ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх…

Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр ­къы­хуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умы­щIэжыну и нэгур ­къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэ­зыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъы­зэкъуихыу зыгуэрым ху­пы­гуфIыкIыфыр-къым. Бабэ и гум щыщIэм, ар гухэ зы­щIым, гунэдж къезы­мытым ­псори щы­гъуазэщ, арагъэнщ абы лейуэ зыри къы­щIы­дэмыгушыIэр, зэзэ­мызэ и хьэ­лъэр къыщагъэп­сынщIэн щхьэ­­кIэ, псэлъа­­кIуэ-уэр­шэракIуэ гъу­­нэгъу фызхэр къы­хуекIуэкIми, щIагъуэу гужьдэгъэкI щIамыщIыр. Сытым хуэдэу унагъуэ дахэт ­Бабэ и унагъуэр. Зы щхьэгъусэ иIэти, тхьэ узэрелъэIунт - лэжьа­кIуэт, и Iэм дыщэ къыпощ, жы­хуаIэм ещхьт, сытми хуэIэпщIэлъапщIэт. Къуитху зэдагъуэтати, дыщэ бынкIэ къеджэу я цIэр къуажэ кIыхьым дэлът. Ауэ Бабэ и насыпыр зэуэ къекъутэхащ. Илъэс пщыкIутI фIэкIа бгъэдэмы­сауэ уз бзаджэ къеуэлIам пэмылъэщу щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIащ. Хьэдагъэр иухатэкъым щIалэхэм ­я курыт Хьэбан хуабэ узым щыIэ­щIихам. Быным я нэхъыщIэ дыдэ Iэбу абы махуэ бжыгъэщ зэ-ры­кIэ­лъыпсэужар. Мазэ зыщыплI фIэкIа ямызэхуакуу щIалэ нэхъыжьитIри, Iэюбрэ НэIибрэ, дуней пэжым кIуэжащ. Къыхуэнар Мухьэб и за­къуэти, тегужьеикIауэ и гъащIэр ихьырт: дэкIамэ, къыдэ­мыхьэжын фIэщIу куэбжэпэм Iуту, къыдыхьэжамэ, джэлэн къыщы­хъуу и ужьым иту къыдекIуэкIырт.
Пэмыплъэххэу нэхъыжьыгъэр къызылъыса Мухьэб и анэжьым и закъуэтэкъым зэплъын хуейр, абы къыхуэнащ и къуэш нэхъыжьым и бынунагъуэри. Зыр зым нэхърэ ­нэхъ цIыкIуу къуэшым къыщIэна бынитхур езым яхуэдэхэм емы­хъуапсэу, адэ зиIэми хуемып­лъэкIыу къэгъэтэджын хуейт. Пасэу балигъыпIэм иува Мухьэб зыIуува IэнатIэм и хьэлъагъыр псынщIэу ­­зэхищIыкIащ, лъэкIи къимыгъанэу быныр зэригъэпсэун Iэмалхэр къиулъэпхъэщу щIидзащ. ЗиузэщIы­нуми, зыкъиIэтынуми Мухьэб ­игъуэ ихуакъым, зауэр къэхъеящ. Гъу­нэгъу щIалэхэр зэкIэлъхьэужьу щы­дэкIым, хьэблэм шэмэджыр зыуIун гуэри къыдэмынэжу псори зэуапIэм щыIухьэм, Мухьэб унэм дэсыныр къригъэкIужакъым. Иджы­ри къыздэсым зыщыгугъын ямыIэу къанэ бынунэм къигъэувыIэми, жылэр зэрыхъу фыхъунщ, сэри сыдэкIынущ, жиIэри дэкIат.
ДэкIащи, нобэри макIуэ, ныжэ­бэри макIуэ, ауэ Мухьэб и хъыбар зыри къэIуркъым, зауэри увыIащ, илъэс бжыгъи дэкIыжащ иужьрей фочышэр зэрырагъэкIрэ, ауэ Му­хьэб и хъыбар зэхэзыха зыри къы­къуэкIыркъым… Бабэ хуэмыхьых-хэр арат. «Жьуджалэрэ пэт мэха-шэ, щIыр зэгуэхуу дэмыхуамэ, и ­гугъу къысхуэзыщIын сыту къы­къуэмыкIрэ… Мес, Талъустэнрэ Му­хьэжыррэ къызэрыкIуэжрэ мащIэ щIа, унагъуэ ящIыжащ, я бынхэри Iэгъэ-быгъэм зэрыхэкIрэ куэд щIащ. Сысейр щыхэтыр дэнэ?» - куэ­дым егупсысырт Бабэ, здынэ­мыси щыIэ­тэкъым.
