Кикоть Андрейрэ КIуэкIуэ Казбекрэ хэтащ КъБР-м и прокуратурэм и коллегием и зэIущIэм

УФ-м и Прокурор нэхъыщхьэм и ­къуэдзэ Кикоть Андрейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ хэтащ ­КъБР-м и прокуратурэм и коллегием и зэIущIэм. Зэхуэсыр теухуауэ щытащ 2020 гъэм кIэлъыплъакIуэ органым зэфIигъэкIахэмрэ дызэрыт илъэсым къыпэ­щыт къалэнхэмрэ. Коллегиер иригъэ­кIуэкIащ КъБР-м и прокурор нэхъыщхьэ Хабаров Николай, зэIущIэм кърихьэ­лIащ абы и къуэдзэхэр, къудамэхэм я унафэщIхэр, республикэм и къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ я прокурорхэр.
Къызэхуэсахэм фIэхъус ярихри, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Урысейм и прокуратурэр сыт щыгъуи щытащ къэ­ралыгъуэм нэхъ мыхьэнэшхуэ, зэфIэкI щызиIэ IуэхущIапIэхэм ящыщу. Къэралым и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм тету, «Урысей Федерацэм и прокуратурэм и IуэхукIэ» федеральнэ законым и редакцэщIэр къызэращтэрэ абы и пщIэр нэхъ лъагэж хъуащ».
«Республикэм нобэ щыIэ шынагъуэншагъэмрэ жылагъуэ-политикэ зэпIэзэры­тагъымрэ, шэч хэмылъу, я фIыщIэшхуэ хэлъщ КъБР-м и прокуратурэм и лэ­жьакIуэхэми», - къыхигъэщащ республикэм и Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек жиIащ щIыналъэм и кIэлъыплъакIуэ органым къулыкъу щы­зыщIэхэр я къалэнхэм фIы дыдэу зэре­хъулIэр икIи фIыщIэ яхуищIащ я лэжьыгъэфIым папщIэ. Абы къыдэкIуэу, прокурор лэжьыгъэм и унэтIыныгъэхэм зегъэубгъуным и гугъу щищIым, Iэтащхьэм гулъытэ хэха хуищIащ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр хъумэным ехьэлIа Iуэхухэм.
«Фэри зэрыфщIэщи, Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьа зэхъуэкIы­ныгъэхэм нэхъри щIагъэбыдащ, нэхъ пыухыкIауи къагъэнэIуащ ди къэралыр социальнэ унэтIыныгъэ зиIэу зэрыщы­тыр, аращи, цIыхухэм я социальнэ хуитыныгъэхэр хъумэным теухуауэ фи пщэ къыдэхуэ къалэнхэри нэхъыбэ мэхъу. Прокуратурэр сыт щыгъуи псынщIэу икIи ткIийуэ пэщIэувэн хуей мэхъу лэжьыгъэм епха хабзэр къыщызэпаудым, цIыхухэм къалэжьар, иратыпхъэ пенсэхэмрэ социальнэ ахъшэхэмрэ щаIэрымыхьэжым деж. КIэлъыплъыныгъэ щхьэхуэм щIэ­тыпхъэщ сабий куэд щапI, хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм къэралым зэрызащIи­гъакъуэ щIыкIэр, медицинэ дэIэпыкъуныгъэфI дэтхэнэми игъуэтыныр, хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэр. Гулъытэ щхьэхуэ хуэщIын хуейщ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным хэлъ гугъуехьхэм. КъБР-м щыIэ ФАС-м и Управленэм щIыгъуу пэщIэтыпхъэщ ерыскъы­хэкIхэм я уасэр щагъэувкIэ къагъэхъу ­хабзэншагъэхэм. Коронавирус узыфэ зэ­рыцIалэм зэрызиубгъуам къыхэкIыу ягъэува пандемием и мардэхэм дыщытет мы зэман гугъум фэрэ дэрэ ди пщэ а Iуэхухэм ятеухуа жэуаплыныгъэ щхьэхуэ къыдохуэ», - жиIащ Iэтащхьэм.
КIуэкIуэ Казбек коллегием и зэIущIэм щхьэхуэу къыщытеувыIащ террорым пэщIэтыным ехьэлIа Iуэхухэми.
«Илъэс блэкIам фэ Iуэху куэд зэфIэвгъэкIащ террорым ехьэлIа шынагъуэр гъэмэщIэным хуэунэтIауэ, щэхурылажьэ бзаджащIэ гухэм я унафэщIхэр, абыхэм хэтхэмрэ щIэпхъаджащIэхэм щIэгъэ­къуэн яхуэхъухэмрэ, дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм хэту зауэхэр жэ­уапым ешэлIэным хуэгъэза лэжьыгъэр щIэвгъэхуэбжьащ, щытыкIэр зэIыгъэ­хьэным хуэунэтIа тхыгъэхэр ИнтернеткIэ зэбграмыгъэхыным фи нэIэ тевгъэтащ. Жылагъуэм щыIэ щытыкIэр зэIызыгъэхьэнкIэ, цIыхухэр зэса зэхущы­ты­кIэфIхэм зэран хуэхъункIэ хъуну, лъэпкъ, дин зызэхэ­щIыкIыныгъэм, зэгурыIуэ­ныгъэм я ­лъабжьэр къэзыгъэтIэсхъэну хэт Iуэху­хэр къы­зэпыудыным адэкIи ­мыхьэнэшхуэ иIэщ», - жиIащ Iэтащхьэм.
