Беслъэней пщыжылагъуэр Къэбэрдейм зэрыхэщхьэхукIа щIыкIэр

Дгъэнахуэхэр: Къэбэрдей пщы­жылагъуэхэр. Беслъэней пщыжылагъуэр. Пщызэныкъуэ­къур. Къызбрун зауэ. Тыркуейр. Кърымыр. Урысейм и телъхьэхэр. Урыс пщы Къанокъуэхэр. Къано­къуэхэ я зы тIасхъапIэ. Къанрэ ­малъхъэрэ. Гъунэгъухэр.
Абэзэхэ, шапсыгъ, бжьэдыгъу адыгэ жылагъуэхэм илъэс мин бжыгъэ я ныбжьмэ, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ пщы-уэркъ лъэхъэнэм я Iэужьхэщ, илъэсищэ зыхыблщ зэрыхъур. XV лIэщIыгъуэм ирихьэлIэу адыгэр Iуэ ДыщэкIэ (Золотая Орда, Джучиев улус, Altin Orda, Golden Horde) зэджэу щыта империем и вагъуэр щыкъухьэжым, пщыгъуэ зыбжанэ къэунэхуащ, Къэбэрдейри абы яхэту. Абы щы­гъуэми щIыгушхуэ къалъысащ - Псыжьрэ Тэрчрэ я зэхуаку тIуащIэр.
Езыхэм я пщыгъуэ увыным ипэкIэ къэбэрдейхэр къэунэхуащ. Жылагъуэм и къызэгъэпэщакIуэр Тамбий и къуэ Къэбардэщ. «Къэбардэ» цIэр щIыпIэцIэуи жылэцIэуи уващ. Инал къахыхьэри, пщыжылагъуэ хъуащ. IуэрыIуатэм жиIэм тепщIыхьмэ, Инал Адыгэ хэкум и пащ­тыхьт (падишах псалъэм къытокI), абы къыхэкIыуи щIыхьышхуэ иIэт. Пщыхэм яхэтакъым мыбы хуэдиз цIэ лей зиIа: АкIабгъуэ, Инал-­Нэф, (Инал­-Нэху жызыIи щыIэщ), щихъ ИналкIи еджэрт, Инал-­Щэджащэр дэ нэхъ тфIэкъабылщ. Инал зыщы­щымрэ къызыхэкIамрэ ятеухуауэ зэтемыхуа­гъэ щыIэхэщ: хэт Мысыр адыгэ пащ­тыхь­хэм щыщу, хэти лъэпкъкIэ хъэзэру яIуатэ.
Мудэвейм (Абхъаз-­Абазэм) къи­кIауэ къэзылъытэхэри мащIэкъым. Инал муслъымэнт, фызиплIи иIауэ жаIэ. Пщы лIакъуэм и лъапсэгъэ­тIылъ хъуа Инал и къуэрылъхухэм ­къалъхужа еплIанэ-етхуанэ лIэужь­хэм (псалъэм и хьэтыркIэ, Къано­къуэ е Идар, Мэхъуэшокъуэ е Къаниболэт) и хъыбар пэж зэхамыхынкIэ Iэмал иIакъым. Ауэ щыхъукIэ, Инал къагупсыса шыпсэ лIыхъужь мы­хъуу, адыгэ тхыдэм увыпIэ хэха щы­зыIыгъ тхыдэ лIыхъужьу щыIауэ, псэуауэ зэрыщытым пцIы хэлъкъым. И пщыгъуэр тохуэ XIV-XV лIэщIы­гъуэхэр щызэблэкI лъэхъэ­нэм. Пщы щэджащэр дунейм щехыжым, фыз зырызым къалъхуа и къуэхэм щIэи­ныр хуагуэшащ. ШынэхъыщIэ Бес­лъэн Езанэм ­къуэкIыпIэ лъэны­къуэмкIэ щыIэ щIыгумрэ жыла­гъуэмрэ, Тэрч псы икIыпIэр абы хиу­быдэу, лъысащ. Ар и къэунэхукIэ хъуащ Беслъэней пщыжылагъуэм. Беслъэн къалэкIэ нобэ зэджэм и цIэри абдеж къыщежьэу плъытэ хъунущ.
