхъуэбэч) Маритэ Нэфихь и пхъум. Илъэс 40-м нэблагъэкIэ а лэжьыгъэ мытыншым пэрыта, ноби IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэм - коронавирус уз зэрыцIалэм ебэныным - зи гуащIэшхуэ хэзылъхьэ те­рапевт, Аруан район сымаджэщым и участковэ дохутыр НэщIэпыджэ Маритэ къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ ­лъапIэр.
И щIэныгъэкIи, IэщIагъэкIи, цIыхугъэ- кIи къилэжьащ Маритэ апхуэдэ цIэр, абы нэхърэ нэхъыщхьэжращи, щылажьэ райо­ным щиIэ пщIэмрэ цIыхухэм я фIы­щIэм- рэ зы махуи щымыщIэу мэпсэу.
Маритэ къыщалъхуа Къулъкъужын ­къуажэм курыт школыр дыщэ медалкIэ къыщиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым щеджащ. Ари 1983 гъэм ­ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухри, интернатурэм щыпищащ. Нарт­къалэ дэт район ­сымаджэщым 1984 гъэ лъандэрэ щыIэщ. Махуэм поликлиникэм щылажьэу, жэщым сымаджэщым кIуэуэ, Шэрэдж Ищхъэрэ, Шытхьэлэ, Псыкуэд къуажэхэм я участковэ дохутыру илъэс 38-рэ хъуауэ мэлажьэ.
Маритэ зи лэжьыгъэ IэнатIэр езыхьэ-кIыу унэм кIуэжхэм ящыщкъым. Ар гууз-лыуз зиIэ, сымаджэм хуэбзэIэфI, цIыхум хуэгумащIэ, жэщимахуи зэпымыууэ ла­жьэ бзылъхугъэщ. Узыфэр къызыжьэ­хэуам медицинэ и лъэныкъуэкIэ зэра­дэIэпыкъум къыдэкIуэу, псалъэ гуапэкIэ, IэдэбагъкIэ цIыхупсэм еIэзэф закъуэтIа­къуэхэм ящыщщ. Арагъэнщ апхуэдиз сымаджэри, къэзыухъуреихь псори къы­щIыхуэарэ- зыр.
Сытым дежи гу лъызотэ абы и лэжьыгъэр зэи зэрызэпымыум, жэщ-махуэ ­имыIэу зэрылажьэм. Сыту жыпIэмэ, ­гъу­нэгъухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм, ­ныбжьэгъухэм япэ дэIэпыкъуэгъуу яIэр Маритэщ. ТелефонкIэ зыпыпщIа къудеймэ, уи Iуэхур зэфIэкIауэ къэплъытэ хъунущ. Абы уилэжьэнкIэ хъунур гупсэхуу пхузэп­кърихынущ, здэбунэтIынур къыбжиIэнущ, хуей хъумэ, езыри къэсынущ, зэи уигъэ­щIэхъунукъым. Ар апхуэдизкIэ куэдым ­сэ­бэп яхуохъуф, куэд егъэхъужыфри, и щхьэм, и унагъуэм ятригъэкIуэдэн зэман дэнэ кърихрэ жыпIэнщ. ИтIани, апхуэдизу зигурэ зи псэрэ етауэ лажьэ бзылъхугъэр унэгуащэ ахъырзэманщ, анэ гумащIэщ, анэшхуэ Iущабэщ. Езыр гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми хуэIущщи, и чэнджэщкIи, и цIыхугъэкIи, и зэпIэзэрыта­гъкIи зыхэтым къахэщу мэпсэу. И щхьэ­гъусэ НэщIэпыджэ Замиррэ езымрэ зы щIалэ яIэщ. Залымджэрий унагъуэщ, ­абы и щIэблэр адэшхуэ-анэшхуэм я гуры­фIы­гъуэщ.
И IэщIагъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм я ­закъуэкъым Маритэ и пщIэр лъагэ зы-щIыр. АтIэ къызыхэкIа Iэхъуэбэчхэ, зыхэс НэщIэпыджэхэ, благъэу, Iыхьлыуэ иIэ псоми и гулъытэрэ гумащIагърэ ялъигъэсу, гузэвэгъу зиIэм и деж нэсыфу, я гуфIэ­гъуэри ядиIэту зэрыщытым къыхэкIыу пщIэ хэха къелэжь. Замиррэ абырэ я дуней ­тетыкIэмрэ цIыху хэтыкIэмрэ куэдым я дежкIэ щапхъэщ.
Медицинэм зи гъащIэ псор тезыухуа, зригъэгъуэта щIэныгъэр гъащIэм сэбэпы­-нагъ пылъу къыщызыгъэсэбэп, Гиппократ и тхьэрыIуэм хуэпэж зы дохутыр щыIэмэ, Маритэ етIуанэщ. Зэрылажьэм хуэдэурэ абы и IэщIагъэм мызэ-мытIэу щыхигъэ­хъуащ Санкт-Петербург, Ставрополь, Пятигорск, Налшык, нэгъуэщI къалэхэм.
Щхьэхуэу укъытеувыIэ хъунущ 2020 гъэр дохутырхэм я дежкIэ зыхуэдам. Марити гугъуу къыхущIэкIащ пандемием щы­пэ­щIэта илъэсыр. ТIэкIу щхьэжагъуэ хъуа цIыхур псом япэу здекIуалIэр поликлиникэм щIэс терапевтым дежщ, участковэращ дохутыр хуэныкъуэу къэпсэлъам деж япэ нэсри. Коронавирус уз зэрыцIалэр къыщежьа япэ махуэм щегъэжьауэ Ма­ритэ пэрытащ а Iуэхум. А узыфэр зэуэлIахэм ящыщу унэм щигъэхъу­жахэр куэд мэхъу, нэхъ хьэлъэ къэхъухэрp и чэзум госпиталым щIигъэгъуалъхьэурэ и сэбэп куэдым екIащ.
Маритэ къыхиха IэщIагъэм псэемыб-лэжу зэрыпэрытыр зэи гулъытэншэ хъуа­къым. Абы къыхуагъэфэщащ ­Аруан ­район администрацэм, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм ­къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. А псоми ефIэкIыу къысщохъу ар цIыхухэм фIыуэ къызэралъагъумрэ къэзыцIыху псоми пщIэуэ къыхуа­щIым­рэ.

НэщIэпыджэ Замирэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.