Абы хабзэхъумэхэм захуигъэзащ хъыбарегъащIэ технологиехэр къагъэсэбэпурэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэу цIыхухэм мылъкукIэ хэщIыныгъэшхуэ къахуэ­зыхь­хэр къызэпыудыным хуэунэтIа лэжьы­гъэр щIагъэхуэбжьэну.
Прокуратурэм и лэжьыгъэм и унэтIы­ныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу щIына­лъэм и унафэщIым къигъэлъэгъуащ Iулъхьэм пэщIэтыныр, лъэпкъ проектхэр, респуб­ликэ, муниципальнэ программэхэр гъэ­зэщIэным хухах бюджет мылъкур къызэрагъэсэбэпыр прокурор кIэлъып­лъыныгъэм щIэтын зэрыхуейм тригъэчыныхьри, апхуэдэуи гулъытэ зы­гъуэтыпхъэщ коронавирус узыфэ зэры­цIалэм пэщIэтыным хуэунэтIа Iуэхухэр. «А псоми нобэ мылъкушхуэ дыдэ хухах икIи фэрэ дэрэ ди зэхуэдэ къалэнщ ахэр зыхухахам фейдэ нэхъыбэ къыпэкIуэу къыхуагъэсэбэпыныр къызэдгъэпэщыну», - къыхигъэщащ абы.
Республикэм и Iэтащхьэм къызэхуэсахэм апхуэдэу ягу къигъэкIыжащ 2021 гъэм и бжьыхьэм Урысей Федерацэм и Къэрал Думэмрэ республикэм щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и органхэмрэ я хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIынур.
«Дэ псори дыхуейщ хэхыныгъэхэр тэмэму екIуэкIыну, - жиIащ абы. - ЦIыху­хэм я Iуэху еплъыкIэхэр хуиту къагъэлъэгъуэнымкIэ Iэмал етын хуейщ. Дыщогугъ хэхыныгъэ кампанием ехьэлIа псори ­хабзэм тету екIуэкIыным пыщIа Iуэхухэр прокуратурэм и нэIэм щIигъэувэну».
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ зэкъуэту, зэдегугъуу зэдэлажьэмэ, къалэн псоми зэрыпэлъэщынущ. «Мыхьэнэшхуэ зиIэ, жэуаплыныгъэ зыхэлъ къалэн къыф­пэ­щытхэм фапэлъэщын папщIэ фэ зэ­пы­мыууэ фи Iэзагъэм хэвгъэхъуэн, властым и органхэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, граждан жылагъуэм и институтхэм, цIыхухэм яхувиIэ пыщIэныгъэхэр вгъэбыдэн ­хуейщ», - жиIащ Iэтащхьэм, республи­кэм и прокуратурэм и лэжьакIуэхэм яхуэгъэза и псалъэр щиухым.
КъБР-м и прокурор нэхъыщхьэ Хабаров Николай и отчёт докладым щытеп­сэ­лъы­хьащ щIыналъэм щыIэ щытыкIэр зы­хуэ­дэм, я лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхилъхьэжащ.
Кикоть Андрей къыхигъэщащ республикэм и прокуратурэм 2020 гъэм конституцэм тету хабзэр къызэгъэпэщыным хуэгъэза лэжьыгъэ пыухыкIа зэрыригъэ­кIуэкIар, къапщтэмэ, республикэм и прокурорхэр жыджэру яужь итащ Iуэху­щIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я улахуэ­хэр тэмэму яIэрыхьэным ехьэлIа Iуэху­-хэм. Абы къыдэкIуэу прокурорым къыхигъэщащ узыншагъэр хъумэн, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэхэм кIэлъыплъыныгъэхэр щегъэкIуэкIыныр егъэфIэкIуэн зэрыхуейр икIи Iулъхьэм пэщIэтыным, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр гъэзэ­щIэным хухаха мылъкур тэмэму къэгъэ­сэбэпыныр япэ игъэщыпхъэ Iуэхухэм зэращыщыр.
КIуэкIуэ Казбек Кикоть Андрей фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрыкIуам, прокуратурэм и щIыналъэ къудамэм и нэIэ къызэрытетым ­папщIэ. Урысейм и Прокурор нэхъыщ­-хьэм и къуэдзэми щIыналъэм и Унафэ­щIым фIыщIэ къыхуищIащ кIэлъып­лъакIуэ органым и лэжьыгъэм зэрыхэтам папщIэ. «Ар лэжьэкIэ тэмэмым и щапхъэщ, къалэнхэр дэ щыдгъэбелджы­лы­фынур дызэщIыгъумэщ. Прокуратурэм и лэжьакIуэхэр Уэ уи дэIэпыкъуэгъуу къэп­лъытэ хъунущ. Дэ ди лэжьыгъэ псори зыхуэунэтIар уэ къэбгъэлъэгъуа Iуэхухэр зэфIэгъэкIынырщ - ар цIыхухэм я зэ­Iузэ­пэщ псэукIэрщ, щIыналъэм зегъэу­жьы­нырщ», - жиIащ абы зэIущIэм и кIэухым.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.