Инал и къуэ нэхъыжь Тобылэ пщы лIакъуэ тхыдэм «Тобылэ Ду» жиIэу ихуащ, абазэбзэкIэ абы «щэджащэ» къокI. «Щэджащэ» щыфIащакIэ и тетыгъуэр кIыхьащ, зэхэ­щIыкIи жэрдэми зэрыхэлъам шэч къытепхьэ хъунукъым. Пасэрейхэм къытхуагъэна «Жэрдэмыншэ дзэ пашэ хъуркъым» жыхуиIэ псэлъа­фэри абы и щы­хьэт пэжщ. Тобылэ къуищ къы­щIэнащ: Жанхъуэт, Инармэс, Минболэт; Къанкъылыш зы ­къуэ - Тохъу­тэмыщ, Беслъэн Езанэми иIауэ тщIэр зы къуэщ, ар Етэчу ­худогъэфащэ.
Инал и бынхэм я быныжхэм яку зэгурымыIуэныгъэ зэрыдэлъар къегъэлъагъуэ кърым хъан Менлы Джэрий урыс пащтыхь Иуан III 1498 гъэм зэрызыхуигъэзауэ щыта тхыгъэм: «И ныне Богу моляся, опроче черкас дела нам нет, а сами ведаете, Айтек в головах, черкасские князи и люди приехали и поминки привезли». КъызэрыбгурыIуэ хъунумкIэ, мыбы къокI Инал и бынхэр хъаным и IурыщIэу щытахэу, пщышхуэныгъэр Етэч IэщIэлъ пэтми, зэпаубыдауэ, зэфIытрахыу. А лъэхъэнэм пщы зэныкъуэкъур хабзэ мыгъуэ хъури, Къэбэрдеймрэ Беслъэнеймрэ нэ­мыщI, пщыгъуэ цIыкIуиплI аргуэру къэунэхуащ, жылэ къэс унафэр зи IэмыщIэ илъ пщы нэхъыжьым и цIэр зэрихьэу:
1. Тохъутэмыщей - Тохъутэмыщ, Къанкъылыш и къуэр зи пщы нэхъыжьыр
2. Идарей - Идар, Инармэс и ­къуэр зи пщы нэхъыжьыр
3. Тэлъостэней - Тэлъостэн, Жанхъуэт и къуэр зи пщы нэхъыжьыр
4. Джылахъстэней - Джылахъ­стэн, Минболэт и къуэр зи пщы нэхъы­жьыр.
Ауэрэ пщыхэр пщышхуэ унафэм фIэмылIыкIыжу щхьэзыфIэфI хъуа­хэщ. Аращ Беслъэней пщыжыла­гъуэр Къэбэрдейм хэIэпхъукIын хуей щIэхъуам и щхьэусыгъуэ нэхъыщ­хьэр. Беслъэнейр Къэбэрдей пщы­жылагъуэу къежьэу щхьэхуэ зэры­хъуам шэч къытрахьэу щытакъым Хъан-­Джэрий (1836), Нэгумэ Шорэ (1844), Сталь Константин (1852), Дубровин Николай (1870), Кушевэ Е. Н. (1963) сымэ. Алексеевэ Е. П. (1957, 1959) нэгъуэщI еплъыкIэщ иIар. Те­гъэ­щIапIэхэр зэрымащIэм къы­хэкIыу, а Iуэхум зэпкърыхауэ теп­сэ­лъыхь тхыгъэ щыIэкъым. ГурыIуэ­гъуэщ, блэкIам и тхыдэ жыжьэр зэфI­эгъэувэжыныр гугъэзагъэ зэ­ры­мыхъунур. ИтIанэми, ар лъэпкъ тхыдэу щыщыткIэ, гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ. Дыщыгугъынщ ди тхыгъэ мащIэр Iуэхум и щIэдзапIэ хъуну.
