Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Борэн ФуIэд

Волгоград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2020» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэр икIи абы къыхэжаныкIахэр ягъэпэжащ.
Ди республикэм щыпсэу куэд зыщыгуфIыкIа хъыбар къикIащ а къалэм. «Учительская газета»-м и редактор нэхъыщхьэ Хасавов Арслан зи унафэщI IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI саугъэт хэхар къратащ Тырныауз къалэм дэт етхуанэ гимназием физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Борэн ФуIэд. Ар яту зэрыхуежьэрэ иджы япэу ар хуагъэфэщауэ аращ физкультурэмкIэ егъэджакIуэм.
«Учительская газета»-м и унафэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм, зэпеуэм хэтахэм. Республикэ зэхьэзэхуэм щытекIуэу къэрал утыкуми пщIэшхуэ зыщыхуащIа Борэн ФуIэд илъэс 18 хъуауэ пэрытщ и IэнатIэм. Абы и лэжьыгъэм гулъытэшхуэ щыхуещI ГТО мардэр къэгъэщIэрэщIэжыным, егъэджэныгъэм щIэуэ къыхыхьэхэр и дерсхэм къыщегъэсэбэп. ЦIыхур узыншэн папщIэ а Iуэхум щысабийм деж щегъэжьауэ гулъытэ хуэщIын хуейуэ, ар Iэпэдэгъэлэл пщIы мыхъуну къелъытэ ФуIэд. Абы зэманышхуэ хухех зи узыншагъэкIэ дагъуэ зиIэ, зи Iэпкълъэпкъыр хуиту къызыдэмыбз сабийхэм щхьэхуэу ядэлэжьэным.
Зэпеуэм хэтхэм Борэныр ядэгуэшащ и лэжьыгъэм и пIалъэкIэ икIи абы къыщигъэсэбэп Iэмалхэр икъукIэ щхьэпэу къызэралъытам и щыхьэтщ къыхуагъэфэща саугъэтри ар къыщратыжым кIыхьу Iэгу къызэрыхуеуари.

ДЖАТЭ Къантемыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