КъБР-м и Iэтащхьэм МафIэ мыужьыхым и деж удз гъэгъахэр щегъэтIылъ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Хэкум и хъу­макIуэм и махуэм удз гъэгъахэр щигъэтIылъащ «ЩIыхьым и МафIэ мыу­жьых» мемориалу Налшык дэтым деж, хэкIуэда зауэлIхэм пщIэшхуэ зэра­хуищIым и щыхьэту.
Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Пар­ламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI ­Мусуков Алий, Урысей Федерацэм и Пре­зидентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэ­къуа­уэ Тимур, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Къэ­бэр­дей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэ­мэд, республикэм и хабзэхъумэ органхэм я уна­фэщIхэр, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, щIалэгъуалэ, дзэ-хэкупсэ жы­ла­гъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щыму зэ­хэтащ, зауэм хэкIуэда лIыхъужьхэм я фэ­еплъым пщIэ хуащIу.
Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу зэхыхьэхэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, щIыналъэ псоми.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