Республикэм и Iэтащхьэм Прохладнэ щIыналъэмрэ къалэ округымрэ зыщеплъыхь

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэмрэ Прох­ладнэ къалэ округымрэ.
Республикэм и УнафэщIым щIыгъуащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и ми­нистр Къумахуэ Мухьэдин, ­КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ис­лъам, Прохладнэ муниципальнэ ­щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Журавлёв Андрей, Прох­ладнэ къалэ округым и щIыпIэ адми­нистрацэм и унафэщI Тараев Игорь, ухуа­кIуэ IуэхущIапIэхэм я уна­фэщIхэр.
Республикэм и Iэтащхьэм щыгъуазэ зищIащ нэхъ пасэу пщэрылъ ящищIахэр зэрагъэзащIэм. Апхуэдэу, Iэтащ­хьэр щыIащ Къэрэгъэш къуажэм дэт, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэ­фIа­кIуэ комплексым. Ар яухуауэ щытащ къуажэдэсхэр къызэрыщIэлъэIуам ипкъ иткIэ, «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» къэрал проектым хыхьэу. Жылэдэсхэр щыгуфIыкIащ Къэрэгъэшым и щIалэгъуалэм жыджэру спортым зыхуагъэсэну иджы Iэмал яIэ зэрыхъуам. КIуэкIуэ Казбек жиIащ лэжьыгъэм адэкIи зэрыпащэнур, ­мурад куэд зэраIэр икIи ахэр зрагъэ­хъулIэнымкIи хэкIыпIэхэр зэрымымащIэр.
ЩIэблэр гъуазджэм щыхуагъасэу Солдатскэ станицэм дэт еджапIэр къы­зы­хуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу. Станицэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр, а школыр щылажьэр, 2022 гъэм зэрагъэпэщыжынущ. ГъуазджэхэмкIэ школым и егъэджакIуэхэм жаIащ иджы лэжьэнуи нэхъ тынш, сабийхэм яхэтынуи гукъыдэж нэхъыбэ яIэ зэрыхъуар. Апхуэдэу Iэтащхьэр щыIащ ныбжьы-щIэ 250-м ятещIыхьа курыт школы­щIэм, «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проек­тым хыхьэу яухуам. ЦIыхухэр къы­щIэ­лъэIури кърагъэжьащ цIыкIуи 140-рэ зыщIэхуэну сабий садыщIэр ухуэныр.
Пролетарскэ къуажэм и ухуэныгъищми зыщаплъыхьащ. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, КIуэкIуэ Казбек къипщытащ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр, «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хагъэхьэу къы­зыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжар, фэ­тэр куэду зэхэт унийм я пщIантIэ- хэр «Ущыпсэуну тыншыпIэ псори здэ­щыIэ къалэ» къэрал проектым ипкъ ­иткIэ зэIузэпэщ зэращIар. Апхуэдэуи абы зригъэлъэгъуащ КъБР-м и гъуэгу фондым щыщ мылъкукIэ зыхуей хуа­гъэзэжа автомобиль гъуэгухэм я щытыкIэр.
ЩIыналъэм щыпсэухэр илъэс куэд хъуауэ гугъу езыгъэхьхэм ящыщт псы­кIэ тэмэму къызэгъэпэща зэрымы­хъур, и щхьэусыгъуэри бжьамийхэр жьы дыдэ зэрыхъуарт. ЩытыкIэр егъэ­фIэкIуэным яужь ихьауэ щытащ «Псы къабзэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ. БжьамиищIэхэр щыдалъхьащ Даль-нее къуажэм (километр 1,85-рэ) Псыншокъуэ къуажэм (км 1,2-рэ), Солдатскэ станицэм (км 2,7-рэ), псы кIуапIэхэр щызэрагъэпэщыжащ Заречное къуа­жэм (км 2,5-рэ), Алътуд жылэм (км 1,8-рэ), Ульяновскэ къуажэм (км 4,4-рэ), псы къыщIэшыпIэщIэхэр щаухуащ ­Лесное, Заречное жылэхэм, нэ­гъуэщIхэми. 2021 - 2022 гъэхэм псы зэ­ры­кIуэ бжьамиищIэхэр щыдалъхьэнущ Къэрэгъэш къуажэм (км 2), зэрагъэ­пэщыжынущ Красносельскэ жылэм (км 2,5-рэ), Пролетарскэ (км 7,7-рэ), Прималкинскэ (км 15) къуажэхэм, Ново-Покровскэ къутырым (км 8,8-рэ), псы къыщIэшыпIэщIэхэр щаухуэнущ Пролетарскэ къуажэм, Солдатскэ станицэм, Алътуд, Граничнэ, Прималкинс­кэ жылэхэм, Ново-Вознесенский къу­ты­рым, нэгъуэщIхэми.
