ЕгъэджакIуэм и дерситI зэи зэхуэдэ хъуркъым

Сухомлинский Василий «Сердце отдаю детям» и тхылъыр гъуэгугъэлъа­гъуэ хуэхъуащ Дзэлыкъуэкъуажэ и курыт школ №1-м и егъэджакIуэ Хьэжнэгъуей ФатIимэ. Ар хущIокъу дэтхэнэ и еджакIуэ цIыкIуми и гу хуабагъэ ирихьэлIэну. ЕгъэджакIуэ хъуным ар щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэ­хъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мыхьэнэ мымащIэ зиIэ нэгъуэщI зы лъэны­-къуи - ФатIимэ и анэшхуэм (Пщыунэ ФатIимэт пэщIэ­дзэ классхэм щIэсхэр илъэс куэдкIэ иригъэджащ) и деж къыщыщIэдзауэ а IэщIагъэр унагъуэм къазэрыдэгъуэгурыкIуэрщ. И анэ ­Пекъу ХьэIишэти илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ ­хъуауэ ­биологиемкIэ егъэджакIуэу мэлажьэ.
- Си анэшхуэм егъэджа­кIуэу лэжьэн щыщIидзар Каменномост къуажэращ, зауэ нэужь илъэсхэм. Абы и дежкIэ егъэджакIуэ ухъун щхьэкIэ мащIэт махуэ ны­къуэкIэ доскам укIэры­тыныр. Ар а IэщIагъэм ирипсэурт, и еджакIуэхэм я ехъулIэныгъэхэм ирипагэу. Уеблэмэ школыр куэд щIауэ къэзыухыу гъащIэ балигъым хыхьэжахэм щхьэкIи «си бынхэр» жиIэрейт. Иджы фIы дыдэу къызгуроIуэ си анэшхуэм и псалъэ­хэр: сыт хуэдиз ныбжь яIэ хъуами, ебгъэджахэр сыт щыгъуи уи дежкIэ сабийуэ щытынущ, - жеIэ Хьэжнэ­гъуейм.
И анэшхуэмрэ и анэмрэ я щапхъэращ ФатIимэ IэщIагъэр къыщыхихым къы­хуэ­щхьэпар. 2005 гъэм ехъу­лIэныгъэ иIэу школыр къиуха нэужь, куэдрэ мыгуп­сысэу КъБКъУ-м «ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ» и унэтIыныгъэр къыхихащ.
- Университетыр къыщыдухым, къыздеджа куэд ­тегушхуэртэкъым школ доскам кIэрыувэну. Сэ а дакъикъэр къысхуэмыгъэсу сы­пэплъэрт, - жеIэ ФатIимэ. - Иджыри сыстуденту, физическэ щэнхабзэмкIэ егъэджакIуэу лэжьэн щIэздзащ, иужькIэ илъэскIэ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №12-м егъэджакIуэ-къызэгъэпэщакIуэу сыщытащ. А илъэсым си зэфIэкIым хэзгъэхъуэну IэмалыфI сиIащ. ИтIанэ пэщIэдзэ классхэр къызатащ.
Хьэжнэгъуейр щылэжьащ сабий ныкъуэдыкъуэхэр щра­гъаджэ Ресурс цент­рым епхауэ щыIэ ЩIэныгъэ-техникэ творчествэмкIэ еджакIуэхэм я щIыналъэ IуэхущIапIэми. ЯпэщIыкIэ ФатIимэ къилъытащ зэса лэжьэкIэм тету кIуэмэ, гугъу­ехь а Iуэхум къыхэкIын хуэмейуэ. АрщхьэкIэ езым зэрыжиIэмкIэ, «егъэджа­кIуэм и дерситI зэхуэдэ зэи хъуркъым».
- Ресурс центрым сыщы­щыIэм цIыкIухэм япэIэщIэу (скайпкIэ) зырызыххэу садэ­лажьэрт. Си еджакIуэхэр зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэрати, жэуаплыныгъэ нэхъыбэ зэрысхьыр къызгурыIуэрт. Уеблэмэ абыхэм я гукъеуэри гукъыдэжри экранымкIэ зыхэсщIэрти, зэ­рысхузэфIэкIкIэ абыхэм щIэныгъэ зэрестым къы­дэкIуэу, гулъытэ хэхаи зэ­резгъэгъуэтыным сыхущIэкъурт, - жеIэ Хьэжнэгъуейм. - ИкъукIэ сфIэфIу сыдэ­лэжьащ дэтхэнэми. Пэжыр жыпIэмэ, цIыкIухэм сапы­щIаурэ сэ езым си зэ­фIэкI­ми къэухьми хэхъуащ. Нэхъыщхьэрати, гъащIэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ сеп­лъу, Iуэху мыхьэнэншэу къыт­щыхъуу щытахэм иджы гулъытэ яхуэсщIуу сыхъуащ. Абы сыщы­щы­лэ­жьарщ къыщызгурыIуар зы махуэм егъэджакIуэ узэры­мыхъур, атIэ а Iуэхум куэдрэ уелэжьын зэрыхуейр. Ар ещхьщ тепса жылэм асы­хьэту гъавэ къузэримытым.
2016 гъэм и фокIадэм ­ФатIимэ Дзэлыкъуэкъуа­жэм и курыт школ №1-м пэщIэдзэ классхэр щригъэджэн щIидзащ. Ар и анэшхуэм и пIэ иувэжауэ жыпIэ хъунущ. 2019 гъэм абы и япэ гъэсэнхэр къы­щIигъэкIащ.
Хьэжнэгъуейр илъэси 10-м щIигъуащ егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зэрыхэтрэ икIи Iуэхуншэу щысыфхэм ящыщ­къым, зэрызиужьынум зэпымыууэ йогупсыс. И мурадхэм ящыщщ абы ­психолог IэщIагъэри зри­гъэ­гъуэтыну зэрыхуейр.
- Си хъуэпсапIэхэм ящыщщ зи узыншагъэм ­сэкъат иIэ сабийхэм папщIэ школ къызэIусхыну. Апхуэдэ цIыкIухэм гулъытэ лей яIэн, я щхьэ Iуэху зэрахуэжыфу егъэсэн хуейщ. Абы щы­гъуэщ гъащIэм щызиIэ фарзыр згъэзэщIауэ къы­щыс­лъытэнур, - жеIэ ФатIимэ.

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.