Аушыджэрыр - Бэрбэч лъэпкъым я лъахэщ. Бэрбэч МутIэ и бынхэр адрейхэм къахэщырт еджэным, щIэныгъэм хуаIэ ерыщагъымрэ лъагъуныгъэмкIэ. «Си бынхэм къыхахыну IэщIагъэр Тхьэшхуэм ещIэ, ауэ абы нэхърэ нэхъ согъэнэхъапэ цIыхугъэрэ пэжагъыу зыхалъхьэнум и куэда-гъыр», - жиIэрт нэхъыжьыфIым.
МутIэ и къуэхэу Жылэбий, ХьэтIутIэ, Нэгъурбий, Темыркъан сымэ я балигъ хъугъуэм лъэхъэнэщIэ къэунэхуащ икIи дэтхэнэ зыми езым и псэм фIэкъабыл IэщIагъэр Iэпэгъу ищIащ. ЩIалиплIым ящыщу зыми къигъэукIытакъым адэр, Бэрбэчхэ я лъэпкъ напэми ныбжь жагъуэ трагъэдзакъым. Зэшхэм я нэхъыжь Жылэбий Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм яхэтащ Сталинград деж бийр щызэтезыIыгъахэм, и псэри ТекIуэныгъэм щIитащ. Мэкъумэш хозяйствэр щIыналъэм щызэтегъэувэным и гуащIэшхуэ хилъхьащ экономист Iэзэ, щIэныгъэлI щыпкъэ Темыркъан. ХьэтIутIэрэ Нэгъурбийрэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм къыхуалъхуа хуэдэт. Нэгъурбий щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта нэужь, и псэр зыхуеIэ IэнатIэм пэрыуващ. Ар егъэджакIуэу къуажэ школым къащтащ.
ХьэтIутIэ и япэ дерсхэм ирихьэлIащ парт лэжьыгъэшхуэ зэфIихауэ. ЩIэныгъэфI Ленинград щызригъэгъуэта нэужь, ар лэжьащ партым и обкомым и лектору, абы и къудамэм и унафэщIу, секретару. ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIым и лекцэхэр егъэлеяуэ купщIафIэт, гъэщIэгъуэну, студентхэр псэкIэ итхьэкъуу зэхэлъхьат ахэр.
- ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ къызыщIах егъэджэныгъэ IэнатIэхэм я фIагъымрэ мыхьэнэмрэ псом япэ зэлъытар абы щезыгъаджэ лекторхэм я Iэзагъымрэ я гупсысэм и куууагъымрэщ, я дуней еплъыкIэм и къулеягъымрэ къэухьым и гъунапкъэншагъымрэщ, - жиIэрт ХьэтIутIэ. - Техникэ Iэмэпсымэхэм сыт хуэдизу замыужьами, ахэр егъэджакIуэм и пIэм зэи иувэфынукъым: гупсысэкIэкIэ, гукъыдэжкIэ, студентымрэ езымрэ яку дэлъ псэ хуабагъымкIэ. Егъэджэныгъэм хэт а лъэныкъуитIым я зэпыщIэныгъэр нэхъ куу, быдэ хъухукIэ, зым къулеягъыу бгъэдэлъыр адрейм нэхъ щIэх иритыфынущ.
Егъэджэныгъэ IэнатIэм КъБКъУ-м япэу щыпэрыувауэ арами, а зэманым ирихьэлIэу ХьэтIутIэ и щIыбагъ къыдэлът щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэшхуэ. Абы щыхьэт техъуэ тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ абы. Бэрбэч ХьэтIутIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и совет лъэхъэнэм теухуа къэхутэныгъэхэр япэу нэсу езыгъэкIуэкIар. А темэр шэщIауэ къызэпкърызых щIэныгъэ лэжьыгъэ 20-рэ монографиеу 2-рэ зэман кIэщIым къриубыдэу дунейм къытехьащ.
ЩIэныгъэлIхэм мыхьэнэшхуэ иратауэ щытащ ХьэтIутIэ и «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр социализмэм зэрыхуэкIуар» монографием. «СССР-м и тхыдэ» журналым абы теухуауэ 1964 гъэм къытехуащ тхыгъэ щхьэхуэ. «Бэрбэч ХьэтIутIэ и монографием щIыпIэшхуэ щеубыд къэралпсо тхыдэр джынымкIэ екIуэкI къэхутэныгъэхэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щапхъэмкIэ зэпкърыхауэ къэгъэлъэгъуа хъуащ совет лъэхъэнэм къриубыдэу лъэпкъ цIыкIухэм ягъуэта зыужьыныгъэм и инагъыр», - къыхэщырт тхыгъэм.
Бэрбэчыр куэдрэ ирагъэблагъэрт къэралпсо, дунейпсо щIэныгъэ зэхыхьэхэм. Абыхэм я утыку екIуу къыщыпсалъэрт, къедаIуэ псори къыдихьэхыу. КъухьэпIэ лъэпкъхэм я 24-нэ Дунейпсо конгрессыр щекIуэкIым щыгъуэ, ди къэралым и лIыкIуэу а зэIущIэшхуэм къыщыпсэлъэну зыхуагъэфэщар профессор Бэрбэч ХьэтIутIэт. Ар адыгэ щIэныгъэлIым къыхуащI пщIэшхуэр къэзыгъэлъагъуэт. Хамэ къэралхэм къикIа щIэныгъэлI куэдым яфIэтелъыджэ хъуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ цIыкIум мыпхуэдиз Iэзагърэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI щыпкъэ зэриIэр. Анкара университетым ислъамымкIэ и кафедрэм и унафэщI Велиди Зеки игъэщIагъуэрт Бэрбэчым и Iэдакъэ къыщIэкIа щIэныгъэ тхыгъэхэм гупсысэ куурэ къэIуэтэкIэ екIурэ зэраIэр, ар езыри республикэм и къэрал университетым и къызэгъэпэщакIуэу, унафэщIу зэрыщытыр.
СощIэж, 1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIауэ щытащ цIыху 1500-рэ зыхэта республикэпсо альпиниадэ. Университетым щыщу цIыхуи 101-рэ Iуащхьэмахуэ и щыгум абы щыгъуэ дэкIат. Бгыщхьэ уардэм къеплъыхыу зи Хэкум къиплъэ гупым яхэтт КъБКъУ-м и япэ ректор, хэкупсэ нэс Бэрбэч ХьэтIутIи.
ЩIэныгъэлI Iэзэ къудей мыхъуу, и гупсысэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи, и дуней еплъыкIэкIи щэджащэт ХьэтIутIэ. И къаруи, и зэмани щысхьакъым ар бын пэлъытэу иIа университетыр егъэфIэкIуэнымкIэ. Ректорыр сыт щыгъуи хущIэкъуащ КъБКъУ-р - лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр кIыщыр - езым хуэдэхэм фIыкIэ къахэщыным. Зэманыр и щыхьэтщ ар абы зэрыхузэфIэкIам. Бэрбэч ХьэтIутIэ игъэтIылъа щIэныгъэ лъабжьэм ноби зеужь, зеукъуэдий, мэбагъуэ.
ХэкулI, щIэныгъэлI щэджащэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и вагъуэр ноби маблэ.