Налшык щагъэлъапIэ

Урысей печатым и махуэр ­дыгъуасэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм. Абы щызэхуашэсат республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэм нэгъабэ ехъулIэныгъэ­хэр щызэзыгъэгъуэта IэщIагъэлI пажэхэр.

КъызэднэкIа илъэсыр дуней псом и дежкIэ хьэлъэу икIи псэ­зэпылъхьэпIэу щытами, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ- хэм я къалэнхэр ягъэзэщIэныр ­ зы дакъикъи зэпагъэуакъым. Но­бэрей гугъуехьхэр гува-щIэхами зэращхьэщыкIынур, ар нэхъ псынщIэу къайхъулIэн папщIэ зэрызахъумэжын хуейр цIыхухэм къыгурагъаIуэу ахэр иджыпстуи утыку итщ. Абы щыгъуэми зэи ­зыщагъэгъупщэркъым я щIэджы­кIа­кIуэхэр, телевизореплъхэр, радиом едаIуэхэр, интернетыр щIэ­зыпщытыкIхэр дунейми, къэралми, республикэми, щIыналъэ ­зэ­мы­лIэужьыгъуэхэми нэхъ хьэ­­лэ­мэту, мыхьэнэ зиIэу, дерс къы­зыхэхыпхъэу къыщыхъу-къыщы­щIэхэм икIэщIыпIэкIэ зэрыщагъэгъуэзэнур.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъазэри, зэIущIэр езыгъэкIуэкI ЩэнхабзэмкIэ министерствэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Мэремыкъуэ Эллеонорэ утыкур хуит хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм Урысей печатым и махуэм папщIэ а IэнатIэм щылажьэхэм зэрехъуэхъу тхыгъэм къеджа министр Къу­махуэ Мухьэдин. Езыми и псалъэ ­гуапэхэр абы дыщIигъужащ.
КъыкIэлъыкIуэ хъуэхъур къы­лъысащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим. Абы къыхигъэщащ республикэм и хабзэгъэув органым-рэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ зэ­пыщIэныгъэ быдэ зэхуаIэу сыт щыгъуи къызэрекIуэкIыр икIи нэхъ къыхэжаныкIахэр игъэпажащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ ИТАР-ТАСС-м КъБР-м корреспонденту щиIэ Гериевэ Iэсият, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Жыласэ ­Заурбэч, ВГТРК-м и Къэбэрдей-Балъкъэр ГТРК-м и унафэщI ­Къэзанш Людмилэ, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ВТК-м и Iэтащхьэ Конаревэ Наталье сымэ. КъыкIэ­лъыкIуэу утыкум кърашащ республикэм и хабзэгъэув IэнатIэм и щытхъур зыхуагъэфэщахэри.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Журналистхэм я союзым и уна­фэщIым и къалэнхэр зыгъэза-щIэ Шаваевэ Разият Урысей пе­чатым и махуэм къыдэкIуэу ехъуэхъуащ «Терек-1» район газетым къыдэкIын зэрыщIидзэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум папщIэ икIи абы и лэжьакIуэхэм яритащ къэралымрэ республикэмрэ я журналист зэгухьэныгъэхэм я щIыхь тхылъхэмрэ дамыгъэ лъапIэ­хэмрэ.
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэ­жьа­кIуэхэм ехъуэхъуну а махуэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм ще­кIуэкI зэIущIэм зыкърагъэ­хьэлIат IуэхущIапIэ зэмылIэ­у­жьы­гъуэхэм я лIыкIуэхэм. Абыхэми щIыхь, щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр куэдым хуагъэфэщащ. КъБР-м щыIэ МВД-мрэ Лъэпкъ гвардиемрэ  ягъэлъапIахэм  ящыщщ  «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор Уэрдокъуэ Женя.
ЗэIущIэм хэIущIыIу щащIащ ­КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ Журналистхэм я зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу ирагъэ­кIуэкIа журналист тхыгъэ нэ­хъыфI­­хэм я зэпеуэм щытекIуа­хэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Абыхэм я саугъэтхэр иратыжащ Къумахуэ Мухьэдинрэ Шаваевэ Разиятрэ. УнэтIыныгъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм щытекIуауэ къалъытащ «Надежда России» урысейпсо цIыхубз зэгухьэныгъэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Черновэ Алёнэ, «Баксанский вестник» газетым и редак-тор нэхъыщхьэм и къуэдзэ Ныр ­Iэуес, «Заман» газетым и корреспондент Османов Хьисэ, ВГТРК-м и Къэбэрдей-Балъкъэр ГТРК-м и унафэщI Къэзанш Людмилэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыIэ Урысейм и радиор езыгъэкIуэкI Бес­лъэней Еленэ, «Къэ­бэрдей-­Балъкъэр» хъыбарегъащIэ агентствэм и корреспондент Цагоев Игорь сымэ.
Урысей печатым и махуэм ипкъ иткIэ дыгъуасэ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм щагъэлъэпIащ цIыху 53-рэ. Абыхэм зэгъусэу иужькIэ сурэт зытрагъэхащ. Дауи, фIыщIэ зыхуэфащэхэр куэдкIэ нэхъыбэщ икIи дэтхэнэми узыншагъэ быдэ иIэу и IэщIагъэм Тхьэм иригъэлажьэ, цIыхухэм хъыбарыфIхэр къыхуахьрэ гъащIэм и IэфIагъыр зыхрагъащIэу!  

 

Хьэтау Ислъам

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)