Зы тхьэмахуэкIэ сыщыIэнущ жи­Iэри ТIэху, Бабэ и пщыпхъу нэхъы­щIэр, дыщым къэкIуэжат. ТIэху псэ­лъакIуэт, зыхыхьэр игъэсысу жант, гушыIэ жыпщ, псысэныбэщ, ­хужаIэу псори къыдэзыхьэх цIыху гуапэт. Бабэ зэщIэзыIыгъэр ищIэ пэтми, гупсысэ хьэлъэхэр щхьэщигъэумэ фIэфIу, дунейм щекIуэкI хъыбархэр хуиIуатэрт. Жэщыбг пщIондэ апх­уэ­дэу щысауэ ТIэху унэм къы­щIэ­кIащ, зэ къэсплъы­хьынщ, куэбжэр гъэ­быдэжамэ, ­Iэбжэ-набжэхэр етыжамэ, сеплъынщ, Iэщыр зэгъэжамэ, сахэп­лъэнщ, жиIэри. Бабэ зыри жиIакъым. «Пхъу­жьым игу сеуэнкъым, и пIэ изэгъэжмэ, иджыри зэ сы­щIэкIынщ», - егупсысащ ар.
Илъэс бжыгъэ хъуауэ Бабэ ­куэбжэр игъэбыдэжыртэкъым. «ЩIалэр къэкIуэжрэ, сэхыр етауэ кърихьэлIэжмэ, хъункъым, игу зэ­щыунщ, и жагъуэ хъунщ», - жи­Iэрт. Зым хуэмыдэжу абы нэхъ и нэ-Iэ тетт. Арат пэш цIыкIуитIрэ пщэ­фIапIэу зэхэт унэм къыщIэкIыу, зи щхьэгъубжэхэр куэбжэпэмкIэ гъэ­-за хьэщIэщым Бабэ щIэ­Iэпхъуэ­жари, щIалэр къэкIуэж­мэ, занщIэу къилъагъункIэ гугъэу.
Жэщи махуи КъурIэн еджэу, ар щызэгуипIэм нэмэзлыкъым тетIыс­хьэу, абы къытекIыжмэ, сабий бы­ным яхуэпщафIэу зи гъащIэр зыхь Бабэ жэщитI ипэ зы пщIы­хьэпIэ илъэгъуати, къикIыр хузэ­хэмыхыу иIыгът, Iуэху иримыгъэ­щIэжу. КъыхиубыдыкIам гугъэ гуэр къигъэуша хуэдэти, лъэрытемыт хъуауэ ­къи­­­­жыхьырт, ищIэри зи ужь итри езы дыдэм къыгурымыIуэжу. ТIэху куэбжэр згъэбыдэжынщ щыжиIам къеныкъуэкъуар аращ, Тхьэм зыгуэр къыхуищIэну иуха ­хъу­­­жы­къуэ мэ, абы сытеплъэ­къукIрэ сIэ­щIэкI­мэ, жиIэу.
Бабэ и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм бгыр щэIу хуэдэт, ар зэгуэкIыу и зэхуакум зыгуэр къыдигъэкIыну къызэреIэр къапщIэу. И кIуэцIкIэ къепIэстхъыурэ бгым зыгуэр къеныкъуэкъурт. Игъуэ хъуакъым, жиIэурэ зы макъ гуэрым ар зэ­ришыIэри зэ­хэпхырт, ара хуэдэт бгыр зыщIызэгуэмыкIри. Езыр екIуэ­­талIэу бгыр зыхэт бэлыхьыр щхьэщихыну еIа щхьэкIэ, къы­здикIар имыщIэу къэу­нэхуа псые­жэхым зэпрыкIыну Iэмал хуигъуэ­такъым, апхуэдизкIэ нэри пэри ихьу ар ежэхырти. Жэщыбг пщIондэ бгым и щэIу макъым едаIуэу щыта Бабэ зэ къызэхех ар къы­зэрычэр, къыдихыу хуежьа ­гъуэзми мащIэ-мащIэурэ щIылъэр иуфэбгъуу и дежкIэ къызэрыкIуэр…
Бабэ гъуэзым кърита шынэм ­къигъащтэри къызэщыуат, ауэ и дежкIэ къызэрыкIуэм, гузавэу а бгым зэрыбгъэдэтам и гум зыгуэрхэр ­игъэпIэжьажьэу щIидзати, пы­Iэ­гъуэ къезымытыр арат. А хузэхэ-мых хъарпшэрым IэщIимыубыда- пэ щIыкIэ ТIэху къыхуэзыхьыжа Тхьэш­хуэм Бабэ хуэарэзыт, зи мыхъуми сщхьэщегъэу, жиIэрт…
