Япэ «муниципальнэ сыхьэтыр»

КIуэкIуэ Казбек илъэсыр къызэрихьэрэ япэу иригъэкIуэкIа «муниципальнэ сыхьэтыр» теухуауэ щытащ республикэм щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэм, коронавирус узыфэм пэщIэтыф мастэхэр цIыхухэм яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэхэр республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм къыщызэгъэпэщыным, къэрал, республикэ проектхэмрэ программэхэмрэ гъэзэщIэным.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ ­къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйст­вэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр­ Къалэбатэ Рустам, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округ­хэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
Коронавирусым теухуауэ республикэр зэрыт щытыкIэм и гугъу щищIым КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, цIыху куэд зыхэт дауэдапщэхэр къэрал, муниципальнэ, щхьэзакъуэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIыу зэрыхуамыдам, апхуэдэуи цIыхухэр профилактикэ мардэхэм нэхъ тет зэрыхъуам я фIыгъэкIэ махуэшхуэхэм я ужькIэ сымаджэхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу къызэры­хэмыхъуар. Абы къыдэкIуэуи, республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ, щытыкIэр зэпIэзэрыту щытми, ар гугъуу къызэ­рынэжыр икIи сымаджэ хъухэм я бжыгъэм хэхъуэныр щыпхузэтеIыгъэнур абы ущызыхъумэ мастэхэр цIыху куэдым халъхьа нэужьу зэрыщытыр. Абы ипкъ иткIэ республикэм и Iэтащхьэм муниципалитетхэм я унафэщIхэм яхуигъэуващ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ щыпсэухэм вакцинэр яхэлъхьэным теухуа лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну.
ЦIыхухэм вакцинэр яхэIуным теухуа лэжьыгъэ псори зэгъэуIуным къыхузэрагъэпэща правительственнэ комиссэм и унафэщIу ягъэуващ Хъубий Марат.
Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, а хущхъуэгъуэр цIыху 1342-м халъхьащ, 572-м етIуанэ ехьэлIэгъуэри хаIуащ. Иджыри вакцинэ 1400-рэ къаIэрыхьащ икIи щIыналъэм щыпсэухэм жыджэру зрагъэтх ар зыхрагъэIуну хуейуэ. ЩIышылэм и 19-м къы­щыщIэдзауэ мастэхэр цIыхухэм щыхалъхьэ республикэм и щIыналъэ сымаджэщ нэхъыщхьэхэмрэ амбулаторэхэмрэ, къуажэ жыжьэхэм щыщхэр мастэ хэIупIэхэм ­къешэлIэнымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр зэхуа­гъэхъу, апхуэдэуи жылэхэм мастэхэр яшэурэ абдеж щыхэIунымкIэ яIэ Iэмалхэри зэпалъыт.
«Дэ псынщIэу а Iуэхур зэрызэфIэдгъэкIым, зэдэууэ абы дызэрелэжьым елъы­тауэ щытынущ псэукIэ тэмэмым дыщыхуэкIуэжыну пIалъэр, республикэм и цIыхухэр я IэнатIэхэм хуиту щекIуэлIэжынур», - къыхигъэщащ Iэтащхьэм.
Дызэрыхьа илъэсым къэрал, республикэ проектхэу муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ щызэфIагъэкIынухэм ятеухуауэ къэпсэлъащ Мусуков Алий. Абы къыхигъэщащ 2020 гъэм проектхэм щаубзыхуауэ щытахэр щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ зэрыщызэфIагъэкIар. Дызэрыт илъэсым республикэм и муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм щелэжьынущ «Дэтхэнэ зы сабийми и ехъулIэныгъэр», «Гъуэгухэр», «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ», «Щэнхабзэ», «Творчествэм дихьэх цIыхухэр», «Къалэм тыншыпIэ псори къыщызэгъэпэ­щыныр», «Ущыпсэуну къемызэгъыж унэ кхъахэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэныр» щIыналъэ проектхэр гъэзэщIэным. Я мурадщ социальнэ IуэхущIапIэхэр яухуэну, жьы ­хъуахэр зэрагъэпэщыжыну, муниципальнэ жылэхэм я инфраструктурэр ирагъэфIэ­кIуэну. Премьер-министрым зэрыжиIамкIэ, проект­хэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну суб­сидиехэр муниципалитет псоми IэрагъэхьакIэщ. Муниципалитетхэм я Iэтащ­хьэ­хэм къалэн щащIащ зыхуэфащэ министерствэхэм быдэу япыщIауэ ядэлэжьэну.
«Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным хуэгъэза лэжьыгъэр къэбгъэтIэсхъэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зы щIыналъи щыIэкъым социальнэ IуэхущIапIэхэр щыухуэным, щыIэхэр зэIу­зэпэщ щыщIыным, муниципальнэ щIы­пIэхэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа проектхэр щамыгъэхьэзыра. Дэ илъэс кIуам зэдгъэхъулIам нэхърэ нэхъыби нэхъыфIи тхузэфIэкIын хуейщ», - къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.