«Дэ мы илъэсым къыдэкIуа гугъуехьхэм дапэлъэщащ цIыхубэр зэрызэкъуэтым и фIыгъэкIэ, аращ къэкIуэну зэманым и ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэу щытынури»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ сессиер зэрызэ­хуащIыж зэхуэсым.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэр, щIыналъэм и хабзэхъумэ ­IэнатIэхэм я унафэщIхэр, видеозэпы­щIэ­ныгъэ IэмалкIэ - КъБР-м къыбгъэдэкIыу ФедерацэмкIэ Советым хэт Ульбашев Мухьэрбий, КъБР-м и лIыкIуэу Къэрал Ду­мэм и депутат Геккиев Заур, министерст­вэхэмрэ IуэхущIапIэ щхьэхуэхэмрэ я уна­фэщIхэр, щIыпIэ унафэр зегъэ­кIуэ­нымкIэ советхэм, муниципальнэ зэгухьэ­ны­гъэ­хэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
«2020 гъэр и кIэм ноблагъэ. Къызэ­рымыкIуэу гугъуу щытащ мы илъэсыр, иджырей тхыдэм къыщымыхъуа шына­гъуэм, гъэунэхуныгъэм, цIыхухэм я узыншагъэмрэ гъащIэмрэ зэлъытахэм, ды­щыIууащ абы - коронавирус узыфэ лIэу­жьыгъуэщIэм и пандемием дыIуигъэуващ. Аращ республикэм и Парламентым и мыгъэрей иужьрей зэIущIэм сыхэтын, зэфIэдгъэкIахэм щыгъуазэ фысщIын ­хуейуэ, мы утыкур къэзгъэсэбэпу, эпидемием дебэныным хуэунэтIауэ дызэгъусэу зэдгъэхъулIахэм, илъэс икIым зэрыщыту дызыхунэсахэм я гугъу сщIыуэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэм за­хуэзгъэзэныр нэхъ тэмэму къыщIэс­лъытар.
Узыфэ шынагъуэр къэралым къыщы­сым, Урысейм и Президентым занщIэу иубзыхуащ къалэн нэхъыщхьэр - Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я цIыхущхьэр, абыхэм я узыншагъэр хъумэн зэрыхуейм теухуар. ИкIи абы хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа Iуэху псори (узыфIэкI мыхъуну ягъэува мардэхэри, социальнэ унэ­тIы­ныгъэ зиIэхэри) зытещIыхьар зыщ - Урысей Федерацэм и цIыхубэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнырщ. Республикэм абы и лъэныкъуэкIэ щыIэ щытыкIэр ­къэслъытэкIэрэ, сэ жызоIэ узыфэм къихь шынагъуэр зэрытхуэгъэмэщIар. Абы щхьэкIэ дэ, псом япэрауэ, фIыщIэ яхудощI узыншагъэр хъумэн IэнатIэм пэрытхэм. Ауэ «узыншагъэр хъумэн IэнатIэ» щыжытIэкIэ, ар егъэлеяуэ къущ хуэдэу мэхъу. Дэ ди гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхудощI ди дохутырхэм, медицинэ лэ­жьакIуэ псоми. Ахэращ IэнатIэ гугъум япэу пэрыувахэр икIи я пщэ далъхьэжащ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ къалэнхэр, республикэм и цIыхухэр а узыфэм кърагъэлащ, ноби кърагъэл. Щхьэщэ яхудощI абыхэм я лэжьыгъэфIым папщIэ.
Абыхэм я Iэзагъэр здынэсыр, я лэжьыгъэм и мыхьэнэр кърибгъэлъэгъуэну зыщ схужыIэнур - ар Урысей Федерацэм и Пре­зидентым наIуэ къищIащ: республикэм щыщ дохутыру, медицинэ лэжьакIуэу, эпидемием пэщIэт IэщIагъэлIу 51-м къы­хуагъэфэщащ къэрал дамыгъэ лъапIэ­хэр, республикэ дамыгъэхэр еттащ цIыху 36-м.
ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ, узыншагъэр хъумэн IэнатIэм и гугъу щытщIкIэ, дэ нобэ жытIэфынущ, ар гъэунэхуныгъэхэм зэрыпхыкIыфар. Дэ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр псынщIэу хузэтедухуэфащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм пэщIэтыным. КъыщIэзыдзэ пандемием нэхъри зиуб­гъункIэ зэрыхъунур къэтлъытэри, сымаджэщхэм гъуэлъыпIэу щIэдгъэуващ планкIэ къытхуагъэлъэгъуам нэхърэ нэхъыбэ. Нобэм ирихьэлIэу республикэм иIэщ а узыфэм пэщIэтыным хуэгъэпса гъуэ­лъы­пIэ 1800-м щIигъу икIи ахэр IуэхущIапIэхэм къемэщIэкIыркъым.
Дэ, къэралыр къызэрыддэIэпыкъунум дыпэмыплъэу, республикэ мылъкукIэ а гъуэлъыпIэхэр къызэдгъэпэщащ хуей ­хъумэ, цIыхур зэрагъэбэуэн Iэмэпсы­мэ­хэмкIэ. Псори зэхэту пIалъэ кIэщIым ­къриубыдэу кислород ирашэлIащ гъуэ­лъыпIэ 1204-м. Дэ тхузэфIэкIащ лабораторэ, узыфэр къызэрахутэ оборудова­нэ­хэр цIыхухэм тестхэр ирагъэтыным, КТ-къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыным хуэдгъэхьэзырын.
Госпиталхэр кислород, ИВЛ Iэмэ­псы­мэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщыным рес­публикэ бюджетым щыщу сом мелуан 40,2-рэ хухэтхащ. ЦIыхухэм узыфэм зэ­рызыщахъумэ хьэпшыпхэр ирикъуу яIэ­ным сом мелуан 19 тедгъэкIуэдащ.
Узыфэ нэхъ шынагъуэхэм щапэщIэт ­сымаджэщхэм папщIэ къэрал мылъкукIэ къащэхуащ медицинэ оборудованэ 1000 хуэдиз, псори зэхэту сом мелуан 748-рэ хуэзэу. Абыхэм яхэтщ рентген Iэмэпсымэу 10, УЗИ зэращIу 15, компьютер томографу 2, сенсор IэмалкIэ лажьэ хъыбарегъащIэ терминалу 2, бзийкIэ зэрыIэзэ Iэмэпсымэ, ИВЛ аппарату 61-рэ, НИВЛ-у 156-рэ.
Мы гъэм къащэхуащ «ДэIэпыкъуэгъу псын­щIэ» IэнатIэм папщIэ автомобиль 28-рэ, абыхэм реанимобилу 11, дохутырхэр унэм щIэс сымаджэхэм зэралъэIэс автомобиль псынщIэу 24-рэ яхэту (16 нэгъабэ къэтщэхуащ бюджетым щымыщ мылъкукIэ).
«Узыншагъэ» лъэпкъ проектым хыхьэу зэфIагъэкIахэм я фIыгъэкIэ хэпщIыкIыу ефIэкIуащ медицинэ IуэхущIапIэхэм я мылъку-техникэ лъабжьэр, пандемием и лъэхъэнэм а лэжьыгъэр нэхъ щIэгъэхуэбжьа хъуащ. Эпидемиер иухмэ, а Iэмэ­псы­мэхэр ди цIыхухэм яфI зыхэлъхэм хуэ­лэжьэнущ.
Къыхэзгъэщыну сыхуейщ медицинэ IуэхущIапIэхэм егъэджэныгъэ IэнатIэм щызэфIагъэкIахэр: IэщIагъэлIхэр егъэ­джэным, зыхуэныкъуэ методикэкIэ ахэр къызэгъэпэщыным, ординаторхэр Iуэхум къыхэшэным ехьэлIа къалэнхэр псынщIэу зэфIагъэкIащ, госпиталхэр лэжьакIуэ­хэмкIэ и чэзум къызэрагъэпэщащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр ящыщщ COVID узыфэр зыпкърытхэу амбулаторнэу зэIэ­зэхэм хущхъуэхэр къахуэщэхун псом япэу щIэзыдза щIыналъэхэм. КъывгурыIуэн папщIэ: цIыхуитху хъу унагъуэм исхэм ­загъэхъужыным ику иту сом минипщIым къыщыщIэдзауэ нэхъыби трагъэкIуэдэн хуей хъунут. Узыфэр къыщежьам дэ республикэ бюджетым щыщу сом мелуан ­25-рэ а Iуэхум хухэтхащ. ИужькIэ жэпуэ­гъуэм къэрал бюджетым щыщу сом ­мелуан 51-рэ къытхуаутIыпщащ COVID узыфэр зыпкърытхэу амбулаторнэу зэIэ­зэхэм ирахьэлIэн папщIэ.