Жасы нэмэзыр щIын иухакIэт ТIэху къыщыщIыхьэжам. Iэуэ­лъауэшхуэ иримыгъэщIу ар и гъуэ­лъыпIэм екIужащ, Бабэ и пIэм жейуэ илъ сабийхэм я щхьэфэм Iэ дилъэщ, дахэ яжриIэри зигъэзэгъэжащ. «Уэ ди Тхьэшхуэ, дыкъэзыгъэ­щIари ды­зэкIуэлIэжынури уэращ. Си лъэIум и пэр зэрыщIэздзэри и кIэр зэрызгъэтIылъыжри аращи, Мухьэб псэууэ къыс­хуэ­хьыж. УмыщI си кхъаблэпэр зеиншэ, быныр щхьэтепIэншэ. Уэ ди Тхьэ, дыгъэIуэтэж, зэхэдгъэх хъыбарыфI!» - зэ зэрыжиIар фIэмащIэу, Бабэ къытригъэзэжурэ и тхьэ­лъэIур зэкIэлъи­гъакIуэрт, нэхъы­бэрэ зэпищэху, гугъэзагъэ къриту, и къуэр и унэ къызэрихьэжынум и фIэщхъуныгъэр имыгъэкIуасэу.
Я бзэгупэм къыпынарэ ар жамыIэу щIагъуэ дамыхыу «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх» псэ­лъафэр быным яIурылъ хъуат. Псом хуэ­мыдэу а псалъэр Бабэ сабийхэм куэдрэ жаригъэIэрт, фэ фыгуп­цIанэщ, фыпсэ къабзэщ, фи тхьэ­лъэIур мелыIычхэм япхъуэтэнурэ Тхьэшхуэм деж нахьэсынущ, жи­Iэурэ.
Нэмэзлыкъыр гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIигъэкIуатэри, Бабэ унэм къыщIэкIащ, занщIэуи куэбжэмкIэ иунэтIащ. ТIэху куэбжэм иритыжа сэхур къригъэжыжри, и щIыб къи­гъазэу лъэбакъуитI ичатэкъым, ар къыIуихыну зыгуэр къызэреIэр ­щы­зэхихам. Бабэ къызэплъэкIщ, и нэр щIэункIыфIыкIыу къы­щы­хъуа­ми, зызэтриубыдэжри, кIы­фIым къы­хэкIым дежкIэ ­плъащ…
КъигъащIэ псом Бабэ асыхьэтым ириплъэжами ярейщ, ауэ мы да­къикъэм хуэдэу нэхъ IэфI хэтауэ къы­хуэщIэжакъым. И пащхьэ итыр Мухьэбт. Уэд хъуами, пыIэ натIэм къыщIэплъ и щхьэц тIэкIур уэсым хуэдэу тхъуами, ар Мухьэбт, мы ­гъащIэм щиIэ и гугъэ тIэкIухэр зрипх и къуэрт… И дамэм едзэкIа ­къэ­­лът­макъыр Мухьэб иригъэ­тIы­лъэх­ри, анэм и пащхьэ етIысэхащ, и Iэр къищтэри ебэуащ. «Къохъусыж, си щIалэ! Уи хъыбарыфI къытхуэзы-хьа ди Тхьэшхуэм къурмэн сыхухъу!» - жиIэри, Бабэ и Iэгу зэ­лъахэр Мухьэб и щхьэфэм иригъэжащ…
Уэсыр щабэ дыдэу кърипхъыхырт, дунейр нысащIэ фащэкIэ ихуапэ фIэкIа умыщIэну. Нэхугъэрэ гуапагъэкIэ узэщIэзыщтэ уэсыпэ зэ­щIэ­лыдэхэм дзапэ уэрэд кърашым ещхьт, упсэуну, ущыIэну, угуэпэну ухуейуэ уащIу… ИлъэсыщIэ жэщт а жэщыр… Адрей жэщхэм нэхърэ сыткIэ нэхъ гъэщIэгъуэн жыпIэнущ, ауэ хъуэхъубзэр изщи, фIыгъуэ Iэджэм упегъаплъэ, ущегъэгугъ. Бабэ дунейм зэрехыжрэ Iэджэпси ежэхащ, ауэ и «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх!» псалъэр къилъхуахэми, абыхэм я лъхужхэми нобэ яIурылъщ, и псэм зыхищIа фIэщ­хъуныгъэр щIэблэми яIэщIэмыхуу…

ТАБЫЩ Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.