ХъымыщкIей - Хамышки

Мы цIэр зезыхьэ урыс къуажэр Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэмкIэ дэсщ. Нэхъ пыухыкIауэ къэдгъэ­лъагъуэмэ, иджырей Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIур здэщыIэ щIыпIэм   деж къыщыщIэбдзэрэ километр 16 хуэдизкIэ, хуэищхъэрэу, укъехыж­мэ, сэмэгумкIэ къыкъуэунэхукI ­къуэ гъуэпщкIуам къыдэж псы бгъун­­жыр Щхьэгуащэ щы­хэ­лъэ­дэжым къыщегъэжьауэ ипщэкIэ щысщ.
ФIэщыгъэр, зэрынэрылъагъущи, IыхьитIу зэхэтщ: «Хъымыщ»-рэ (мыбдежым дигу къохьэж «Хьэ­мыщэ» жыхуиIэ нэгъуэщI адыгэ цIы­хухъуцIэри) «кIей»-уэ («кIэй» - кIахэмкIэ). Япэр, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Iэ­шэлъашэм щыпсэуа цIыху цIэры­- Iуэ гуэрым зэреджэу щытарщ. ЕтIуа­нэр, «кIэй» жыхуиIэр, кIахэ адыгэхэм тIуащIэхэм, псыхъуэхэм, ныджэхэм я гугъу щащIкIэ къагъэсэбэп псалъ­э­хэм языхэзщ. Гу зэрылъытэгъуафIэщи, ар ещхьщ къэбэрдей адыгэхэм ди бзэм хэт «къуэкIий» жыIэкIэм и «кIий» етIуанэ Iыхьэм.
Тхыдэм щыщу
Адыгэхэм я Хэкужьыр, щIыпIэ­рыс­­хэр зэхэзехуэн ящIу, къыщазэуа иужьрей илъэсхэм ящыщ 1862 гъэм и щIымахуэкIэм урыс пащтыхьыдзэр абазэхэхэм щебгъэрыкIуэм, лъэны­къуитIри хуабжьу щызэпэщIэувауэ щытащ Щхьэгуащэ зыдэт тIуащIэм и нэхъ зэвыпIэ дыдэу къалъытэ ­Хьэ­джэхъу и Iэшэлъашэм. Арщхьэ-кIэ, генерал Гейман зи пашэ урыс дзэлI­хэм, топхэри ящIыгъурэ бжыгъэкIи зэрынэхъыбэм къыхэкIыу, бгы­рысхэр ирагъэкIуэтын яхузэфIэкIащ. ИкIи мэлыжьыхьым и 26-м зэрып­хъуакIуэхэр ихьащ зи гугъу тщIы зэвыпIэм ищхьэкIэ Дахэ псы бгъунжыр Щхьэгуащэ щыхэлъэдэжымм деж тIуащIэм ину зыщиубгъуа сэтей-хьэкхъуафэм.
ЖыпIэнур арамэ, 1862 гъэм и кIыхьагъкIэ Щхьэгуащэ и псыхъуащ­хьэхэм бгырысхэр пащтыхьыдзэм щы­пэщIэтащ. АрщхьэкIэ, мыбдежми, дыгъэгъазэм и 14-м ирихьэлIэу, зэрып­­хъуакIуэхэм яхузэфIэкIащ Хъы­мыщкIей тэхъуанэм я лъэр нахусу, дыгъэгъазэм и 20-м зыщагъэбыдэ-ну.
Илъэс зыбжанэ дэкIа иужькIэ, 1869 гъэм, адыгэхэр я Хэку имысыжу ­«Хамышки» зыфIаща урыс къуажэр мы щIыпIэм къыщагъэунэхуащ.
Ди тхыгъэм и кIэм дызыщыгуфIыкI хъуну зы Iуэхугъуи къыхэдгъэщынщ. Ар сыт жыпIэмэ, мы жылэм иужьрей лъэхъэнэхэм ди лъэпкъэгъухэм ящыщ гуэрхэри дэтIысхьэж зэры­хъуарщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI

07.05.2024 - 09:00

КЪЭБЭРДЕЙМ ЦЕИПХЪЭЖЬ ДЖАНЭР ЗЭРЫЩАХА ЩIЫКIЭР

(Хъыбар)

07.05.2024 - 08:59

СОМ МЕЛАРДИ 3,3-РЭ ХУХАХ

Урысейм и социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ сабий мин 38-м я адэ-анэм, цIыхубз уэндэгъухэм зыуэ ират ахъшэ пособиехэр хуагъэуващ.

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.