НУРМАГОМЕДОВЭ Ларисэ Казымагомед и пхъур

ГущIыхьэ тщыхъуауэ хъыбар фыдогъащIэ сурэтыщI зэчиифIэ Нурмагомедовэ Ларисэ Казымагомед и пхъур дунейм зэрехыжамкIэ.
Курыт еджапIэм щIэсу Ларисэ кIуэн щIидзат Ткаченкэ Андрей Лука и къуэм ныбжьыщIэхэр сурэт щIыным щыхуигъасэ студием. Абы екIуалIэу щыта дэтхэнэми гъуазджэр гурэ псэкIэ зыхищIэу иригъэсащ егъэджакIуэ щыпкъэм.
Курыт школыр 1971 гъэм къиухри, Ларисэ щIэтIысхьащ Москва дэт технологие институтым щэкIхэмрэ абыхэм къыхэщIыкIахэмрэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зэрыхалъхьэ щIыкIэм щыхурагъаджэ и факультетым. ЕджапIэ нэхъыщхьэр 1976 гъэм къиухыу Налшык къигъэзэжа нэужь абы жыджэру лэжьэн щIидзащ. 1980 гъэм Нурмагомедовэр Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ.
ЩэкIым тхыпхъэхэр хэлъхьэным, сурэт тещIыхьыным Нурмагомедовэм хуэдэу хуэIэзэ куэд исакъым республикэм. Абы и лэжьыгъэхэм лъабжьэ яхуищIащ лъэпкъым и дамыгъэхэр, цIыхум игъащIэ лъандэрэ къыдекIуэкI хабзэхэр. Ар и IэщIагъэм апхуэдизкIэ хуэIэзэти, сыт хуэдэ лэжьыгъэми зрипщытыфырт, и гур, и псэр зыгъэгуфIэ, къызэщIэзыIэтэ гурыщIэхэр абы Iэзэу тригъэзагъэрт сурэтыр зытрищIыхьым. Еплъхэм яфIэтелъыджэу, дэбгъуэн щымыIэуи дахэ хъурт и IэдакъэщIэкIхэр. ЩэкIым и закъуэтэкъым абы и зэфIэкIыр щигъэлъагъуэр: чэтэным абы трищIыхьырт езым и псэм хэлъ къурш уардэхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэм я зэмылIэужьыгъуагъри, удз гъагъэхэм я гуакIуагъри дахэу ди нэгу къыщIигъэувэфырт. Абы гъащIэр фIыуэ илъагъурт - сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи, ихъуреягъкIэ щыIэ дахагъэр зыхищIэрти, абыкIи цIыхухэм ядэгуашэрт.
Нурмагомедовэ Ларисэ республикэ, щIыналъэ, урысейпсо выставкэхэм хэтащ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Сирием, Иорданием, Японием, Югославием. Ларисэ и лэжьыгъэ куэд хагъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым сурэт гъуазджэхэмкIэ и музейм, Ткаченкэ А. Л. и цIэр зезыхьэм, и фондым.
СурэтыщI зэчиифIэ, цIыху гуапэу дунейм тета Нурмагомедовэ Ларисэ и фэеплъ нэхур игъащIэкIэ дигу илъынщ. Абы и унагъуэм, и Iыхьлыхэм дахуогузавэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр, «Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэ» ВТОО-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.