Госпиталхэм лэжьэн щIадза нэужь абыхэм щыIэ дохутырхэм ахъшэ яхущIы­гъуным теухуа лэжьыгъэр Урысей Федерацэм япэу щызэтезыухуа щIыналъэхэми ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Апхуэдэ мурадырщ зыхухахар республикэ бюджетым щыщ сом мелард ныкъуэ. Дэ а ахъшэхэр иджыри ядот, медицинэ лэ­жьакIуэхэм защIэгъэкъуэным къэралым мылъку зэрахухихынум теухуа унафэ щхьэхуэ къащта щхьэкIи къэдмыгъанэу. Ахъшэр адэкIи яттынущ, узым дытекIуэху ди дохутырхэм ди нэIэ ятетынущ, мылъку­кIэ зэрызащIэдгъакъуэр, дазэрыдэIэпыкъур абыхэм зыхедгъащIэу. Медицинэ лэжьакIуэхэр я къалэн гугъухэр ягъэ­зэ­щIэным трагъэгушхуэн, я лъэр нэхъ жан ящIын мурадкIэ къэрал бюджетым сом мелард щыхухахащ.
Я лэжьыгъэр яуха нэужь медицинэ ­лэжьакIуэхэм тэмэму зегъэгъэпсэхужын папщIэ госпиталхэм къыщызэрагъэпэщат ахэр щхьэхуэу щыпсэу щIыпIэхэр, ерыскъырэ транспорткIи зыхуей хуэзэу. Апхуэдэ общежитхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщыным республикэ бюджетым щыщу сом мелуани 112,5-рэ трагъэ­кIуэдащ. Зи унэхэр апхуэдэ Iуэхухэм хухэ­зыха хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхудощI.
Медицинэ IуэхущIапIэхэм (госпиталхэм) я лэжьыгъэр зэблэмыууэ зэтеухуауэ щы­тыным трагъэкIуэдэн папщIэ республикэ бюджетым къыхахащ сом мелуан 747-рэ. Къэрал бюджетым сом мелардитIкIэ зыкъытщIигъэкъуащ. Псори зэхэту сом меларди 2,8-рэ абы къыхуэдгъэсэбэпащ.
Дэ адэкIи едгъэфIэкIуэнущ узыншагъэр хъумэн IэнатIэр. Фэ фыщыгъуазэщ цIыхухэм япэ дыдэу зызыхуагъазэ медицинэ IуэхущIапIэхэр егъэфIэкIуэным ­теухуа унафэ къызэрытщтам, абы мылъку зэрыхухэтхам. Дэ дегугъунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и поликлиникэхэр зэ­пэщ тщIыным. Абы Iэмал къитынущ узы­фэхэр хэмытIасэу къэхутэнымкIэ икIи ди мурад нэхъыщхьэм - дунейм ехыжхэм я бжыгъэр гъэмэщIэным, гъащIэм и кIы­хьагъым хэгъэхъуэным - дынэсынымкIэ.
Эпидемиологие щытыкIэр къэт­лъы­тэурэ, дызэрыт илъэсым куэдкIэ нэхъыбэ хъуащ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ зэрызащIэдгъакъуэ Iэмалхэр. Унэ­тIы­ныгъэ псомкIи социальнэ ахъшэхэр иратащ апхуэдэ щIэгъэкъуэн хуэныкъуэу къалъытахэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым нэсу щагъэ­зэ­щIащ цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ ахъ­шэхэр етыным хуэунэтIауэ хабзэм ипкъ иткIэ я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр.
Къапщтэмэ, мылажьэ пенсионер мин 55-м я пенсэхэм хущIагъуащ социальнэ ахъшэхэр, къэрал, республикэ бюджетхэм къыхэкIыу а Iуэхум псори зэхэту хуха­хащ сом мелард 1,9-рэ, псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэм и Iуэхутхьэбзэхэм щIатын хуей пщIэм пэмылъэщхэм абыкIи зыщIагъэкъуащ - сом мелуан 413-рэ абы хуаутIыпщащ.
ЦIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэн и лъэныкъуэкIэ гулъытэшхуэ хуащIащ сабий зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуным.
Сом меларди 4,5-м щIигъу хуаутIыпщащ илъэсищ - илъэсибл ныбжьхэм ит сабийхэм (ахъшэр яIэрыхьащ а ныбжьым къриубыдэ цIыкIу мин 63-м).
Япэ сабий къызыхэхъуа унагъуэхэм мазэ къэс защIэгъэкъуэным хуау­тIып­щащ сом мелард 1,2-рэ.
ЕтIуанэ, абы къыкIэлъыкIуэ сабийхэм папщIэ унагъуэхэм иратащ сом мелуан 265-рэ.
Ди республикэ законодательствэм ипкъ иткIэ республикэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 265-кIэ зы­щIагъэкъуащ сабий куэд щапI уна­гъуэхэм.
Илъэсищ иримыкъуа дэтхэнэ сабийми мазэ къэс сом минитху хуэзэу иратащ сом мелуан 514-рэ (сабий 34.800-м);
Илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэс­ 16 ныбжьым хиубыдэхэм сом мин тIощI-тIощI зэ тыгъуэу иратащ (сом мин пщIырыпщIурэ тIэунейрэ) - абы сом меларди 3,4-рэ текIуэдащ (сабий мини 186-м япэIэбащ).
Президентым «илъэсыщIэм ипэ ­къихуэ» и унафэм ипкъ иткIэ къалъ­хуагъащIэхэм къыщыщIэдзауэ илъэсибл ныбжьым къриубыдэхэм сом мин тхурытху яIэрыхьакIэщ, псори зэхэту сом мелуан 480-рэ текIуадэу (сабий мин 91-рэ ягъэгуфIащ).
КуэдкIэ хэхъуащ зэрылэжьапIэн­шэм къыхэкIыу цIыхухэм зэрадэIэ­пыкъу ахъшэми.
Къэралым щыяпэхэм ящыщу Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щIидзащ республикэ бюджетым щыщ ахъшэкIэ лэжьапIэншэхэм защIэгъэкъуэным хуэунэтIа Iуэхум. Апхуэдэ ахъшэхэр яIэрыхьащ цIыху 14900-м, 2020 гъэм и гъатхэпэм и 1 - мэлыжьыхьым и 30 пIалъэм къриубыдэу IэнатIэншэу ­къа­лъытахэм, зэрылэжьапIэншэм щхьэ­кIэ ахъшэ нэхъ мащIэ дыдэ зрату щытахэм. Абыхэм зэ тыгъуэу сом мин тхурытху яIэрыхьащ, псори зэхэту сом мелуан 75,2-рэ трагъэкIуадэу. Абы къикIыращи, республикэ бюд­жетым къыхэкIыу а цIыхухэм сом ­  мин тхурытху хущIагъуащ. ЗэрыIэнатIэншэм щхьэкIэ цIыхум нэхъ мащIэ дыдэу ират ахъшэм иужькIэ хагъэ­хъуауэ щытащ къэрал унафэкIэ.
ЛэжьапIэншэхэм хухах социальнэ ахъшэу псори зэхэту мы илъэсым сом меларди 2-м щIигъу ятащ. Гъэ кIуа­хэм ар илъэсым хуэзэу сом мелуан 300 хуэдиз хъууэ щытауэ аращ, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, дэIэпыкъуныгъэм хуэди 7-кIэ хэхъуащ.
Апхуэдэуи республикэм и Прави­тельствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу хуэмыщIауэ псэухэм мы гъэм зыщIагъэкъуащ сом мелуан 12,5-кIэ (ахъшэр яIэрыхьащ цIыхуи 100-м щIигъум).
Псори зэхэту 2020 гъэм цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъуным трагъэкIуэдащ сом мелард 15-м щIигъу, ар хуэдиплIым нэскIэ ­нэхъыбэщ илъэс кIуам а Iуэхум ­ху­хахауэ щытам нэхърэ. Абы щыщу сом мелард 1,7-р республикэ бюджетым къыхахащ.