Нэгумэ Шорэ (1794 - 1844) итхыжа хъыбарыжьхэм къызэраIуатэмкIэ, пщыхэр бэлэрыгъауэ иригъэхьэ­лIэри, пщы Къанокъуэ и адэр къигъэдаIуэри,  езыхэм къегъэза уна­гъуэ щитI хуэдиз и гъусэу щхьэхуэ зищIащ, Къэбэрдейм икIри Уарп Iуфэ Iэпхъуащ. «Псибл икIащ» жаIэ, псиблкъыми, нэхъыбэ икIащ. Ауэ унагъуэ «щитI хуэдизыр» мащIэIуэщ, пщы Къанокъуэхэ уэркъ я мащIатэкъым. Абыхэм ящыщщ лIакъуэлIэш Кургъуокъуэхэ (Елдархэ), Дэхъущокъуэхэ (Тхьэзритокъуэхэ, Лъахъэ­дыгъу­хэ, Елбэдзыкъуэхэ), Сэнэшо­къуэ­хэ (Дэхъукъуэхэ), Бэгупсэхэ, ­ды­жьы­ныгъуэ Езыкухэ, Гъуншхэ, ­Къуэ­дзхэ, нэгъуэщIхэри. Къедбжэ­кIахэм къуа­жэ зырыз нэхъ мыхъуми яIагъэнщ.
Щхьэусыгъуэншэу зыри къэхъуркъым. «ЗэхэкIыр губжьым къыхокI»  жыхуаIэр пэжщ. ПсэупIэр хъуэ­жыным Къанокъуэр езышэлIар, дауи, пщызэныкъуэкъурщ. Ауэ уны­къуакъуэ къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIрэ? Къыпщхьэщыжын уимыIэмэ, лъэ­рыщIыкI уащIынут. Абы и лъэны­къуэкIэ беслъэнейхэм хэкIыпIэу яIаращ: пщы Къанокъуэ 1515 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ хуэхъуащ тырку сулъ­тIан Селим Езанэ Ябгэм (1512 - 1520) и къуэ Сулеймэн, Къафэ къалэм и бейлербейр. Абдежым ирихьэлIэу тыркухэм Кърым хъаныгъуэр яубыдауэ, Адыгэ хэкур IэмыщIэрылъ щIыным щIэбэну, Дарий гъуэгужьыр зэIуахыжыну я гуращэу щытащ. ­Бес­лъэней лIакъуэлIэш Тхьэзрито­къуэ 1532 гъэм и пэ къихуэу малъхъэ ­хуэхъуащ кърым калга Долэт I Джэрий, 1551 - 1577 гъэхэм хъану щы­тар. Языхэзри къыбдалъагъуну Iейтэкъым.
Абыхэм къакъуэгушхукIыу Къа­нокъуэм пщышхуэгъуэр япиубыдами, е адэ щIэиныр зэхьэрхуэрэгъу­хэм зэпаубыдами хэт ищIэн? Сытми, Инал и бынхэр хуабжьу зэпыIукIуэтахэщ. Езы Къанокъуэри сампIэимыхьэ, леймыгъэгъу гуэрти, жа­гъуэгъухэм заригъэцIыхужын хуей хъуащ. Хьэлэбэлыкъыр зауэм хуэ­кIуащ. Беслъэней жылагъуэм зиIэтри, пщыр я пашэу, Псыжь икIыжыну ежьащ, выгу зэщIэщIахэр япэ иту, лъэсхэр абы кIэлъыкIуэу, пщы-уэркъ щауэхэр ябгъурытыжу. Бахъсэн псыи­кIыпIэм деж, Фэндыкъуэ пэу­кIэм нэсауэ, ежьахэр Къэбэрдей дзэм къигъэувыIащ. ЛъэныкъуитIми зы­зэрадзащ. А Iуэхугъуэм теухуащ «Къызбрун зауэ» уэрэдыжьыр. Уэ­рэдри хъыбарри щысхьыпэу лъэп­къым ихъумащ. ГъэщIэгъуэныщэщ - джэгуакIуиб­лым уэрэдым халъхьа едзы­гъуиблри ди деж къэсащ. Джэ­гуакIуэхэм пцIы яупс хабзэтэкъым, лъагапIэм тету зауэм кIэлъыплъурэ ялъагъур уэрэдым хагъэувэу арат ­хабзэр.
