Лышх узыфэм зэрыпэщIэт Iэмалхэм, узыншагъэр хъумэн IэнатIэр егъэфIэкIуэным топсэлъыхьКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыIэу IущIащ «НМИЦ радиологии» къэрал бюджет IуэхущIапIэм и генеральнэ директор, Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм лышх узыфэр зыпкърытхэм еIэзэнымкIэ и дохутыр нэхъыщхьэ Каприн Андрей. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. ЗэIущIэм къыщытеувыIащ республикэм лышх узыфэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэр зыIууэ гугъуехьхэм, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм лышх узыр зыпкърытхэм ядэIэпыкъуным хуэунэтIауэ къыпэщыт къалэн нэхъыщхьэхэм.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|