МылъкукIэ цIыхухэм зэрызащIэдгъэкъуам къыдэкIуэу, абыхэм икъукIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуэхъуащ нэхъ хуэныкъуэхэм ерыскъыпхъэхэр зэры­хуашари. Зи ныбжьыр илъэс 65-м щIигъуахэмрэ щытыкIэ гугъу къиху­тахэмрэ ерыскъыпхъэ зэмылIэужьы­гъуэхэр зэрылъ хъуржын мин 30-м щIигъу хуашащ, «Дэ дызэщIыгъущ» Урысейпсо акцэм хыхьэу. Апхуэдэ   дэ­Iэпыкъуныгъэ мин 45-м щIигъу ягуэшащ ди хьэрычэтыщIэхэм. Мыбдежым къыщыхэзгъэщыну сыхуейт мылъкушхуэ зыбгъэдэлъхэри, хьэ­рычэт IэнатIэ мыинымрэ курытым-   рэ хэтхэри, зи щхьэ хуэлэжьэжхэри, цIыху къызэрыгуэкIхэри а Iуэхум жы­джэру зэрыхэтар.
Ди волонтёрхэм, хьэрычэтыщIэхэм фIыщIэ яхузощI псапащIэ Iуэхухэр зэрырагъэкIуэкIым, дэхуэхахэм защIэгъэкъуэным зэрымыхуэгунэфым папщIэ. СощIэ а лэжьыгъэм Парламентым и депутат куэди зэрыхэтар. ФIыщIэ фхузощI.
Медицинэ IэнатIэ Iутхэм ятещIа ­гугъуехьхэм хуэдэ зыхащIащ соци-аль­нэ лэжьакIуэхэми. Ар къэлъыта-уэ, социальнэ IуэхущIапIэхэм я лэ­жьа­кIуэхэу жэщ-махуэ ямыIэу я IэнатIэхэм пэрытахэм я лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэ ахъшэхэр иратащ, псори зэхэту сом мелуан 63,8-рэ хъууэ.
Ныбжьэгъухэ, щхьэхуэу къыхэзгъэ­щыну сыхуейщ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэм ебэныным теухуауэ республикэ бюджетым къалэну иIахэр гъэзэщIэным мы гъэм сом меларди 3,2-рэ зэрытрагъэкIуэдар, абы щыщу къэрал бюджетым къиутIыпщащ сом мелардитIым щIигъу, сом зы мелардыр республикэ бюджетым къы­хэкIащ.
Дэ, дауи, тщIэрт узыфэ зэрыцIалэм зэрызиубгъур республикэм и экономикэм зэрегуэуэнур. Мыбдежым мы­хьэнэшхуэ яIащ депутатхэм. Мардэ актхэр гъэхьэзырыным теухуа лэ­жьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Парламентым, абы и фIыгъэкIи дэ и чэзум защIэдгъэкъуэфащ хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ. Дызэрыт илъэ­сым и мэлыжьыхьым къыщы­щIэдзауэ щэкIуэгъуэ пщIондэ республикэ бюджетым къыхэкI мылъку­кIэ зыщIагъэкъуащ хьэрычэт Iэ­натIэ мыинымрэ курытымрэ хыхьэ IуэхущIапIэхэу пандемием и зэманым хэ­щIыныгъэ нэхъыбэ зыгъуэтахэм - абыхэм субсидиеу сом мелуан 21,3-рэ иратащ. Къэрал бюджетым къы­хэкI апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ ­папщIэу иратащ сом мелуан 231,6-рэ. Псори зэхэту сом мелуан 252,9-рэ. НалогкIэ худачыхащ (налог ставкэхэр хуагъэмащIэу, ар ирамыгъэту, ахъ­шэр­ щатын хуей пIалъэр хуагъэIэп­хъуэу)   хьэ­рычэт IуэхущIапIэ мыинрэ ку­рыт-рэ зыгъэлажьэу минийм, псори зэхэ-ту абыхэм сом мелуани 126,6-кIэ зы­щIагъэкъуащ.
Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу щытащ ­IэмалыншагъэкIэ ягъэува мардэхэм иту Iуэхухэр дэгъэкIынымрэ эконо­микэм зэпIэзэрыту зегъэужьынымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэхэр зэдегъэкIуэ­кIыныр.
