Республикэм и зыужьыныгъэм теухуа зэIущIэ

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ ди республикэм и социально-экономикэ зыу­жьы­ныгъэм теухуа зэIущIэ.

«Дэтхэнэ субъектми и социально-экономикэ зыужьыныгъэр зэрекIуэкIыр тэмэму къыбгу­рыIуэн папщIэ муниципальнэ щIыналъэхэм я Iуэху зыIутым ­щыгъуазэ зыщIыпхъэу къызолъытэ. Аращ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм иджырей си къэкIуэгъуэм Май муниципальнэ районым сыкIуэу цIыхухэм я псэукIэм сыщIеплъар, IуэхущIапIэ зыбжанэ къыщIызыхэскIухьар. Апхуэдэ лэжьыгъэм дэ адэкIи пытщэнущ», - зэIущIэр къыщы­зэIуихым жиIащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм.
ЗэIущIэм щедэIуащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес, ­КъБР-м узыншагъэр хъумэным-кIэ и министр Хъубий Мурат, Май ­муниципальнэ районым и щIы­налъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Саенкэ Татьянэ, Тэрч къэзакъы­дзэ зэгухьэныгъэм и Тэрч-Балъкъ окружной къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Любуня Николай сымэ ящIа докладхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр ­пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек къэралым и унафэщIым и полномочнэ лIыкIуэм фIыщIэ ­хуищIащ муниципальнэ районым щыпсэухэмрэ абы и унафэщIхэм-рэ зэрызахуигъэзам, а щIыпIэм щыIэ гугъуехь пыухыкIахэр зэры­зэхигъэкIам папщIэ.
ЗэIущIэм и кIэухым абы кърихьэлIа унафэщIхэм гу лъаригъэтащ муниципальнэ, щIыналъэ ­IэнатIэхэм щылэжьэфыну цIыху ныбжьыщIэхэр къыхэхын зэры­хуейм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.