«Къызбрун зауэм» лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтхэр Идаррэ Къано­къуэмрэщ. Уэрэдым игъэкъуаншэр беслъэней лъэныкъуэрщ: «Къано­къуэ нэфмэ и жылэр рилъэфэ­кIуэжщ» жеIэри. ДжатэпэбжыпэкIэ зэрылIыну зэхэша хъуа зауэм и теп­лъэгъуэ куэд наIуэу уи нэгу къы­щIегъэувэ уэрэдым; лъэныкъуи­тIым­кIи зауэм хэта псоми щIэхъумэ имы­Iэу темыпсэлъыхьу къанэркъым: «Къызбруным ди пхъэмбырур а махуэмэ зэбгъузэнатIэт», «Ды- Къызбрунмэ лъыпсые бзаджэхэр ­даушэ! Ди нарту шухэр IумпIэкIэ къызэрыдош», «Си Хуэшие [къуажэ] къыдэкIа лъэсхэмэ я щэнэкъхэр яIыгъыжхэщ», «Бзы­лъхугъэмэ и къабзэ­хэмэ щIа­кIуэ­хэр задиящэтырхэщ». Пщы Къанокъуэхи, абыхэм я къуэ­дзэ лIа­къуэлIэшхэми зэрахьа лIыгъэм ­теухуащ мы псалъэхэр: «Елджы­рокъуэпщыр, брумэ унелъэ-къелъэщ»; «Къано­къуэм и таджыр зауэгъуэмэ къахолыдыкI»; «Дэхъущокъуэмэ и тэджэлейр къуращхьэмэ къейгъэ­лажьэ»; «Кургъуокъуэхэ Жэн­джэ­­­риифI­ри дыдзэзэшэнмэ хэ­мыкI».
Къанокъуэхэ яфIэзахуэу, гъэIэп­хъуэн Iуэхум хыхьащ бжьэдыгъуи, абази, мэхъуэши. Шэч хэлъкъым - ахэр тырку унафэншэу, езыр-езыру къежьакъым. Едзыгъуэ къэс уэ­рэдым бжьэдыгъу дзэпашэ «Хъы­мыщкIэ Елжэри лIыхъу» и цIэ ­къреIуэ. «Айдарыр укъан сэхъущ, Пщы сэхъур Елжырокъуэпщ» жиIэу Идар хуошхыдэ. Ауэ Къанокъуэ и ­къуэ Елжырокъуэ «пщы сэ­хъур» ­нэхъIеижитIщ, ар зытеса шыми и ­гугъу ещI уэрэдым: «Лъахъуэдыгъу пщIэгъуэлащхъуэр къалэбжэм ­къыщегъэбгъунж». «Багъырсокъуэ Алътаймэ и натIэр шэкIэрэ итхъущ» жы­хуиIэри мэхъуэщ пщыуэ щытын хуейщ. «Бжьэдыгъу шухэр мащIэти, емынэ нэфт». «Бжьэдыгъу шу­хэмэ хакIуэжьхэр мафIэкIэ ягъаблэщ, Абазэ лъэсхэмэ лыгъэгъуа­хэр щIыбкIэрэ зырахьэ» жоуэ уэ­рэдым халъхьащ лIыгъэщIапIэ ихуа, текIуэныгъэр къахьыху, къикIуэт ямыщIэу зауэм Iута кIахэ адыгэхэм.
