Унагъуэ мелуанитхум я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 24-м хэтащ УФ-м и Къэрал Советым и лэжьакIуэ гупым иригъэкIуэкIа зэIущIэм, Урысей Федерацэм стратегие мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэхэм зыщегъэужьыным хуэгъэпса, «Ухуэныгъэм, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмрэ къа­лэхэмрэ» проектым теухуауэ щытам.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ комиссэм и унафэщI Минниханов Рустам. Зэхуэсыр зытраухуа Iуэхухэр зэпкърахыу къэпсэ­лъащ УФ-м и Президентым и дэIэпы­къуэгъу, Къэрал Советым и секретарь ­Левитин Игорь, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат, ­УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирек.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Левитин Игорь комиссэм хэтхэм фIыщIэ яхуищIащ жыджэру зэрылажьэм, жэрдэмыщIэхэр къызэрыхалъхьэм папщIэ. Абы къыхигъэщащ къэралым 2030 гъэм нэсыху зэрызиужьыну щIыкIэр щыубзыхуа унэтIыныгъэхэр УФ-м и Правительствэм зэрызэ­хилъхьар. ЗэрамурадымкIэ, 2030 гъэ пщIондэ илъэс къэс унагъуэ мелуанитху нэхърэ мынэхъ мащIэм я псэупIэхэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ Iэмал яIэнущ. Абы ­папщIэ псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мелард ухуэн хуейщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, къэралым метритху къэскIэ зыр къыщагъэщIэрэжыну къапэщытщ, къыхигъэщащ Хуснуллин Марат. Абы зэIущIэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ илъэс къэс псэупIэ метр зэбгъузэнатIэ мелуани 120-рэ ятын зэрыхуейр. Унэхэм щIэупщIэр нэхъыбэ ­хъунымкIэ Iэмал нэхъыщхьэри ипотекэр арауэ зэрыщытри жиIащ. Абы я фейдэ хэлъщ цIыхухэми унэхэр зыухуэхэми.
Зэхуэсым зыщыхэплъахэм ящыщщ зэгъунэгъу жылэхэм зэдэууэ зегъэужьы­ным, гъуэгухэр укъуэдииным, транспорт, инженер инфраструктурэкIэ ахэр къызэ­гъэ­пэщыным ехьэлIа къалэнхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