КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм къыщыпсэлъащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и лIыкIуэу Урысей Федерацэм и сенатор, ФедерацэмкIэ Советым бюджетымрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Ульбашев Мухьэрбий. Абы къызэщIикъуэжащ 2020 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм зэфIигъэкIа лэжьыгъэр.
Сенаторыр къытеувыIащ КъБР-м и социально-экономикэ зыужьыныгъэр къызэгъэпэщыным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм, ФедерацэмкIэ Советым, бюджет зэхуаку зэхущытыкIэхэмкIэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм, апхуэдэуи Къэрал Думэм финанс IуэхухэмкIэ и комитетым зэрыдэлажьэм.
- БлэкIа илъэсыр зыми и дежкIэ тыншу щытакъым, ауэ къыхэзгъэщыну сыхуейт республикэм и унафэщIхэр псори - КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Парламентым, Правительствэм хэтхэр, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ Советымрэ Къэрал Думэмрэ я сенаторхэмрэ депутатхэмрэ - зэгурыIуэу зэрызэдэлэжьар. Абы и фIыгъэкIэ коронавирусым дызыпэщIигъэува щытыкIэ гугъум емылъытауэ ди къалэнхэр и чэзум зэфIэдгъэкIащ, - жиIащ Ульбашевым.
Сенаторым къыхигъэщащ блэкIа илъэсым къайхъулIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм зэращыщыр УФ-м и Конституцэм халъхьэну къагъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр цIыхубэм зэрыдаIыгъар.
- 2021 гъэм и бюджетыр зыхуэдэнум теухуа законопроектым дыщелэжьым, къэрал IуэхущIапIищым я лIыкIуэхэр зыхэт комиссэм къыхилъхьат бюджетыр зэрызэрагъэзэхуэжым хухах дотацэр зэрытрагуашэм ехьэлIа еплъыкIэхэр. Трансфертхэм ящыщ зыбжанэ ягъэмэщIами, дотацэр тхуэхъумащ 2020 гъэм щыIа бжыгъэм хуэдизу. Ди республикэм и бюджетым иIэну а дотацэр сом мелард 14-рэ мелуан 23-рэ мэхъу, - пищащ Ульбашев Мухьэрбий. - Бюджетым теухуа законым и япэ, етIуанэ еджэгъуэхэм щIимыдзэ щIыкIэ куууэ дытепсэлъыхьащ щIыналъэхэм хуагъэкIуэну бюджет зэхуаку трансферт псори тегуэша зэрыхъунум. 2021 гъэм КъБР-м и бюджетым ар хыхьэнущ сом мелард 31,5-кIэ икIи нэгъабэрейм елъытауэ сом меларди 4,2-кIэ нэхъыбэщ (процент 15,5-кIэ).
БлэкIа илъэсым коронавирусым земыгъэубгъуным тещIыхьауэ республикэм иджыри сом меларди 2,8-рэ къызэрыIэрыхьар сенаторым къыхигъэщащ. Ахъшэр хуаутIыпщащ медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм дыщIагъуным, сымаджэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ гъуэлъыпIэ фондым хэгъэхъуэным, медицинэ IуэхущIапIэхэм ахъшэ лей яхуэгъэкIуэным.
Ульбашевыр щхьэхуэу къытеувыIащ федеральнэ бюджетым зэрелэжьам кърикIуам. 2020 гъэм республикэ бюджетым и хэхъуэм хэщIам зэрыщIагъуж Iэмалым хыхьэу, федеральнэ бюджетым къыхэкIыу щIыналъэм къыIэрыхьащ сом мелуан 801,1-рэ. Ар сэбэп хъуащ къэрал щIыхуэр сом мелуан 720,3-кIэ нэхъ мащIэ хъуным.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым сом мелард 1,9-рэ хъууэ бюджет кредит къратащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм и къэрал щIыхуэр хуэдитхукIэ нэхъ мащIэ хъуащ 2019 гъэм иIам еплъытмэ. Абы щыгъуэми 2021 гъэм тещIыхьа федеральнэ бюджетым теухуа законым къыщыгъэлъэгъуащ щIыналъэхэм хущIагъуж ахъшэр сом меларди 100-м нэсыну. Арати, бюджетым теухуа законым арэзы дыщытехъуэм, жэрдэм къыхэслъхьащ УФ-м финансхэмкIэ и министр Силуанов Антон и гъусэу дытепсэлъыхьыну а дотацэхэр 2021 гъэм нэхъыбэ ящIыным теухуауэ. А Iуэхур иджыпсту ФедерацэмкIэ Советым и нэIэм щIэтщ, - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
2020 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм законопроектищ зэрызэхагъэувар икIи УФ-м и Президентым Iэ щIидзу абыхэм къару зэрагъуэтар Ульбашевым къыхигъэщащ. Абыхэм ящыщщ «ЦIыхубэ платеж системэм теухуауэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 7-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» законопроектыр.
КъищынэмыщIауэ, къащтащ «2020 гъэм УФ-м и бюджет системэр зэрагъэзащIэр убзыхунымрэ УФ-м и Бюджет кодексым и гуэдзэн щхьэхуэхэр къызэтегъэувыIэным теухуауэ» законопроектыр. Къару ягъуэтащ «УФ-м и законодательнэ акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Федеральнэ законым и Iыхьэ 7-м къыщагъэлъэгъуахэм.
Къэрал Думэм хэплъэну ягъэхьа законопроектхэм, федеральнэ законхэм я проектхэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм, ФедерацэмкIэ Советым и зэIущIэхэм къыщыхалъхьа унафэхэм Ульбашев Мухьэрбий тепсэлъыхьащ. Апхуэдэуи сенаторыр къытеувыIащ палатэ ищхьэм иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрыхэтым, цIыхухэм зэраIущIэм, нэгъуэщIхэми.
Ульбашевым депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ республикэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм зэгъусэу зэрелэжьым папщIэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыужьыныгъэм тещIыхьауэ адэкIи зэдэлэжьэну зэрыщыгугъыр.