Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэ

Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ СОБР-м и къудамэмрэ Урысей ­гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ я лэжьакIуэхэм дзэм хэ­тахэр, хабзэхъумэ IэнатIэ зезыхьахэр, унафэщI къулыкъу бгъэдэтахэр, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр я гъусэу, Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и махуэр щагъэлъапIэ зэ­хуэсым хэтащ.
Урысей гвардием къулыкъу щы­зыщIэхэр Налшык зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и щIыхькIэ дэт фэеплъым деж щызэхэтащ, Хэку зауэшхуэм хэ­кIуэдахэр ягу къагъэкIыжу. Щыму зы дакъикъэкIэ щыта нэужь, абыхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ «Мыу­жьы­хы­жын мафIэ» мемориалым.
«Зи цIэр ямыщIэ цIыхуу мелуани­тхум щIигъу къинащ а зауэ шына­гъуэм и губгъуэм. Зы махуэ къэмы­-нэу къэралым щокIуэкI ахэр къа­гъуэтыжу, я цIэхэр къащIэу, зыхуей хуэзауэ зэрыщIалъхьэжыным хуэгъэпса лэжьыгъэхэр. Нобэ я цIэхэр дымыщIэу щытми, абыхэм зэрахьа лIыгъэр мыкIуэдыжынщ», - жиIащ зи цIэр ямыщIэ сэлэтым теухуа зэхуэ­сым къыщыпсэлъа, Кавказ Ищхъэ­рэм щыIэ СОБР-м и къудамэм и лэжьакIуэ, полицэм и майор Ш. Аслъэн.

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