Шэрэдж Ищхъэрэм дэт курыт школыр зэрагъэпэщыжынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек мазаем и 6-м щыIащ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм. Республикэм и УнафэщIым Инстраграмым щиIэ напэкIуэцIым абы щилъэгъуахэм ятеухуауэ иритхащ:
«Нэхъ пасэуи зэрыжысIащи, Шэрэдж Ищхъэрэм дэт курыт школыр зэдгъэ­пэ­щыжынущ. Нобэ сыкъакIуэри зэзгъэ­лъэ­гъуащ абы и щытыкIэр.
ШколыщIэхэр жыджэру зэрыдухуэм, нэхъ пасэу ящIахэр зэрызэдгъэпэщыжым, ди еджакIуэхэр тыншыпIэ псори зиIэ иджырей IуэхущIапIэхэмкIэ къызэрызэдгъэпэщым къыдэкIуэу, ди жагъуэ зэ­рыхъущи, иджыри школ зыбжанэ щыIэщ сыткIи зыхуей хуэгъэзапхъэу.
Сэ пщэрылъ зэращысщIам тету зэман гъунэгъум республикэм ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм игъэбелджылынущ апхуэдэ еджапIэхэр дэтхэ­нэхэрами. Мы илъэсым ахэр тэмэму зэдгъэпэщыжынущ».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.