Идар я пашэу къэбэрдейхэр, ­къарууэ яIэр зэхалъхьэри, уващ, ­беслъэнейхэр ирамыгъэкIыну: «Идар и дыщэ мэIур шэуэфIкIэрэ арегъэ­къутэ. Идар - пщымэ, хахуэжьыгъэр ШыпшкIэрэ Сэмэгу ейщ», «Шып­шымэ и тэджэлейр зэрыхэулъагъу, Дзэпиблмэ ягухэр джатэпэкIэ нызадэрелъ». Уэрэдым «мыр пщыщ, мор уэркъщ» жиIэу зэхэгъэж ищIыркъым, зэрыщы­мы­тауэ игъэIуркъым, щхьэж къилэжьар и Iыхьэщ. Псы икIыпIэм деж къыщагъэувыIахэм щыщ зыкъомыр гъэрыпIэ иуващ, ­Iуашри Къызбрун пщычом дау­быдащ. «Багъырсо­къуитIмэ брумэ зыщагъэбыдэщ: «Псогуэри дыIэ­рыу­быдщ», жаIэри я джатэпIэр ­зыралъхьэж».
ГъэщIэгъуэнщ къэ­бэр­дейхэм абдежым къагъэсэбэпа зэуэкIэри. Бес­лъэнейхэм къытраха выгухэр пэIущIэу быдапIэм ихъуре­ягъкIэ кърагъэувэкIри, «бру ещанэ» яухуащ. Хэт гупхэм иту, хэти гу къуагъ­хэм къуэту шабзэшэхэр бы­дапIэм ебгъэры­кIуэхэм трагъэщащэурэ, мащIэрэ зэзэуа, куэдрэ зэзэуа, сытми, бес­лъэнейхэр Къызбрун быдапIэм яфIыдыхьэри, гъэрхэр хуит къащIыжащ. «КIэсэбийхэ я акъсакъалмэ и джатэпэ къытхуэигъэжан. И майдэ къыгъэжанамкIи къалэбжэмэ къыхиупкIыкIщ», жыхуиIэхэр зыхуэгъэзар быдапIэр къэзыщтахэрщ. Къызбрун зауэзэрылIым цIыху куэд хэкIуэдащ. ДэнэкIэ умыплъэми, мафIэ ­лыгъеймрэ уIэгъэмрэ, пыхьэмрэ щэ­Iумрэ щыкуэдт: «Дыгулыбгъуей жы­лэхэр губгъуэ дзэкум щокъугъ­хэр».
Къызбрун зауэм теухуауэ, лъэхъэнэм и Iэужьу, уэрэдым нэмыщI, щыIэр урысхэм XVI - XVII лIэщIы­гъуэхэм ятхыжа «Къэбэрдей адыгэ пщы лIакъуэм и тхыдэрщ». Тхыгъэ­жьым къреIуэ Беслъэней­-Къэбэрдей зауэм быныншэу хэкIуэда пщыхэм я цIэ: Тэтэрхъан (Къеты­къуэ Аслъэнбэч Езанэм и къуэ), Дзэгъэщтокъуэ (Биту и къуэ Елбэдзыкъуэ и къуэ), Сэртмэн (Къетыкъуэ Жан­сэхъу и къуэ). Нэгумэ Шорэ Къызбрун зауэм хэкIуэдауэ илъытэу щытащ пщыхэу Талъостэн, Тохъутэмыщ, Тохъутэмыщ и къуэ Къылыш. Ауэ ар фIэщщIыгъуейщ. Нэхъ уи дзыхь зэбгъэз хъунур «пщы лIакъуэ тхыдэрщ», абы къызэригъэлъагъуэмкIэ, Къы­лыш зи къуэр Тохъутэмыщкъым - Иналщ, Тохъутэмыщыр и адэщ, и ныбжькIи а зауэм хиубыдэнкIэ Iэмал иIакъым.
