КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм

Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и Советым и Секретарь Патрушев Николай мазаем и 19-м Ставрополь къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ ­федеральнэ щIыналъэм лъэпкъ шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщы­ным ехьэлIа зи чэзу Iуэхухэм щы­тепсэлъыхьа зэIущIэ.
Зэхуэсым хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, ­округым хыхьэ щIыналъэхэм я уна­фэщIхэр, урысей министерствэ, IуэхущIапIэ зыхуэфащэхэм я лIыкIуэхэр.
Гулъытэ хэха хуащIащ лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ хабзэр къызэпамыудыным ехьэлIа лэжьыгъэм. Къэ­зыпщытэ-кIэлъыплъакIуэ органхэм пщэ­рылъ щащIащ Iулъхьэм пэщIэ­тыным, апхуэдэу къэрал, муниципальнэ къулыкъущIэхэм я IэнатIэхэр къагъэ­сэбэпу хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным ткIийуэ кIэлъыплъыну, лъэпкъ проектхэм трагъэкIуэдэн хуейуэ къы­хуаутIыпщ ахъшэр зэхамыдыгъуэжын папщIэ а Iуэхум я нэIэ трагъэтыну.
Зэрыщыту къапщтэмэ, КИФЩI-м лъэпкъ проекту щагъэзэщIэну яубзыхуа 327-м псори зэхэту сом мелард 500-м щIигъу хухахыну траухуащ. Абы къыхэкIыу полномочнэ лIыкIуэм и Аппаратыр зэпымыууэ кIэлъоплъ а мурадхэм къыхуаутIыпща ахъшэр зыхухаха Iуэхум къызэрыхуагъэсэбэп щIыкIэм.
КIэлъыплъыныгъэм зэкIэ къызэригъэлъэгъуащи, округым хыхьэ щIыналъэхэм лэжьыгъэр щызэблэу къыхэ­мыкIыу лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэ, щIыналъэхэр зыхуагъэувыжа къалэнхэм хъарзынэу йохъулIэ. 2020 гъэм къапэщыта Iуэху 1013-м щыщу ягъэзэщIащ е планым щIрагъэгъуащ 839-мкIэ, ар я къалэну щытам и процент 82,8-рэ ­мэхъу.
Къыхагъэщащ коронавирус узыфэм зимыубгъун папщIэ къыхалъхьа мардэ пыухыкIахэр лэжьыгъэхэр и пIалъэм ­къриубыдэу егъэкIуэкIыным зэран зэ­ры­хуэхъуар, яубзыхуауэ щытахэм щIынамыгъэсыфам и щхьэусыгъуэри арауэ зэрыщытыр. Ягъэува мардэхэр щхьэщахыжмэ, Урысей Федерацэм и Президентым къалэн къащищIахэм япкъ ­иткIэ, щIыналъэхэм лъэпкъ проектхэм щIэгъэхуэбжьауэ щелэжьын хуей хъунущ.
Псом япэрауэ зи гугъу ящIыр «Демографие», «Егъэджэныгъэ», «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектхэрщ. Хабзэхъумэ, къэпщытакIуэ-кIэлъы­п­лъакIуэ органхэм а унэтIыныгъэхэр ­кIэ­лъыплъыныгъэ ткIийм щIагъэувэн хуейщ, ныкъусаныгъэхэр щыIэмэ, къагъэнэIуэн папщIэ.
Чайкэ Юрий зэрыжиIамкIэ, щIыналъэхэм я унафэщIхэм чэнджэщ иратащ лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ лэ­жьыгъэм кIэлъыплъыным, щIэпхъаджагъэхэр къыщIэгъэщыным хуэунэтIауэ, хабзэр къызэпамыудын папщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыну икIи къыщIэхуауэ къахутэхэр жэуа­пым ирашэлIэну.
Полномочнэ лIыкIуэм щхьэхуэу къыхигъэщащ щIыналъэ проектхэм зэгъэзэхуэжыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ къыкъуэкIмэ, абыхэм псынщIэу зэры­хэплъэжыпхъэр икIи бюджетым щыубзыхуа мылъкум нэхърэ нэхъыбэ те­мы­кIуадэу къэрал зэгурыIуэныгъэхэр зэры­зэщIылIэжыпхъэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.