КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыб­лагъэ иригъэкIуэкIащ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щыхуэныкъуэм деж цIы­хухэм псом япэу зызыхуагъазэ IуэхущIапIэхэм я лэжьэкIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа къэрал проектым къыщыгъэ­лъэгъуахэр республикэм гъэзэщIэн щы­щIэдзэным теухуа зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэ­дзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Пра­вительст­вэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим.
Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэным хуэгъэпса и IэнатIэр егъэфIэ­кIуэным хузэхалъхьа проекту Урысейм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэр илъэс кIуам и кIэм арэзы зытехъуам ипкъ иткIэ, 2021 - 2025 гъэхэм къриубыдэу къэрал бюджетым къыхэкIыу республикэм къыхуаутIыпщынущ сом мелард 1,8-рэ. А мылъкур трагуэшэнущ мыпхуэдэ лэ­жьыгъэхэр зэфIэгъэкIыным: медицинэ IуэхущIапIэщIэхэр ухуэным, жьы хъуа унэхэр зэгъэпэщыжыным - сом мелард 1,2-рэ, зыхуей-зыхуэныкъуэ Iэмэпсы­мэ­хэм­кIэ IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыным - сом мелуан 519-рэ, автопаркыр къэгъэщIэрэщIэжыным - сом мелуан 63,9-рэ. Яубзыхуахэм хохьэ медицинэ IуэхущIапIэ 13 щылэжьэну унэхэр ухуэныр, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм епха поликлиникэу, фельдшер-акушер пункту, амбулаторэу ­35-рэ къызыхуэтыншэу зэгъэпэ­щыжыныр, IуэхущIапIитI къэгъэ­щIэрэ­щIэ­жы­ныр.
2021 гъэм зыщIадзэну я мурад лэжьыгъэхэм ящыщщ Налшык къалэ дэт Япэ сабий поликлиникэр зэIузэпэщ щIыныр, абы унэщIэ къыпыщIыхьыныр; къалэ поликлиникэхэм я къудамэхэр, щIыналъэхэм зэдай, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыпкъ­рыт­хэм еIэзэным хуэщIа сымаджэщым и административнэ унэр, Шэрэдж щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм къепха по­ликлиникэр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыныр, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и сымаджэщ нэхъыщхьэм и поликлиникэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр и кIэм нэгъэсыныр.
Ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, ирагъэкIуэкIынущ Iуэху­щIапIэхэр техникэ и лъэныкъуэкIэ нэ­хъы­фIу къызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэху­хэри, щIыпIэ хэхахэм епха дохутырхэм я лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп автомобилхэри ирикъуу яIэным пыщIахэри.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ухуэныгъэ, зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэхэм, ахэр щызэфIагъэкIын хуей пIалъэхэри щаубзыхуащ.
«Зэману диIэр мащIэщ, зэфIэгъэкIыпхъэ Iуэхухэр убзыхуауэ икIэщIыпIэкIэ лэ­жьыгъэм яужь ихьэн хуейщ. Дэтхэнэ ухуэныгъэмкIи жэуап зыхьын хуейр министерствэхэмрэ медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэмрэ я закъуэкъым, атIэ а лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр я нэIэ щIэтыпхъэщ щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэми, ахэр кIэлъыплъын хуейщ фIагъ лъагэ яIэу, екIуу унэхэр ухуэным, абыхэм къедза щIыпIэхэр зэIузэ­пэщ щIыным», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр щызэхуищIыжым.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.