КъызэтемыувыIэу лэжьащ респуб­ликэм и экономикэм дежкIэ мы­хьэ­нэшхуэ зиIэ IэнатIэхэу мэкъумэш хозяйствэр, промышленностыр, ухуэ­ныгъэр. Мы илъэсым къыдэкIуа ­гу­гъуехь псом щхьэкIи къэмынэу, властым и органхэм я лэжьыгъэр зэтеухуа хъуащ пандемием къишэ ­гугъуехьхэр зэфIэгъэкIыным хуэгъэп­сауэ икIи абы къыдэкIуэу социаль­- но-экономикэ IэнатIэм ущIэгузэвэн зэфIэмыхьэныгъэхэр къыщыхъуа­къым, унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм за­у­жьыныр къызэпыуда хъуакъым.
Валовэ щIыналъэ продуктым (ВРП) 2020 гъэм хуэзэр сом меларди 154,8-рэ хъуну къалъытэ, е 2019 гъэм еб­гъапщэмэ, проценти 101,5-м нэсыну.
Промышленностым къыщIигъэ­кIыр проценти 110,3-рэ хъунущ. ­Мэ­къумэш IэнатIэм къыщыщIагъэ­кIыр, зэкIэ къызэралъытамкIэ, про­центи 105,9-м нэсынущ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр илъэс кIуам къай­хъулIам и проценти 101-рэ хъунущ.
Зэи къэмыхъуауэ лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ гъуэгухэр ухуэным. Объекти 103-м елэжьащ, абыхэм ящыщу 93-р щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгуу, 10-р Налшык къалэм и уэ-рам гъуэгухэу. «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мардэм изагъэу илъэсым и кIэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIа лэжьыгъэм хуэзащ сом меларди 2,1-рэ.
КъэкIуэну зэманым и гугъу щыт­щIкIэ сабийхэм датопсэлъыхь. Абы­хэм папщIэ дэ тщIэнущ ахэр зыхуейм нэхърэ нэхъыбэ. Нобэ ар тхузэфIокI. 2020 гъэ къудейм духуащ ныбжьы-щIэ 750-рэ зыщIэхуэну курыт школитI, зи ныбжьыр школ кIуэгъуэм иджыри нэмыса цIыкIу минитIым щакIэлъыплъыну IуэхущIапIэ 31-рэ, физкультурэ-узыншагъэр щрагъэ­фIа­кIуэ комплексу 4, джэгукIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм хуэщIа щIыпIэ 25-рэ. 
Ику иту цIыхухэм къахь улахуэм ­теухуа Iуэхум утепсэлъыхьыныр ­тын­ш­­къым. Абы сыт щыгъуи зэ­пэ­щIэ­уэныгъэхэр къыхокI. Сэ сыхуейт республикэм щыпсэухэм зэхащIыкIыну мыбдежым зи гугъу щытщIыр. Ар ­статистикэщ. Пэжщ, дэ псоми дощIэ медицинэ лэжьакIуэ нэхъыщIэ жы­хуэтIэхэр ставкэ ныкъуэкIэ е зы став­кэкIэ зэрылажьэр, абыхэм я улахуэм ехьэлIа бжыгъэхэр куэдкIэ зэрынэхъ мащIэр. Ауэ дэ зи гугъу тщIыр ику ит статистикэ бжыгъэхэрщ. ЗэкIэ къы­зэратамкIэ, 2020 гъэм улахуэр ику иту сом 29390-рэ хъунущ икIи ар илъэс кIуам щыIам елъытауэ проценти 7-кIэ нэхъыбэнущ. Уасэхэм зэрыхэхъуар къэплъытэми, лэжьапщIэр проценти 3,2-кIэ хэхъуэнущ.
2020 гъэм и бюджет зэхэтыр, зэкIэ къызэралъытэмкIэ, сом мелард ­55,2-рэ хъунущ. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ 2018 гъэм и кIэм ар сом мелард 34-рэ фIэкIа зэрымыхъуар. Мыбдежми, нэхъ гурыIуэгъуэ хъун ­папщIэ - а ахъшэр проектышхуэхэр пхыгъэкIыным текIуэдауэ аракъым. Ар социальнэ къалэнхэр гъэзэщIэ­ным къыхуагъэсэбэпащ, икIи а къалэнхэр ягъэзэщIащ, ахъшэр Урысей Федерацэм и цIыхухэм хухахащ. Ди бюджетыр къапщтэмэ, а мылъкур Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм трагъэкIуэдащ, абыхэм зыщIагъэ­къуащ. А мылъкур экономикэм халъ­хьауэ аращ.
