УафэщIхэм зрапщыт

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм 2024 гъэм хьэр­шым яутIыпщынущ Мазэм щрагъэ­тIысэхыну зыхуамурад кхъухьлъатэр.
А къэралым и щIэныгъэлIхэри ящыщщ космосым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэ­щIым и щIыIумрэ абы и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм. КъищынэмыщIауэ, а хэгъэгум и ­астрофизикхэм я мурадщ «Рашид» зы­фIаща Iэмэпсымэр илъэсищ нэхъ дэмыкIыу Мазэм и гущIыIум щрагъэпсы­хыну.
- Мазэм и щIы щхьэфэр зыхуэдэр къэпщытэным и мызакъуэу, дыублэ зе­кIуэм дыщогугъ лъэхъэнэ жыжьэ ды­зыхуэкIуэхэм Марсым щыдухуэну ди мурад къуажэ цIыкIум ди астронавтхэр щыпсэуфынымкIэ щыIэ Iэмалхэм щыгъуа­зэ захуэщIынри, - жиIащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм Хьэршыр джынымкIэ и центрым и щIэныгъэлI Аль Рейс Аднан.
Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я астрофизикхэм хьэршыр джын зэрыщIадзэрэ илъэс 20 зэрыримыкъупар къэтлъытэмэ, дымыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал зимыIэщ я уэгурыкIуэ Iэмэпсымэр Мазэм нашэсыну зэрытегушхуари. АтIэми, дэ дыщы­гъуа­зэщ а къэралым и щIэныгъэрылажьэхэм, уафэщIхэм зрапщытын ипэ къихуэу, гъу­нэгъу хьэршым япэ лъэбакъуэхэр зэрыщачами: ЩIы Хъурейм кIэлъыплъ спутник зыбжанэ уэгум зэрыраутIыпщхьам, ди планетэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхь къэрал зэхуаку станцым ягъакIуэхэм я ­астронавтхэри зэрыхагъэхьам, нэгъуэщI­хэми.
Мазэр щIагъэнэхъапэр
ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, ­къанэ щIагъуэ щымыIэу, къэрал псоми я астрофизикхэм къагурыIуащ, я IэщIагъэлI­хэри ахэр зрагъэтIысхьэну я кхъухьлъатэхэри Марсым хуаутIыпщын ипэ къихуэу, а псоми я гъэунэхупIэрэ я зэхэгъэкIыпIэу куэдкIэ нэхъ къытпэгъунэгъу Мазэр къагъэсэбэпмэ зэрынэхъыфIыр.
- Ар дэри къыдгурыIуауэ, зи гугъу тщIы проектым епха щIэныгъэлIхэр мы зэманым нэхъыбэу зи яужь дитыр ди къэралым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, хэкум и иджырей Iэтащхьэм и адэ Рашид Аль Мактум и цIэр зыфIэтща мазэрыкIуэ ­кхъухьлъатэр, хьэршым дутIыпщынымкIэ зыхуэныкъуэ щымыIэу, зыхуей хуэгъэзэ­нырщ, - къыхигъэщащ проектым и унафэщI Аль Марзуки Хьэмид.
Ауэ щыхъукIи, хьэрып щIэныгъэлIхэм я мурадщ, нэгъуэщI къэралхэм я роботхэр иджыри къыздэсым здынэмысахэм ящыщу Мазэм и курыхым (и экваторым) декIуэкI Iэшэлъашэхэм языхэзым я Iэмэпсымэр 2024 гъэм яутIыпщыну…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.