ИщхьэкIэ къыжытIа псор зэ­хэплъхьэжмэ, Къызбрун зауэри Беслъэнейр Къэбэрдейм пыщхьэ­хукIынри къыщыхъуар Идар и пщыгъуэ 1530 - 1540 илъэсхэращ. Идарей пщыжылагъуэр Шэрэдж псыхъуэ щыдэтIысхьар Къызбрун зауэм иужькIэу жеIэ Нэгумэ Шорэ. Идархэ абы зэрыдэсам и щыхьэту ноби Аушыджэр къуажапщэм деж щытщ Идар и Iуащхьэр. Тхыдэ Iэужь тхыгъэхэми ардыдэр къагъэлъагъуэ. А щIыпIэ дыдэм итщ Андемыркъан пщытумэм и Iуащхьи. Андемыркъан езыгъэукIауэ жыхуаIэр Беслъэн ПцIапцIэщ, зыукIахэм ящыщщ Идар и къуэ Биту: «Битуужьри носри… Уойрэ, и бжыкI гущэри пыIуидзэщ! Зынредз Андемыркъаным, Битум и жьакIэр пегъэщ! «Сыпщыгъупщэнкъым» жери… Уойрэ, и Iэпхъуамбищ гущэри дигъакIуэщ! «Уэ узэхэзекIуэщ!» жери нэкIу и дамыгъэр тридзэщ!».
Андемыркъан пщытумэу щыщы­такIэ, дауи, пщы гуэрым къригъэлъ­хуащ, хэтми мыIупщIми: хэти Ида­рырауэ, хэти Къанокъуэрауэ, хэти Мудар Xьэфэу яIуатэ. Мудар Хьэфэ а лъэхъэнэм хиубыдэркъыми, умыбжми хъунущ. Пщытумэр къезыгъэ­лъхуауэ КъардэнгъущI Зыра­мы­ку илъытэу щытар Идарщ. «Армы­рамэ Андемыркъанрэ Идар и къуэ Къаниболэтрэ «зы быдзышэ здрагъэфэнкIэ Iэмал иIэтэкъым» жиIэрт. Iуэхум и пэжыпIэр щумыщIэм деж гугъущ. Андемыркъан лъэпкъкIэ ­Къано­къуэр пэжмэ, уегупсыс хъунущ: «Фы­гъуэмрэ ижэмрэ къыхэкIыу лIы ­гъуэзэджэр гъэпцIагъэкIэ утыку ирашэу, гуузу зэраукIар, ярэби, зыгуэркIэ емыпхауэ пIэрэ Беслъэней жылэм Къэбэрдейр ибгынэн хуей щIэхъуам?» - жыпIэу.
Къанокъуэ и быным къахэпажыкIа Мэхъуэщокъуэ Истамбыл тырку пащтыхьым и бжаблэм къулыкъу щищIэу, беслъэнейхэр IэпхъуагъащIэу, зэрыпсэун зэрахуэу, Iуэхушхуэ къалъыкъуэкIащ абыхэм. Къано­къуэхэ япхъу, сулътIан Сулеймэн и япэ щхьэгъусэ Махидевран гуащэ (Гюльбахар, Босфоранэ) и тIуанэ-нысэгъей Роксаланэ и зэранкIэ хуэ­фэщэн пщIэ имыIэж хъуащ. И шыпхъум къраха пудыныгъэр Мэхъуэ­щокъуэ гуимыкIыж щыхъуащ икIи яхуимыгъэгъуну мурад ищIащ. Ауэ пащтыхь куэдым я пащтыхьыж, ­муслъымэн псом я хъалиф сулътIан Сулеймэн дауэ упэлъэщыну? Гу­ныкъуэгъуэм хэмыкIыурэ, Мэхъуэщокъуэ Истамбыл гъащIэр хуэмы­хьыжыххэ хъури, 1552 гъэм и бжьы­хьэку мазэм щтапIэщIэкI пащтыхь Иуан ЕплIанэ Ябгэм екIуэлIащ.