Нобэ фэ бюджетым фыхэплъащ, КъБР-м и Правительствэм къыхилъ­хьа жэрдэмхэр дэфIыгъащ, сом мелард хуэдиз зэрыхущыщIэнур абы къы­щыгъэлъэгъуа пэтми. Ди лэ­жьэгъу­хэ, жысIэну сыхуейщ фэ Iэ­щIагъэлI нэсу фызэрыщытыр икIи Iуэхур зыIутыр къызэрывгурыIуэр, ауэ псоми зэхащIыкIын папщIэ жыс­Iэнщи, ар сом зы мелард зыщIыпIэ деж ­щытхэщIу аракъым. А зы мелардым щыщу сом мелуан 870-р тед­гъэкIуэ­дэнущ къэрал щIыхуэхэр пшы­ны­жыным. ФщIэжу щытмэ, 2018 гъэм ар сом мелард 12 хъууэ щытащ. 2020 гъэр доух щIыхуэу меларди 8 фIэкIа ттемылъыжу. Дэ ФинансхэмкIэ министерствэм худиIэ зэгурыIуэныгъэ псори догъэзащIэ, псоми дыпхокI. Сэ шэч къытесхьэркъым ди Правитель­-с­твэр фIыуэ зэрылэжьам икIи дэ 2021 гъэми а къэрал щIыхуэм хэдгъэ­хъуэнкъым.
Ди лэжьэгъухэ, сыт хуэдэ гугъуехь дыIумыуами, дэ ди къалэнщ къэкIуэнум дегупсысыну.
Нэхъыщхьэу къыхэзгъэщыну сы­зы­хуейращи, гугъуехьхэм дапэлъэщын щIытхузэфIэкIар жылагъуэр зэкъуэтщи аращ. Ар властымрэ жыла­гъуэмрэ, жылагъуэмрэ хьэрычэт IэнатIэмрэ я зэкъуэтыныгъэщ. Сэ шэч къытесхьэркъым, дэ дызэгъусэху, ды­зэкъуэтыху, ди гъуэгум дызыщы­Iууэ сыт хуэдэ лъэпощхьэпори къы­зэрызэднэкIыфынум. Сэ сыхуейщ псори дызэдегугъуу ди цIыхубэм я фIэщ тщIыну адэкIэ нэхъыфIыжу дызэрыпсэунур.
Жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр шэч къызытумыхьэжын фIыгъуэщ. Зэ­къуэтыныгъэм Iэмал къыдитащ мы илъэсым и гугъуехьхэр къызэднэкIы­нымкIэ, къэкIуэну зэманым и ехъу­лIэныгъэхэм я лъабжьэу щытынури аращ.
Ди къалэныр зыужьыныгъэр щIэдгъэхуэбжьэнырщ, ар щIэужьыхэныр, и пIэм иуджыхьыныр, жылагъуэм щы­Iэ щытыкIэр екIэкIуэныр, «ды­пэп­лъэнщ» щытыкIэм иувэныр къэдгъэхъункIэ Iэмал иIэкъым.
Жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, абы и жыджэрагъым хэгъэхъуэнымкIэ, гъащIэм зэреплъыр унэтIынымкIэ, цIыхубэмрэ къэрал властым и органхэмрэ яку зэпыщIэныгъэ быдэ дэлъынымкIэ къалэнышхуэ ягъэзащIэ депутатхэм.
ДызыхуэкIуэ илъэсипщIым дыIууэнкIэ хъунущ гъэунэхупIэ зыбжа­-нэм, абыхэм яхэтынущ мардэ гуэрхэм дизыгъэувэхэри зыдужьынымкIэ IэмалыщIэхэр къыдэзытынухэри: демографие и лъэныкъуэкIэ дызытегузэвыхьынухэри, дунейпсо, урысей экономикэхэм къыщыхъуну зэхъуэ­кIыныгъэхэри.
