КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэта «муниципальнэ сыхьэтыр»

КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету дыгъэгъазэм и 2-м епсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэ­хэм, къалэ округхэм я админист­рацэхэм я унафэщIхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ М. М., ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и ­министр Бэрбэч А. Хь., КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйст­вэмкIэ и министр ДыщэкI А. З.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ­рес­публикэм и муниципальнэ щIы­налъэхэмрэ къалэ округхэмрэ ­щрагъэкIуэкI ухуэныгъэхэр и кIэм нагъэсу лажьэу утIыпщыным ехьэ­лIа Iуэхухэм, апхуэдэуи лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум.
ЗэIущIэм хэтхэм захуигъазэри, КIуэкIуэ Казбек жиIащ ухуэныгъэхэр и чэзум зэфIэгъэкIыным, лэжьыгъэхэм я фIагъым набдзэнубдзаплъэу кIэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
ЩIыналъэм и УнафэщIым къыхигъэщащ илъэс дызэрытым лэ­жьыгъэ куэд зэрызэфIагъэкIар. Республикэм Ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэр и закъуэ ухуэныгъэщIэу 50-м елэжьащ. Щэнхабзэм и IуэхущIапIэ 19 сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ. Гъуэгу хозяйствэм и объекту 100-м щIигъум елэжьащ.
Абы къыдэкIуэу, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ К. В., и кIэм намы­гъэса къалэнхэри щыIэщ, абыхэм еужьэрэкIын хуейщ, къыкъуэкI ­лъэпощхьэпохэр псынщIэу лъэ­ныкъуэ егъэзауэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэгъэсыпхъэщ. ЗэгурыIуэныгъэ зра­щIылIа IуэхущIапIэхэу контрактхэм къыщыгъэлъэгъуа фIагъ­хэм зи лэжьэкIэхэр хуэмыкIуэхэр, и чэзум объектхэр зымытхэр жэуа­пым ешэлIэн хуейщ икIи апхуэдэхэм дзыхь яхуэпщIу ухуэныгъэм ебгъэувалIэ зэрымыхъунур хэIущIыIу щIыпхъэщ.
КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу ­хозяйствэмкIэ и министерствэм къы­зэритамкIэ, «Фагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шынагъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 1-м ирихьэлIэу Iуэху 93-рэ зэфIагъэкIащ - къыхуагъэув мардэхэм изагъэу зыхуей хуагъэзащ автомобиль зе­кIуапIэ гъуэгуу километри 103-рэ, абыхэм асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тралъхьащ, гъуэгухэм ящыщу километр 22-м хуэдизым я Iуфэхэм ­уэздыгъэхэр щыфIадзащ, гъуэгу километриплIым ябгъухэм къэухь­хэр Iуагъэуващ, лъэпкъ мардэщIэм изагъэу лъэс зэпрыкIыпIэ 50 зэ­Iу­зэпэщ ящIащ, абыхэм деж Т-7 лIэу­жьыгъуэм хуэдэ светофорхэр щыфIалъхьащ.
Илъэсым и кIэ пщIондэ къэнэжа зэманым гъуэгу километр 18-м щагъэувынущ ахэр къызэрагъэнэхуну пкъохэр, лъэсу къэзыкIухьхэм пап­щIэ зэпрыкIыпIэ 88-рэ зэIузэпэщ ящIынущ, апхуэдэуи Бахъсэн къа­лэ округым зы светофор щыфIадзэнущ. Абы Iэмал къитынущ щIы­налъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль ­гъуэгуу километр 40-м нэблагъэ ­къагъэнэхунымкIэ, лъэпкъ мардэ­щIэхэм изагъэу лъэс зэпрыкIыпIи 138-рэ зыхуей хуэгъэзэнымкIэ.
Апхуэдэуи зэфIагъэкIа лэжьыгъэ­хэм ящыщщ Тегенекли, Бахъсэн Ипщэ, Псы хущхъуэхэм я ауз жы­лэхэм я лъэмыжхэу 2018 гъэм къе­-ха псыдзэмрэ ятIэмрэ трахахэр зэрытралъхьэжар, ахэр псори зэ­хэту метр 80-м щIегъу.
КъБР-м и щIыналъэ гъуэгу фондым щыщу муниципальнэ зэгу­хьэ­ныгъэхэм 2020 гъэм субсидиеу ­хуаутIыпщащ сом мелуан 300-м щIигъу. Муниципалитетиблым ахъ­шэ псори зыхухахэм къыхуагъэсэ­бэпащ, адрей тхум лэжьыгъэхр иджыри щокIуэкI.
2024 гъэ пщIондэ илъэс къэс ­ирагъэкIуэкIыну я мурад лэжьыгъэхэр яубзыхуащ. «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу шына­гъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу 2021 гъэм ирагъэкIуэкIыну ухуэныгъэхэм ирахьэлIэнухэр къащэхуащ.
Лъэпкъ проектхэр республикэм зэрыщагъэзащIэм теухуауэ къэп­сэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Премье-министр Мусуков Алий.
КъБР-м и Правительствэм къызэ­ритамкIэ, лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэм я процент 79-рэ хуэдиз щIыналъэм щызэфIагъэкIащ. Ар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ адрей щIыналъэхэм ящIахэм нэхърэ нэхъыбэщ. (Зэры-Урысейуэ къапщтэмэ, псори зэхэту лъэпкъ проектхэр ику иту процент 69,2-кIэ, КИФЩI-м - 66,9-кIэ щагъэзэщIауэ аращ).
Къапщтэмэ, республикэм и щIыналъэ 13-м щыщу 11-м щызэфIагъэкIащ «Ущыпсэуну тынш къалэ» проектым щыубзыхуахэр, «Спортыр ди псэукIэм и мардэщ» щIыналъэ проектым хэт районипщIым щыщу хым абы ехьэлIа лэжьыгъэхэр щаухащ. «ПсэупIэ» лъэпкъ проектыр процент 99-кIэ гъэзэщIа хъуащ. «Дэтхэнэ зы сабийми и ехъулIэныгъэр» проектым ипкъ иткIэ зэфIахын хуей Iуэхухэр 2020 гъэм и фокIадэм и кIэм нагъэсакIэт. Адрей проектхэм хыхьэ лэжьыгъэхэри ­мыгувэу яухынущ.
«Муниципальнэ сыхьэтым» хы­хьэу апхуэдэу хэплъащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм земыгъэубгъу­ным хуэунэтIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ щытыкIэр зы­хуэдэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.