Гугъэрэ къарукIэ псыхьа гуфIэгъуэ

Илъэс 77-рэ и пэкIэ екIуэкIа Iуэхухэм пэджэжу

Фигу къэдгъэкIыжынщи, 1941 гъэм и бжьыхьэр бий бзаджэнаджэр къы­зытеуа СССР-м и дежкIэ хуабжьу хьэлъащ. Ди къэ­ралыш­хуэм и Iыхьэшхуэ зэраубыдам и мызакъуэу фашистхэр ди щыхьэр Москва ­къеIэу хуежьат. ЕтIуанэ дунейпсо зауэр зэхэзыубла ­Гитлер и дзэхэр иджыри къэс зы щIыпIи къыщы­хагъэщIатэкъым, хэбгъэ­зыхьмэ, ириджэгу фIэкIа умыщIэну, Европэр къанэ щIагъуэ щымыIэу къагъэ­IурыщIат. Уеблэмэ, я ефIэ­кIыныгъэр апхуэдизу я фIэщ хъужати, фашистхэми абыхэм я унэ­тIакIуэхэми шэч гуэри къытрахьэртэкъым Совет Союзым и къалэ нэхъыщ­хьэр къызэ­ращтэнум.
Щхьэусыгъуэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къахэкIыу, зауэм хуэмыхьэзыру къы­щIэ­кIа СССР-м и цIыхухэм ­къахуэнэжыр зыт: ­гъащIэр зэрыщыIэрэ ямы­лъэгъуа лIыгъэрэ хахуа­гъэрэ бий хьэщхьэрыIуэхэм пагъэувынырт. Ар абыхэм къай­хъулIащ.
Япэ лъэбакъуэу щытари Октябрь социалист революцэ иныр илъэс 24-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Москва и Ут Плъыжьым щекIуэкIа дзэ парадырщ. Абы совет цIыхухэм фIэщхъуныгъэ быдэ къахилъ­хьащ, Хэку зауэшхуэм зэ­ры­щытекIуэнумкIэ. Дауи, километри 100-кIэ, языны­къуэ щIыпIэхэми я деж километр 74-кIэ, щыхьэрым ­гъунэгъу къыхуэхъуа бийхэм я пащхьэм апхуэдэ дзэ парад щрагъэкIуэкIыныр тынштэкъым. Хэбгъэ­зыхь­мэ, фашистхэм я пщIы­хьэпIи къыхэхуа­къым, езы­хэм къызэралъытэмкIэ, лъэгуажьэмы­щ­хьэу ягъэ­ува СССР-м апхуэдэ зэ­хыхьэ иригъэ­кIуэкIыхэну. АрщхьэкIэ дзэ парадыр екIуэкIащ икIи абы хэтхэр занщIэу зауэм Iухьэжащ, текIуэныгъэр къагъэблагъэу. Дуней псом белджылы щыхъуащ Совет Союзым зэуэ сэтей къимыщIыфа къару гъэ­тIылъа зэрыбгъэдэлъыр.
Ар апхуэдэуи къыщIэ­кIащ. 1939 гъэм фокIадэм и 1 лъандэрэ зэи къэмы­хъуауэ нэмыцэ зэрып­хъуакIуэхэр Москва и деж щрагъэкIуэтыжащ. Ар япэ удынт икIи нэщэнэ гъуэ­зэджэт. АдэкIэ къэхъуахэм зедгъэубгъункъым, дыщыгъуазэщи.
Дыгъуасэ а псори дигу къигъэкIыжащ Ут Плъы­жьым щекIуэкIа дзэ па­- рад гъэщIэрэщIам. Абы иджырей зэманым щыIэ зэрызауэ техникэ ехьэжьаи хэтакъым. Нэхъыщхьэу зи зэфIэкIыр зыгъэлъэгъуар ди къэралым и къэкIуэнур зей ­щIалэгъуалэрщ, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, къарузехьэ еджа­­пIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэсхэрщ. Пэжщ, ди нэгу къыщIагъэхьэжащ Т-32 танк гъуэзэджэхэри, зихуэдэ щымыIа «Катю­шэхэри». АрщхьэкIэ дэ псом хуэмыдэу дызыщыгуфIыкIар дзэ фащэ дахэхэр ящыгъыу Ут Плъыжьым ирикIуа щIалэхэмрэ хъы­джэбзхэмрэщ. Псори зэ­хэту цIыху мин 15 парадым хэтащ. Къызэхуэсахэмрэ ирагъэблэгъахэмрэ яхэтащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэр, езы Москва зыхъумахэр, къэ­рал зэмылIэужьыгъуэхэм къикIахэр.
Мып­хуэдэ гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ­хэм я мыхьэнэр мыкIуэщIщ, гъунап­къэн­шэщ. Ахэращ ди къэра-лым и къарур, абы и къэкIуэну дахэр дэзыгъэ­лъагъур. Апхуэдэ щIэблэ зиIэ къэралым зыри къы­пэлъэщынукъым.
 

ШАЛ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