Налшык и скульптурэ телъыджэри хохьэ

Гъуэгу тетхэмрэ зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэмрэ я Туту.ру сервисым ирегъэкIуэкI къэралым и фэеплъ, скульптурэ нэхъ телъыджэхэр къэгъэлъэгъуэным теухуа «скульпТУТУры» зэпеуэм и ебгъуанэ Iыхьэр.
IыхьипщIу зэхэт зэхьэзэхуэм дэтхэнэми фэеплърэ скульптурэу 10 щагъэлъагъуэ. Зэпеуэм и IэIэтым цIыху мини 155-м щIигъу хэтащ икIи абы фэеплърэ скульптурэу 8 къыщыхахакIэщ. Ебгъуанэ Iыхьэм я зэфIэкI щеплъыжыну зэхьэзэхуэм хыхьащ Краснодар крайр («Конь в пальто» - Сочэ къалэ, «Кошелёк» - Краснодар къалэ), Къэбэрдей-Балъкъэрыр («Вагъуэхэм я мывэ» - Налшык къалэ), Адыгейр («Туфелька Золушки» - Мейкъуапэ къалэ), Къэрэшей-Шэрджэсыр («Медведица и медвежёнок» - Архъыз Ищхъэрэ къуажэ), Осетие Ищхъэрэ - Аланиер («Мальчик с камерой» - Владикавказ къалэ), Ингушетиер («Анэм и фэеплъ» - Магас къалэ), Дагъыстэныр («Скульптура аула из пня» - Мэхъэчкъалэ), Къалмыкъыр («Золотая Корона «Йорял» - Элиста къалэ), Шэшэныр («Грозный - центр мира» - Грознэ къалэ).
Зэпеуэм и ебгъуанэ, епщIанэ Iыхьэхэм къарикIуэнур илъэсым и кIэм зэхалъхьэжынущ. Урысейм и скульптурэ нэхъ телъыджэр щагъэнэIуэнущ 2021 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэкIуэкIыну урысейпсо IэIэтым. Гукъыдэж зиIэхэм Iэмал яIэщ зэхьэзэхуэм хэтыну, «ВКонтакте» сайтым и Туту.ру зэгухьэныгъэм нэхъ дэзыхьэх скульптурэр IэIэткIэ къыщигъэлъэгъуэну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)