ШАЛ Мухьэмэд.

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матов­ников Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей­-Балъкъэрым къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек­рэ абырэ Май районым и щIыпIэ зыбжанэ къызэ­хаплъыхьащ.

Новоивановскэ жы­лэм дэт лицей №7-м и щы­тыкIэм зыщагъэгъуэзащ ­къулыкъущIэхэм. Абы и унафэщI Хиврич Еленэ жи­Iащ еджапIэр 1906 гъэм къы­зэрызэIуахар, жьы зэ­ры­хъуам къы­хэкIыу, и кIуэ­цIымкIи и щIыбымкIи ныкъу­са­ныгъэ куэд зэриIэр, ауэ зэрахузэфIэкI­кIэ, къабзэу зэ­рызэрахьэр. КIуэкIуэмрэ Матовниковымрэ ныбжьы­щIэ­хэр щеджэ, щышхэ, Iэп­щIэлъапщIагъэм щыхуа­гъасэ пэшхэр зрагъэлъэ­гъуащ.
Мы еджапIэм Новоивановскэ жылэм къедза къу­тыри 5-м щыщ сабийхэр ­къокIуалIэ, псори зэхэту цIыху 385-рэ щIэсщ. Иужьу япэ классым ныбжьыщIэ ­61-рэ къыщIэтIысхьащ. 2001 гъэ лъандэрэ еджапIэмрэ гъэсапIэмрэ зэгуагъэхьэ­жауэ, зи школ кIуэгъуэ          мыхъуа сабийуэ 180-рэ къашэ.
Лицейм и унафэщIымрэ къулыкъущIэ­хэмрэ я мурадщ еджапIэщIэ яухуэну. ­Матовников Александр ­жи­Iащ еджапIэм и гупэ ­къилъ щIы IэнэщIыр абы хъар­зынэу зэрыхуэкIуэр, 2019 гъэ еджэгъуэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу ­шко­лыщIэр яхуэу­хыныр ­зэ­рыфIэщ­щIыгъуейр, ауэ гъэ еджэ­гъуэм и кум ар зэратыфынур къыхигъэщащ.
Абдежым пэмыжыжьэу щытщ Щэн­хабзэмкIэ унэ­ри, къуажэ администрацэри. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIащ ахэри зыхуей хуэгъэзэ­жыпхъэу, а псори зэфIагъэкIмэ, жылэм и ­теплъэр зэрефIэкIуэнур.
АдэкIэ хьэщIэхэр дыхьащ Май щIыналъэм и Пришибскэ станицэм дэт Михаило-­Архангельскэ члисэм. 1850 гъэм къызэ­Iуахащ ар, иужькIэ 1909 гъэм, нобэ ­жылэр зыгъэдахэ архитектурэ ухуэныгъэр ящIащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и  къалэнхэр пIалъэкIэ зы­гъэзащIэмрэ полномочнэ лIы­кIуэмрэ щыIащ Май къа­лэм дэт «Севкав­рент­ген» заводым. Абы и уна­фэщI Хъущт БетIал хьэ­щIэхэм яри­гъэлъэ­гъуащ станокхэр щащI цеххэр, иужьрейуэ къыдагъэкIа Iэмэ­псы­мэш­хуэр, ар тепсэ­лъыхьащ ­заводым иджыпсту и лъэщагъыр зыхуэ­дэм­рэ къы­щIигъэкIхэм яIэ щIэ­уп­щIэмрэ. Май рай­о­ным и ­завод нэхъыжь ды­дэхэм ящы­щыр къы­зэры­зэ­Iуахрэ мы гъэм илъэс 60 ири­къуащ, а лъэхъэнэм къриубыдэу мыбы къы­ща­гуп­сысащ, щызэпкъ­ралъ­хьащ рентген зэращI Iэмэпсы-мэу мин 70-м нэблагъэ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