Алыхьым и арэзыщIыныгъэм толажьэ

1976 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Налшык къалэ къыщалъхуащ Сыжажэ Алим Сэрэбий и къуэр.
Адыгэм псалъэжьу диIэщ: «Лъэужьыр бжьиблкIэ мауэ». Алим и адэшхуэр (и адэм и адэр) КъурIэн Iыхьлыуэ щытащ. Алими иджыри сабий дыдэу техьат адэшхуэм и ­лъагъуэм.
Зы махуэ гуэрым лIыжьыр ­КъурIэн еджэу здэщысым, илъэсиплI ныбжьым ит Алим жиIащ: «Дадэ, ­КъурIэным ущеджэкIэ, щыуагъэ гуэр хыбощIыхь». КъурIэным еджэн иуха нэужь, адэшхуэр сабийм тIэкIу къыщешхыдэм, анэшхуэм жиIащ: «Уа, мы сабийм Алыхьым уэхьий къыхуигъэкIуауэ арами пщIэркъым, абы щхьэкIэ щхьэ уешхыдэрэ?» Апхуэдэу щыхъум, лIыжьым жиIащ: «Сэ къытезгъэзэжынщи, иджыри зэ сыкъеджэнщ, уэ къызжеIэт си щы­уар». Сабийм дадэр щыщыуар наIуэ къищIащ. Пэжт сабийм жиIэр. Дадэм зы щIыпIэм деж щы­уагъэ хищIыхьырт. Ар лIыжьым, ­дауи, телъыджэ щыхъуащ икIи мурад ищIащ сабийр КъурIэным нэхъ ­куууэ еджэу иригъэсэну.
ИлъэсиплI фIэкIа зимыныбжь сабийм, дауи, иджыри ищIэртэкъым тхэкIи еджэкIи. Ауэ щыхъукIи, адэшхуэм хуитха хьэрып хьэрфылъэр зэуэ зригъэщIат. А зэманым хьэрыпыбзэ зэбгъэщIэнри ­КъурIэн уеджэнри иджыпсту хуэдэу тыншу щытакъым. Махуэ ныкъуэм и кIуэцIкIэ хьэрып алфавитыр Алим щызригъащIэм, КъурIэным щыщ зы сурэ кIэщI цIыкIуми, адэшхуэм и IэкIэ хьэрыпыбзэкIэ итхам, тынш дыдэу къеджэфащ сабийр. Мис а махуэм щыщIидзэри, мазищым и кIуэцIкIэ Алим КъурIэным икIауэ щытащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэсыху еджауэ щытащ, и ныбжьыр илъэсиплI фIэкIа мыхъуу. Абы иужькIэ, хьэрыпыбзэкIэ тхауэ «Iиман ис­лъам» тхылъышхуэр гукIэ зригъэщIауэ щытащ Алим. КъурIэным, хьэрыпыбзэкIэ тха «Iиман ислъам» тхылъым къеджэрэ, зэджам и мыхьэнэр адыгэбзэкIэ цIыхухэм яжриIэжу, уазхэр иту къекIуэкIащ абы и сабиигъуэр. Дауи, афIэкIа зимыныбжь сабийм апхуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъыныр телъыджэт.
Алим и адэшхуэр езыр еджагъэшхуэу щытащ. Апхуэдэу щытми, абы фIэфIтэкъым и къуэрылъху цIыкIур КъурIэн зэреджэр хэIущIыIу ищIыну, а зэманым диныр хуиту зэрахьэфу зэрыщымытам къы­хэкIыу. Адэшхуэм зэрыжиIам тету, Алим щеджэ школым ящIакъым ар КъурIэн зэреджэр. Ауэрэ, Сыжажэр 9-нэ классым щIэсу, лэжьыгъэм ­хуезыгъаджэу щыта урыс щIалэм я классыр музейм ишащ. ЕджакIуэ­хэр лъэныкъуэ псомкIи зэбгрыжауэ, ­хэт сыт фIэтелъыджэми зэпаплъыхьырт. Алим и пIэм ижыхьауэ зы щIыпIэ деж щытт, ­КъурIэнышхуэ зэIухам и нэхэр тедияуэ. Ар щалъагъум, ныбжьэгъухэри егъэджакIуэри къыбгъэдыхьэри, къеупщIащ. «КъурIэн уеджэфу ара, Алим?», жаIэри. «Соджэф», - жиIэу жэуап щаритаращ Iуэхур зыIутыр ныбжьэгъухэм къыщащIар.