Апхуэдэ хабзэ щыIащ, пащтыхьхэм къулыкъу хуащIэу, ар лIыгъэщIапIэу, лIы нэщэнэу ялъытэу. А щIыкIэм тету зэбгрыкIауэ щIыпIэ куэдым ­ущрихьэлIэнут адыгэ пщы щауэхэм. Урысейм апхуэдэ IуэхукIэ япэу екIуэ­лIауэ дызыщыгъуазэр Мэхъуэщо­къуэщ. Беслъэней пщы щауэр урыс пащтыхьым гурыIуащ, хуэфэщэн пщIэ къыхуищIмэ, Тыркуейм и бийуэ Iуэху пыухыкIахэр хуилэжьыну. ЛIэу­жьыфIым къыхэкIа пщы теплъа­фIэм тыншу дзыхь кърагъэз, жор пщIыхалъхьэ, Мэхъуэщокъуэ цIэр ИуанкIэ яхъуэж. Абдеж езы пащтыхьыр жор адэу увауэ шэч уэзыгъэщI гуэрхэр щыIэщ.
Мэхъуэщокъуэ Иуан ЕплIанэр ­къигъэгугъащ адыгэпщ псори дэ­Iуэгъу къыхуищIу, Тыркумрэ Къры­мымрэ я бийуэ екIуэкI бэнэныгъэм и зэфIэкI хилъхьэну. ЖиIари игъэ­пэжащ. Пщы хахуэм Тыркум и бийуэ хэкум исыр зэщIигъэуIуэри, къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий я ­гъусэу, хы ФIыцIэ Iуфэм Iут тырку быдапIэхэу Темрюк, Тамань, Исламкермен (1556 гъэм и жэпуэгъуэм), ­Азакъ (1559 гъэм и мэлыжьыхьым) псоми яфIэтелъыджэу хъунщIэ ­къещI.
Къи­нэмыщIауэ, Мэхъуэщокъуэ адыгэ пщыхэм къабгъэдэкIыу ­адыгэ лIыкIуэхэр хэнейрэ Мэзкуу ­игъэкIуэн хузэфIокI: 1552 гъэм и бжьыхьэкIэм, 1555 гъэм и гъэмахуэкIэм, 1557 гъэм и гъэмахуэпэми и гъэмахуэкуми, 1558 гъэм и бжьыхьэкум, 1559 гъэм и бжьыхьэпэ мазэм. 1555 гъэм кIуахэр шууищэрэ щэ ныкъуэрэ хъурт, жаней пщы Къанщо­къуэ и къуэ Сибокъу, абы и къуэш Ацымгукъу, Къудэнэкъу, абазэ ахъэ Елбэдзыкъуэ и къуэ Дударыкъуэ сымэ я пашэу. Мыбыхэм жор пщIэ­халъхьэри, Мэзкуу къыдэнахэщ, дзэм къулыкъу щащIэну.
Идар и къуэ Темрыкъуэ телъх­ьэгъу хуэмыхъуу нэхъ елIэлIащ ­Мэхъуэщокъуэр. И кIэм, урысым Къэзан, Ащтырхъан (Астрахань) хъа­ныгъуэхэр щиубыдым, Темры­къуэ къыгурыIуащ Иуан ЕплIанэр щхьэтечу ныбжьэгъу, благъэ щIыныр Iуэху щхьэпэу зэрыщытыр. Ар и гуращэу, 1557 гъэм урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ ещI пщы Мэхъуэщокъуэ и ­къуэш Къанкълыш. А Iуэхур Къанкълыш и пщэ зэрыдалъхьар зыуэ гъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ хьэ­лэ­мэ­тыжыр - пщыр лIакъуэлIэш Т­хьэз­ритыкъуэ и лIыкIуэу зэрыуварщ. Тхьэзритокъуэ кърым хъаным и щыкъу адэ щхьэкIэ, пщыр абы и Iуэху­тхьэбзэщIэныр хьэдэгъуэдахэт. Дауэ ­мыхъуми, а илъэсым щы­щIэдзауэ Идархэ я лъапсэр хэ­кIуэ­дэжыху, урысым и телъхьэу екIуэкIащ. И псалъэ зэригъэпэжым и щыхьэту Темрыкъуэ балигъ мыхъуа и къуэ СулътIан и шэсэгъуу, анэмэту Мэзкуу иригъэшащ. Жор пщIэхалъхьа иужь, Михаил хъуа ­щIалэ цIыкIур урыс гъэсэкIэкIэ Кремлым щапIащ. ­СулътIан и шыпхъу нэхъыщIэ Гуа­щэнэ (Марие) Урысей пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъуа иужь, Романовхэ япхъу къра­гъашэри, пащтыхь уна­гъуэр Идархэ лъэныкъуитIкIэ благъэ яхуэхъуащ.