2020 гъэм къриубыдэу къалэм лажьэу щаутIыпщащ социальнэ объект зыбжанэ. Лэжьэн щIидзащ Прохладнэ къалэ округымрэ Прохладнэ муниципальнэ щIыналъэмрэ къатитхуу зэтету, гъуэлъыпIи 180-рэ щIэхуэу хуау­хуа сымаджэщ нэхъыщхьэм, 11-нэ, 8-нэ курыт еджапIэхэм егъэщIылIауэ къы­зэ­рагъэпэщащ цIыкIу 40-м ща­дэлэжьэну яслъэ гупитI, къызэIуахащ яслъэ ныбжьым итхэр зыхуей щыхуэзэну гупищ. Гагариным и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщызэIуахащ сабийхэм спортым зыщыхуагъасэ, я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс, воркаут ­щIы­пIи хэту. «Северный» хьэблэщIэм газыр хуэшэным хуэгъэза лэжьыгъэ-хэр ирагъэкIуэкI.
Мы гъэм къапэщыт лэжьыгъэхэм ящыщу республикэм и Iэтащхьэм зыщиплъыхьащ Хуитыныгъэм и уэрамым, Свято-Никольскэ члисэм къедза щIыпIэм. Ар зэIузэпэщ ящIыну къапэщытщ. Нэхъ пасэу, Iэтащхьэм къалэн зэращищIам ипкъ иткIэ, «Ущыпсэуну тыншыпIэ псори здэщыIэ къалэ» къэрал проектым Прохладнэ къалэ округым щыщу хагъэхьауэ щытащ икIи зэIузэпэщ ящIащ ипщэ паркым щыщ Iыхьэмрэ «Зэныбжьэгъугъэ» хьэблэм щыIэ утыкумрэ, абыхэм псыутххэр щаухуащ. КъимыдэкIэ, фэтэр куэду зэхэт унэ пщыкIузым я пщIантIибгъу зыхуей хуагъэзауэ щытащ.
Гулъытэшхуэ хуащIащ гъуэгухэм. 2020 гъэм зэрагъэпэщыжащ Прохладнэ - Бахъсэн гъуэгум щыщ Iыхьэу Алътуд хуэкIуэр, километри 2,2-рэ зи кIыхьагъыр, уэздыгъэхэр щыфIадзащ Прималкинскэ къуажэм и гъуэгу ки­лометри 4,2-м я Iуфэм. Лъэс зэп­ры­кIыпIэ 20 зыхуей хуагъэзащ. ЩIыпIэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгуу Къэ­рэгъэш, Пролетарскэ, Екатериноградс­кэ, Черниговскэ жылэхэм щызэрагъэпэщыжащ километри 4,3-рэ. 2021 - 2022 гъэхэм щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэр тэмэму зехьэным трагъэкIуэдэну яубзыхуащ сом мелуани 117-рэ. КъБР-м и гъуэгу фондым и ­хьэкъкIэ Прохладнэ къалэ округым и ­гъуэгухэм хухахащ сом мелуани 160-рэ хуэдиз, мардэм къитIасэу зэрагъэ­пэщыжынущ Головко и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ абы къедза уэрамдэкI­хэмрэ, псори зэхэту километритху къы­зэщIаубыдэу. Медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ хъуа нэужь цIыхухэм япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ 2022 - 2024 гъэхэм ящIыну я мурадщ щIы­налъэ сымаджэщ нэхъыщхьэм епхауэ щытыну поликлиникэр, апхуэдэуи Крас­носельскэ, Янтарнэ къуажэхэм ам­булаторэхэр щаухуэнущ.
ЩIыналъэм зыщаплъыхьа нэужь ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щытеп­сэ­лъыхьащ районым и мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным, социальнэ IэнатIэм хыхьэ IуэхущIапIэхэм я материально-техникэ лъабжьэр гъэбыдэным, узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэ­фIэ­кIуэным теухуа Iуэхухэм. Зэман гъунэгъум (2022 гъэм) я мурадщ Прималкинскэ къуажэм сабий сад щаухуэну. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым щыубзыхуахэр ягъэзащIэу Прохладнэ къалэм ухуэныгъэшхуэ къыщрагъэ­жьэнущ - цIыху 785-рэ зыщIэхуэну школыщIэ ящIынущ. Ар щаухуэну щIыпIэ-ри КIуэкIуэ Казбек къиплъыхьащ икIи IэнатIэр зэгъэщIылIа министрхэм, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ лэжьыгъэхэр зэре­кIуэкIым, абыхэм я фIагъым зэпы­мыууэ я нэIэ трагъэтыну, апхуэдэуи Прохладнэ - Майскэ гъуэгум щыщ Iы­хьэ зэгъэпэщыжыным и проекти зэ­халъхьэну.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.