ЩIым зы ептмэ, щэ къуетыж

Тэрч районым хыхьэ Курп Ипщэ къуажэм щыщ ТIымыжь Заур ­къиухар УправленэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ еджапIэращ (Пяти­горск къалэм). 2012 гъэм лэжьэн щIи­дзащ «Метро» сату IуэхущIапIэм и оператору.
Мыгувэу щIалэм егупсысын щIи­дзащ Iуэху гуэр къызэригъэ­пэ­щын зэрыхуейм. Арати, и сабии­гъуэм къыщыщIэдзауэ щыгъуазэу къызыщIэтэджыкIа IэнатIэм еувэ­лIащ.
- Си адэр механизатору «Ислъэ­мей» колхозым щылэжьащ. ЩIым телэжьыхьыным, къапщтэмэ, ­мэкъумэш Iуэхухэм школым сы­зэ­рыщIэс лъандэрэ абы гу хузигъэ­щIат. Техникэм и лэжьэкIэр, зэ­ры­зэпкърылъыр, Iуэхум и щэху псори сэзыгъэлъэгъуар аращ. Абы и фIыгъэщ сэ езым си хозяйствэ зэфIэзгъэувэныр къызэрызэхъулIар, - жеIэ Заур.
2015 гъэм ТIымыжьым Мэкъу­мэшыщIэ-фермер IэнатIэ къызэригъэпэщащ. ГъущIыкIэ папщIэу унагъуэ пщIантIэм комбайнитI къы­дэнауэ дэтти, и адэр къыдэIэпыкъури, Заур ахэр иригъэжьэжащ. Уеблэмэ лэжьэн зэрыщIидзари а тIуращ. ЩIалэм зэрыжиIэмкIэ, гъавэ Iухыжыгъуэхэм губгъуэм япэу къы­щилэжьар IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтыным хуигъэтIылъауэ щытащ.
- Иужьым щIы гектар 60 бэджэн­-ду къасщтэри, гъавэрэ джэш лIэу­жьыгъуэхэмрэ тесщIэн щIэздзащ. Япэ илъэсым зы гектарым нартыхуу центнер 80 къытетхащ, соеу - центнер 30, сэхурану - центнер 25-рэ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм мэкъумэш ­техникэхэр зэзгъэпэщащ: зы комбайн, тракторитI, автомобиль цIыкIу­рэ хьэлъэзешэу зырыз, - дыщегъэгъуазэ Заур.
ТIымыжьыр 2015 гъэм Урысейм и АККОР-м хагъэхьащ икIи 2018 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр къалъы­тэри, IуэхущIапIэм и ЩIыхь тхылъыр къыхуагъэфэщащ.
2019 гъэм и гъатхэпэм щIалэр хэтащ къуажэдэс щIалэгъуалэм я ­урысейпсо зэгухьэныгъэм Дагъыс­тэн Республикэм щиIэ къудамэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм икIи япэ увыпIэр абы къыщихьащ.
Апхуэдэуи ТIымыжьыр пашэ щыхъуащ КИФЩI-м и «Фермер щIалэщIэ» зэхьэзэхуэм «IэнатIэ цIыкIу» и унэтIыныгъэм (2019 гъэм). Абде­-жи саугъэт лъапIэ - мотоблок - къыщратащ.
- Сыт хуэдэ лэжьыгъэ ирехъуи, ар пфIэфIу, уи гум къыдыхьэу щытмэ, абы и гугъуехьхэри къохьэлъэкIы­нукъым. Ди Iуэхум нэхъ гугъуу хэ­лъым и гугъу пщIымэ, ар жэуап­лыныгъэшхуэ зэрытхьырщ, сыту жы­пIэмэ ди щIыхэм къищы­нэ­мыщIа, къуажэдэсхэм яйхэри зы­дохьэ, - жеIэ щIалэм. - ЗэрыгурыIуэгъуэщи, IэнатIэ Iутыр мащIэщ, абы къыхэкIыу зыщыгугъыр щIым къытрах гъавэ закъуэрщ. Я мылъкур зыхалъхьэу хъер гуэр къыпэ­кIуэну цIыхухэр илъэс псом зы­пэп­лъэр мэкъумэшращи, зэрытху­зэфIэкIкIэ дадоIэпыкъу, вэным деж къыщыщIэдзауэ Iухыжыгъуэри хэту. Мы IэщIагъэр къызэрыхэсхам сыхущIегъуэжыркъым, уеблэмэ нэхъы­фIыжу зэрызыдужьыным, щIэуэ ­зыгуэр зэрызэзгъэхъулIэным, цIыху­хэм сэбэп нэхъ сазэрыхуэхъуным сыхущIэкъуу аращ.
2020 гъэр сыт и лъэныкъуэкIи ­гугъуу зэрыщытар зым и дежкIи щэхукъым. ТIымыжьми зэрыжиIэмкIэ, дунейр уэгъуу къызэрекIуэкIари мэкъумэш IэнатIэм зэран хуэхъуащ. Ауэ Заур и щхьэкIэ гъэр хуэIея­-къым. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы сое трищIати, зы щIы гектарым центнер 25-рэ хуэзэу къытрихащ, уасэфIи къыщIихащ. Иджыри зы комбайн АККОР-м и фIыгъэкIэ зэригъэпэщащ. АдэкIи техникэм и бжыгъэм хигъэхъуэну и мурадщ.
Заур и къуэш нэхъыщIэ Залыми комбайным иролажьэ, техникэр зыхуей хуэгъэзэн хуей хъуми защIегъакъуэ. КъищынэмыщIауэ, ТIымы­жьым зэщIигъэуIуа бригадэм хэтщ тракторхэмрэ комбайнхэмрэ зезыгъакIуэхэу Шэрыхъу Арсен, Махъсидэ Iэуес, Iэпщэ Хьэжмурат сымэ.
ТIымыжьым и IэнатIэм зэрызригъэужьыным епхауэ мурад куэд иIэщ икIи щогугъ ахэр къехъулIэну. Къуажэдэсхэм я псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэнри и плъапIэхэм ящыщ зыщ. «Сыхуейт машинно-трактор станц (МТС) къызэзгъэпэщу гъатхэ-бжьы­хьэ лэжьыгъэхэр мэкъумэшым ехьэлIа Iуэхутхьэбзэхэр къуажэ­дэ­сым яхузэфIэгъэкIыныр зэтезублэну», - дыщIегъу абы.

Алъхъо Дыжьын.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.