- СфIэтелъыджэ хъуат дезыгъа­джэ урыс щIалэм КъурIэн седжэу къыщищIам, пщIэ лей къысхуищI хъуауэ зэрыщытар, - игу къегъэкIыж Алим.
9-нэ классыр къиуха нэужь, школым къыщIэкIри, Алим ПщыхьэщIэ Шэфихь и деж кIуащ, ислъам динымкIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтыну зэрыхуейр жриIэну.
Ислъам динымкIэ щIэныгъэ щрагъэгъуэту Гагариным и цIэр зезыхьэ институтым щIэтIысхьэ псом япэ, - къыжриIащ ПщыхьэщIэм.
Алим а институтыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, ефэнды нэхъыжьу, Хэжь Мухьэб и къуэдзэу ягъэуващ. Ауэрэ а къалэнри игъэзащIэурэ, зэман гуэр дэкIри, езыр щеджа 4-нэ школым игъэзэжащ, ислъам диным щIэблэр щыхуригъэджэну. Мис апхуэдэурэ школ зыбжанэми, сабий садхэми щригъэджащ Алим зыкъомрэ. Искож хьэблэм 1995 гъэм мэжджыт къыщызэIуахри, абыи Iимаму щылэжьащ икIи щригъэждащ цIыху куэд.
2004 гъэм ПщыхьэщIэ Iэнас Сыжажэр иригъэблагъэри, жриIащ езым и къуэдзэу игъэлэжьэну зэрыфIэкъабылыр. А гъэм щегъэ­жьауэ 2010 гъэ пщIондэ Алим ПщыхьэщIэм и къуэдзэу лэжьащ.
Нобэ Сыжажэр КъБР-м и Мус­лъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий и къуэдзэу мэлажьэ. Абы къалэн зэмылIэужьыгъуэ куэд и пщэ дэлъщ, щIалэгъуалэм хуабжьу ядолажьэ. «ПсапащIэ Iуэху» зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Ерыскъыпхъэхэр ислъам диным къигъэув мардэхэм зэрытетыр къэзыгъэнаIуэ «Хьэлэл» IэнатIэм и унафэщIщ.
ЩIалэгъуа­лэм щIэпхъаджагъэ Iуэхум зыща­дзеин, ахэр псапащIэ Iуэхум дихьэхын папщIэ, лъэныкъуэ куэдкIэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр ирегъэкIуэкI Алим. Дин щIэныгъэм хилъхьэ и ­гуащIэм, щIалэгъуалэм ябгъэдилъхьэ гъэсэныгъэм папщIэ КъБР-м и Правительствэм къыбгъэдэкIыу ЩIыхь тхылъ къыхуа­гъэфэщащ ­Сыжажэм. Къищы­нэмыщIауэ, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым, Афганистаным и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм, МВД-м, СпортымкIэ министерствэм, нэгъуэщI къулыкъущIапIэхэм къабгъэдэкIыу Алим тыгъэ къы­хуащIащ орден, фIыщIэ, щытхъу тхылъ, саугъэт зэмылIэу­жьыгъуэ куэд.
Сыжажэм еджапIэ зыбжанэ къиухами, ислъам динымкIэ щIэныгъэ зыбжанэ зригъэгъуэтами, бгъэдэлъ щIэныгъэр куэду къилъытэркъым, уеблэмэ махуэ къэс абы зэрыхи­гъэхъуэным хущIэкъу зэпытщ. Алим и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ УФ-м и Президентым и нэIэ щIэт, ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъумкIэ Урысей Академием цIыхухэм Iуэху­тхьэбзэ яхуэщIэн унэтIыныгъэмкIэ и къудамэм. Сыжажэр Псыхуабэ къэрал университетым дин щIэныгъэмкIэ и аспирантщ.
ЦIыхубэр къыхуэарэзыуэ, и къару емыблэжу Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытщ Алим. Сыжажэм адэкIи и мурадхэр нэхъыбэжщи, къехъулIэну Тхьэм жиIэ!

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.