«Ковидым иужькIэ» дунейр нэ­гъуэщIу къыщIидзынущ. Мыхьэ­нэш­хуэ иIэщ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэ­дэнур къэлъагъуным, абыхэм тэмэму хэзэгъэным.
ИкъукIэ къэпщытэныгъэшхуэу щы­тынущ технологием ехьэлIар. Дэ абы жэуапу еттын хуейр бжыгъэр зи лъабжьэ, щIэм тет Iэмалхэм дазэрыхуэ­кIуэнурщ. ГъэунэхупIэу щытынущ цIыхур псэун папщIэ тыншыпIэ псори иIэнымрэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ хуэунэтIа Iуэхухэр, щIыуэпсым ехьэлIа гугъуехьхэри ­къыкъуэкIынущ. Къалэн нэхъыщхьэу мыбдежым щытынур социальнэ захуагъэ щыIэнырщ, тхьэмыщкIагъэм хэту псэухэм ятелъ гугъуехьхэр гъэ­мэщIэнырщ.
Урысейм и зыужьыныгъэм ехьэлIа мурадхэр Президентым иубзыхуащ икIи Къэрал Советым и зэIущIэм наIуэ къыщищIащ: цIыхухэр, абыхэм я узыншагъэмрэ зэIузэпэщ псэу­кIэмрэ хъумэныр; дэтхэнэми зыхуэ­IэкIуэлъакIуэр, и зэчийр наIуэ къи­щIынымкIэ Iэмал етыныр; цIыхур псэун папщIэ сыткIи зыхуей хуэзэу, шынагъуэншэу щытыныр; лэжьыгъэфI иIэнымрэ фейдэ къызыпэкIуэ хьэрычэт IэнатIэрэ игъуэтыныр; бжыгъэм ехьэлIа зэхъуэкIыныгъэхэр къэгъэщхьэпэныр.
ЗэрытлъагъумкIэ, къэралым уна-фэ хуэщIын IэнатIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэкIэлъэкIуэу щокIуэкI.
Унафэ къащтэнымкIэ я хуитыныгъэхэм къазэрыхэхъуэм къыдэкIуэу жэуаплыныгъэшхуи я пщэ къыдэхуэнущ щIыналъэхэм щыIэ къулыкъущIапIэхэм. А Iэмалхэр тэмэму, нэсу къагъэсэбэпыфуи щытын хуейщ, мыбдежми мыхьэнэшхуэ иIэнущ республикэм и Парламентми.
Мы гъэм, мардэ пыухыкIахэм ды­щытет зэманым, Парламентым хузэ­фIэкIащ шэщIауэ лэжьэну, щытыкIэм и нэIэ тетрэ къэув къалэныщIэхэм и чэзум унафэ трищIыхьыну.
Депутатхэм псынщIэу къащтащ Правительствэм къыхилъхьа мардэ-хабзэ, законубзыху актхэр, экономикэр лэжьэным, бизнесым, сабий зиIэ унагъуэхэм, пенсионерхэм, социаль­нэ хьэлъэр нэхъ зытещIэ цIыхухэм защIэгъэкъуэным хуэгъэпсахэр. ФIы­щIэ фхузощI фи лэжьыгъэм папщIэ.
АдэкIи дылэжьэнщ, псынщIэу, зэ­пэлъытауэ унафэхэр къатщтэу, ды­зыхуей лъагапIэхэм дылъэIэсу».
КъБР-м и Парламентым и Уна-фэщI Егоровэ Татьянэ республикэм и Iэтащхьэм депутат псоми къабгъэдэкIыу фIыщIэ хуищIащ респуб­ликэр коронавирус узыфэ зэрыцIа- лэ лIэужьы­гъуэщIэм щыпэщIэт зэма­ным хабзэубзыху органым иригъэ­кIуэкIа лэ­жьыгъэм пщIэ зэрыхуи­щIам папщIэ.
ЗэIущIэм и кIэухым республикэм и Iэтащхьэр КъБР-м и Парламентым и депутатхэм ехъуэхъуащ къэблэгъа ИлъэсыщIэмкIэ, гъэ къакIуэми ехъу­лIэныгъэхэр яIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуэ­лэжьэну зэригуапэр къыхигъэщу.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.