«Нэхъыбэж схузэфIокI» жыхуиIэ щIыкIэу, Мэхъуэщокъуэ Мэзкуу ­зди­шэри кIуащ хъаным и щыкъу ­щIалэ, и чэнджэщэгъу Тхьэзрито­къуэ и къуэ Тэтэрмырзэ. Тэтэрмырзэ кърым хъаным и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэхэм щыщ, зэфIэкIышхуэ зиIэ лIыт. ЛIы гъуэзэджэр, щэхуми нахуэми, урыс пащтыхьым пэшэгъу хуищIащ. Илъэс зыбжанэкIэ Тэтэрмырзи абы и къуэш Ахьмэд­-Аспати Иуан ЕплIанэм хуэтхэ-къатхэу, урыс-кърым IуэхухэмкIэ сэбэп хъууэ, урыс лIыкIуэхэм, сатуущIхэм къащхьэ­щыж зэпыту екIуэкIащ.
Апхуэдэ зэфIэкI зиIэ Мэхъуэщо­къуэ, и лъэпкъэгъухэм я деж и пщIэр щехуэх хъуащ. 1559 гъэм и фокIадэ мазэм Мэзкуу пащтыхьым и пщIантIэм щепсыхыгъащ Къанокъуэ и ­къуэ Елжырокъуэ, къалэщхьэгуэжьу зыщыгугъ къэзакъ атаман Вишневецкий Дмитрий и гъусэу. Беслъэней лIыкIуэм пащтыхьым и пащхьэ хэ­IущIыIу щищIащ: «ДяпэкIэ Адыгэ­ ­хэкур Урысей унафэм щIэту псэуну хуейуэ, атаман Вишневецкий Дмит­рий адыгэ жылагъуэм и унафэщIу, Iэтащхьэу къахуигъэкIуэну ­лъа­Iуэу, чыристан диныр къезыгъэщ­тэн щоджэнхэр (попхэр) и гъусэу». Пащтыхьым а псор и фIэщ хъуа­ми-мыхъуами хэт ищIэн, ауэ Къано­къуэхэ щIелъэIуа псори къахуищIэгъащ.
Мэхъуэщокъуэ тырку пащтыхьым емыпцIы­жынкIэ Iэмал имыIэу щытыпIэ бзаджэ ихуэри, тIэунейрэ ­хамэгу-хамащхьэ хъуащ. Абы сулъ­тIан Сулеймэн и ней къыхэмыкIыпIэ иIэтэкъыми, унафэ быдэ зэбг­ригъэхащ - дин епцIыжакIуэ (муртад) хъуа адыгэпщым и судыр укIкIэ ящIэну. АрщхьэкIэ шынэ зымыщIэ пщы пхъашэр абы щхьэкIи къикIуэтакъым, шу гуп и гъусэу 1560 гъэм и бжьыхьэкIэ мазэм «хы тIуащIэм» зэпрыкIауэ Къафэ къалэм ебгъэрыкIуэу кърым тэтэрхэм яIэ­щIыхьэри яукIащ. А хъыбарыр хъан Долэт I Джэрий Истамбыл иригъэхьа тхыгъэм итщ. Мэхъуэщокъуэ и кIуэ­дыкIэ хъуар Иуан IV гущIыхьэ щымыхъуу къэнакъым. Абы и щыхьэтщ лIам и цIэкIэ пащтыхьым члисэхэм мызэ-мытIэу тыгъэ лъапIэхэр зэрахуищIар.
(КъыкIэлъыкIуэнущ).

СОКЪУР Валерэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)