2020 гъэм зэфIагъэкIахэр, мы илъэсым къапэщытхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ иджыблагъэ щыщыIам хуэзащ Iуащхьэмахуэ муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Залиханов Къанщобий.
ЗэIущIэм и гугъу щащIащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ илъэс кIуам щIыналъэм щызэфIагъэкIын хуеяхэм зэрехъулIар икIи зэман гъунэгъум къапэщыт къалэнхэм.
Къапщтэмэ, илъэс кIуам «Егъэджэныгъэ», «Демографие» лъэпкъ проектхэм, «КъБР-м егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм хыхьэу къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Энеев Т. М. и цIэр зэрихьэу Гундэлэн дэт курыт еджапIэ №4-м и спорт залыр, а къуажэм и курыт школ №1-м, Доттуев А. Ж. и цIэр зезыхьэм, и унэри зыхуей хуагъэзащ, апхуэдэуи Терскол жылэм сабий 40 зыщIэхуэн сабий сад щаухуащ.
ЩIыпIэ бюджетым и хьэкъкIэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэхэм ящыщщ Былым къуажэм Ахматов А. М. и цIэр зэрихьэу дэт курыт еджапIэм и унэр зэрагъэплъын котельнэ зэрыщаухуар, Нейтринэ къуажэм дэт курыт школым и унэр зэрагъэплъри къызыхуэтыншэу зэрызэрагъэпэщыжар, Совет Союзым и ЛIыхъужь Кузнецов В. Г. и цIэр зэрихьэу Тырныауз къалэм дэт курыт еджапIэм и унащхьэр зэрызэрахъуэкIар, «Зыужьыныгъэм и къежьапIэ» центрхэр щылэжьэну пэшхэр зэрызэрахьар, абы щIагъэувэну унэлъащIэхэр, Iэмэпсымэхэр къызэращэхуар.
Сабийхэр гъуазджэм щыхуагъасэ еджапIэхэр егъэфIэкIуэным хуэгъэпса программэр ягъэзащIэкIэрэ, Абаев С. Б. и цIэр зэрихьэу Тырныауз къалэм дэт, щIэблэр гъуазджэм щыхуагъасэ школыр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ Гундэлэн къуажэм цIыху 400 щIэхуэу дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэр.
«Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» щIыналъэ проектым зэрыщыубзыхуам тету Былым, Эльбрус къуажэхэм щаухуащ сабий джэгупIэхэр, спорт-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексрэ воркаут щIыпIэрэ хэту.
«Къалэхэр ущыпсэуну нэхъ тынш щIыныр» программэм хыхьэу 2020 гъэм зэIузэпэщ ящIащ Тырныауз къалэм, Эльбрус, Былым къуажэхэм фэтэр куэду зэхэт я унэхэм я пщIантIибл, апхуэдэуи Гундэлэн къуажэдэсхэм я зыгъэпсэхупIэр.
«Псы къабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ Эльбрус къуажэм щызэрахъуэкIащ псы зэрыкIуэ бжьамий километри 3,9-рэ.
Къэрал, щIыналъэ, муниципальнэ мылъкукIэ, щIыпIэ бюджетым и хьэкъкIэ гъуэгу зыбжанэ къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжащ Тырныауз къалэм, ЛашкIутIэ, Бедык къуажэхэм, апхуэдэуи Гундэлэн къуажэм и автомобиль гъуэгури къагъэщIэрэщIэжащ, Бахъсэн псым Бахъсэн Ипщэ, Тегенекли къуажэхэм, Нарзанхэм я аузым хуэзэу телъ лъэмыжхэм я автомобиль гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.
Прохладнэ - Бахъсэн - Эльбрус А-158 автомобиль гъуэгум Тырныауз, Бедык, Бахъсэн Ипщэ, Эльбрус жылэхэм хуэзэ и псы Iуфэхэр ягъэбыдащ.
Лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щыгъэзэщIэным 2020 гъэм хухахауэ щытащ сом мелуани 135,8-рэ.
2021 гъэми Iуащхьэмахуэ щIыналъэм социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэху куэд щызэфIагъэкIыну яубзыхуащ.
Апхуэдэу, «Къалэхэр ущыпсэуну нэхъ тынш щIыныр» программэм хиубыдэу иджыри пщIантIиплI зэIузэпэщ щащIынущ Тырныауз къалэм, Эльбрус, Былым къуажэхэм, Гундэлэн къуажэм щыпсэухэм я зыгъэпсэхупIэми кIэлъыIэбэнущ.
«Псы къабзэ» щIыналъэ программэм ипкъ иткIэ ЛашкIутIэ къуажэм псы зэрекIуалIэ бжьамийхэр километриплIым щызэрахъуэкIынущ, Гундэлэн къуажэ кIуэцIым псыр зэрыщызэбграша бжьамийхэм ящыщу километри 4,3-рэ зэрахъуэкIынущ. КъимыдэкIэ, КъБР-м и къэрал экспертизэр арэзы техъуащ Тырныауз къалэм, Бахъсэн Ипщэ, Былым къуажэхэм псы зэраIэрыхьэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ зэхалъхьа проектым. Тырныауз къалэм, Гундэлэн, Былым, Бедык къуажэхэм щыпсэухэм псы зэрыхуаутIыпщ бжьамийхэр зэрагъэпэщыжыным теухуа проектиплI ягъэхьэзырыну я мурадщ, абы нэмыщI Тырныауз псы къыщIэшыпIитIи щаухуэну яубзыхуащ.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектымрэ «ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтын» къэрал программэмрэ къызэрыщыгъэлъэгъуам тету, Тырныауз къалэм дэт курыт школ №3-м и спорт залхэр зэрагъэпэщыжынущ, Бахъсэн Ипщэм цIыкIу 40 зыщIэхуэну яслъэ щаухуэнущ.
Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэр зыщIалъхьа щIыпIэхэр зыхуей хуагъэзэну я мурадщ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр» республикэ программэм хыхьэу. Апхуэдэуи Тырныауз иIэ «Фэеплъ утыку» мемориал комплексым цIэ-унэцIэхэр тратхэжынущ.
«Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуащ Гундэлэн - КъухьэпIэ Къэнжал (километри 6,9-рэ), Гундэлэн - Солнечнэ (километри 2,66-рэ) автомобиль гъуэгухэм я щхьэфэ телэжьыкIахэр зэрахъуэкIыныр, Гундэлэн къуажэм и социальнэ IуэхущIапIэхэм хуэкIуэ муниципальнэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыжыныр.
«Къуажэхэм зэдэууэ зегъэужьыныр» къэрал программэм хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну я мурад Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ Гундэлэн къуажэм и Хьэмащэ уэрамым и асфальт-бетон щхьэфэр зэрахъуэкIыныр, лъэмыжыр зэгъэпэщыжыныр.
ЗэIущIэм къыщыхагъэщащ бгы-лыжэ туризмэм и центр щIынымкIэ IэмалыфIхэр здэщыIэ щIыпIэу Iуащхьэмахуэ лъапэ къызэрынэжыр. Урысейм и Правительствэм абы зегъэужьыным илъэс гъунэгъухэм къыхуиутIыпщыну и мурадщ сом мелардибл хуэдиз.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.